Заурбэч и IэдакъэщIэкI телъыджэхэрСурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ «Древо жизни» зи фIэщыгъэ, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, гъуазджэхэмкIэ Европей академием и академик, график цIэрыIуэ Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и лэжьыгъэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ сурэтыщIым и ныбжьыр нэгъабэ илъэс 80 зэрырикъуам и щIыхькIэ. - Мы гъэлъэгъуэныгъэм куэдрэ дыпэплъащ. Апхуэдэу, мыбы къыпызыщэу сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр утыку къыщрахьащ Лъэпкъ музей-ми. КъыжыIапхъэщ, Москварэ КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ я къэрал музей Москва дэтым Мейкъуапэ къалэм щиIэ и къудамэмрэ ехъулIэныгъэхэр щиIэу нэгъабэ Заурбэч и сурэтхэр зэрыщагъэлъэгъуар, - жиIащ СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм и къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ. - Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и лэжьыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ щэнхабзэм, гъуазджэм, философием я зыужьыны-гъэм хэлъхьэныгъэфI хуэзы-щIа ди цIыхухэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, 60-70-80 гъэхэм абы къыдэгъуэгурыкIуа сурэтыщIхэр дунейм ехыжащ. ЕгъэджакIуэ, полиграфист Iэзэм иджыри и лэжьыгъэ купщIафIэхэм къыпещэ, мы IэщIагъэм хуигъасэхэр и лъагъуэм ирикIуэу, гъуазджэм и цIыхухэр игъэгуфIэу. Гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIрагъэубыдащ Бгъэжьнокъуэм илъэс пщIы бжыгъэкIэрэ и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ телъыджэхэр. «Древо жизни» выставкэр нэхъыбэу зытеухуар адыгэ щэнхабзэ щIэинхэр къызыхэщыж адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэрщ. Абы хагъэхьащ графикэ сурэт 70-м нэблагъэ. Абыхэм щыболъагъу щIыуэпсыр, цIыху цIэрыIуэхэм (Лермонтов Михаил, Шинкубэ Бэгърат, ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ, Нало Заур, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Кулиев Къайсын, Семэн Руслан, Леонтьев Алексей, Арутюнов Сергей), нэгъуэщIхэми я сурэтхэр, тхылъхэр зэригъэдэха лэжьыгъэхэр. КъинэмыщIауэ, пэш щхьэхуэ хухахащ Заурбэч и щIэблэм я лэжьыгъэхэм. АбыкIэ гурыIуэгъуэщ и лъагъуэм ирикIуэ и бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ сурэтыщI гъуэзэджэм, адэм, адэшхуэм и лъэужьыр зэрамыгъэкIуэдыжынур. Бгъэжьнокъуэ Заурбэч Краснодар къалэм и пединститутым графикэмкIэ и факультетымрэ Москва и полиграфие институтымрэ къиухащ. 70 гъэхэм щыщIэдзауэ ар жыджэру хэтащ республикэпсо, урысейпсо, дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм. КъинэмыщIауэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и художественнэ редактору щытащ. КъызэщIэпкъуэжмэ, тхылъ 700-м щIигъу игъэдэхащ. Абыхэм ящыщщ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, Ацкъан Руслан, Мэржэхъу Мухьэмэд (Адыгэ Тенджыз), Лермонтов Михаил, Махъсидэ Толэ, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Къэжэр Хьэмид, Пщыгъусэ Аслъэнбэч, Мечиев Кязим, нэгъуэщIхэми я тхылъхэр, IуэрыIуатэм, гъуазджэм щыщ къыдэкIыгъуэ щхьэхуэхэр. ИгъэщIэрэщIа къыдэкIыгъуэхэм я фIагъыр къалъытэурэ, мызэ-мытIэу тхылъ гъуазджэмкIэ урысейпсо зэпеуэхэм я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ. Ар хуэIэзэщ офорт, литографие, тушь, къэрэндащ жыпIэми, нэгъуэщIхэми. СурэтыщIым нэхъыбэу гукъыдэж къезытыр адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэрщ. «Нартхэр», «Адыгэ уэрэдыжьхэр», «Кавказ зауэм и зэманым къагъэщIа адыгэ уэрэдхэр», «Адыгэ таурыхъхэр», нэгъуэщIхэри зылъэгъуахэм ящIэ зи гугъу тщIым теухуауэ абы и зэфIэкIыр зыхуэдэр. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 15:06 →
Щыуэпсымрэ цIыхумрэ
17.08.2026 - 13:00 →
Уадыгэу упсэуныр тыншкъым
16.08.2026 - 12:26 →
ПсэукIэ жыджэрым хуашэж
16.08.2026 - 11:18 →
Музейхэм ядоIэпыкъу
16.08.2026 - 09:30 →
ГъэщIэгъуэнщ икIи щхьэпэщ
| ||




