Ашэмэз и пшыналъэ

Иджыри зэ Ашэмэз и пшыналъэм дыщIигъ­э­дэIуащ, гъуазджэ нэсыр ди пащхьэ кърихьащ, гра­фикэ лэжьыгъэ купщIафIэхэм ящIэлъ гупсысэ щэхум дыхишащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и цIыхубэ сурэтыщI, ГъуазджэхэмкIэ Европей академием и академик Бгъэжьнокъуэ Заурбэч. СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэм къыпызыщэт КъБР-м и Лъэпкъ музейм а махуэ дыдэм щекIуэкIа зэIущIэ гуапэр.

 
Гъэлъэгъуэныгъэм и фIэщыгъэр («Ашэмэз и пшыналъэ») игъэпэжу, пэшым узэрыщIыхьэу япэу нэм къыIуидзэр нарт хъыбархэм дызыщрихьэлIэ лIыхъужьхэрщ, абыхэм я шыфэлIыфэу Заур­бэч и дуней щхьэхуэм къыщыгъэщIа хъуа теплъэщ. Абыхэм наIуэу уи нэгу къыщIагъэхьэ зэгуэр дызэджа тхыгъэхэр, дадэ-нанэхэм къыджаIэжа хъыбархэр. Иныжь нэ закъуэм Сосрыкъуэ доджэгу, а лIыхъужь дыдэр хохуэ КъуийцIыкIу и хьэ­гъэща­гъэхэм, Сэтэней дахагъэкIи IущыгъэкIи нарт бзылъхугъэхэм къахощ…
ЩIыхьэпIэм и деж дапхъэм тету щыт тхылъымпIэ напэм тет, Гъуазджэр зыджхэм я дунейпсо ассоциацэм къыбгъэдэкIыу Монтане Хуан Луис Бгъэжьнокъуэм и гуащIэм теухуауэ и Iэдакъэм къыщIэкIа, «Бгажноков, композиция, цель. Природа и крылатые существа» зи фIэщыгъэ тхыгъэми къызэрыхэщащи, тлъагъу лэжьыгъэхэм я лъабжьэр пщIыхьым ещхь нэкъыфIэщIу хуэбгъэфащэ хъунущ, абы щыгъуэми акъылымрэ гупсы­сэм­рэ зэщIэжьыуэу къагъэщI, гупсысэ зыщIэлъ Iэ­да­къэщIэкIхэм мэгъу къаруушхуэ яIэщ. Пэж дыдэу, дунейм щыплъагъумрэ ­гугъэмрэ «зэзыгъэпсалъэ» сурэтыщIщ Заурбэч, а «зэдэуэршэр» Iуэхугъуэхэм нэхъ къаруу­фIэм­рэ нэхъ къаруун­шэмрэ пхузэхэмыгъэкIыу тIури щылъэщщ, уи псэм нэхъ къищтэр хэбгъэфIыкIыну ухуиту. 
Дунейм щилъагъуу, и нэгу щыщIэкIыу зыри гулъытэншэу къигъанэркъым Бгъэжьнокъуэм, къигъэнэнкIи Iэмал иIэкъым. Ауэ ахэр къызэригъэлъа­гъуэр и нэгу щIэтыр зэрыщыт дыдэм хуэдэукъым, атIэ и гупсысэ зэридзылIэхэмрэ зэгуэр къы­пэщIэхуа тхыгъэхэм, хъыбархэм абы ехьэлIауэ ­кърата гупсысэхэмрэ къапкърыкIа теплъэ щIа­гъуэщ. Мыдрейуэ абы еплъхэм я акъылри къигъэукъубейм пцIы хэлъкъым, зы щIэщыгъуагъ, зыми емыщхь гуэркIэ гъэбеяуэ. 
Языныкъуэ сурэтхэр нэIурыту, гурыIуэгъуафIэу щытмэ, адрейхэм уагъэгупсысэ, «сыту пIэрэ мыбыкIэ сурэтыщIым жиIэну зыхуеяр?» жыпIэу. Апхуэдэхэм деж, сэ къызэрысщыхъумкIэ, сурэ­ты­щIым и мурадыр къехъулIащ: зы жэуап пыухыкIам ухуишэну хэткъым, еплъыкIэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм я хэкIыпIэу ар зэрыщытыр къыуеIуэкI. Сурэ­тыщIыр, дэтхэнэ зы творческэ цIыхуми хуэдэу, щIэ гуэр лъыхъуэ зэпытщ, пыухыкIауэ мис мы си Iуэху бгъэдыхьэкIэр захуэщ жиIэу зэи иукъуэдийркъым…  
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ музейм и унафэщI Накуэ Феликс. Ар къызэIуихын папщIэ япэу псалъэ иритащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэ­дзэ Тау Ритэ. ИпэкIэ щыIа зэIущIэм щыжиIам къыпищэу, абы къыхигъэщащ адыгэ лъэпкъым и тхыдэр хъума хъун папщIэ Заурбэч лъэкI къызэримыгъанэр, и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ дызэригъэгушхуэр. 
- Илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ нарт эпосым солэжь сэ, апхуэдиз хъуауэ абы сыщыпэрыткIэ зыгуэр къызгурыIуэуи къызолъытэ. Ауэ гъэщIэ­гъуэн­ракъэ, Бгъэжьнокъуэм и лэжьыгъэхэм хызолъагъуэ иджыри къэс сэ къызгурымыIуа, си акъылыр зыхунэмыса гуэрхэр. Ар, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, Заурбэч и художественнэ лъа­гъукIэщ зы жыпхъэ гуэрым пхуимыгъэувэну, зы унафэ гуэр пхущIэмыгъэувэну, ауэ Iэрыхуэу зы­хуейм нигъэсу, - жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым Адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и секторым и щIэныгъэ лэ­жьакIуэ пажэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм. 
- Илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ Бгъэжьно­къуэ Заурбэч сэрэ дызэроцIыху, - къыхигъэщыщ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ. - Адыгэ хабзэм щIапIыкIа, абы фIыуэ хэзыщIыкI цIы­хущ ар икIи согъэщIагъуэ а и щIэныгъэр къу­хьэпIэ, къуэкIыпIэ философиехэм гъэщIэгъуэну зэ­рырипхыфар, зэрызэригъэкIуфар. Дунейм къы­техьэ тхылъхэр гъэщIэрэщIэнми Заур и гуа­щIэшхуэ хэлъщ, тхылъ щэнхабзэм ди щIыналъэм зыщиужьамэ зи фIыщIэри аращ. Ди шынэхъыжьу ди япэ ит ди лэжьэгъум адыгагъэмрэ цIыхугъэмрэ ипэ иригъэщу къогъуэгурыкIуэри, ефIэкIуэну, узын­шэну си гуапэщ.  
Апхуэдэуи къэпсэлъахэщ КъБР-м и Парламентым и депутат Пащты Борис, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик Црым Руслан, хэхэс адыгэхэм ящыщ, Сирием и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Къэбэрдей Аднан, ди республикэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я рескомым и уна­фэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марианнэ сымэ. Абыхэм къыхагъэщащ Бгъэжьнокъуэ Заурбэч еш зэримыщIэр, зэрылэжьакIуэшхуэр, гъуазджэм хуэлажьэу фIэкIа нэгъуэщI зыгуэру абы и гъащIэр уи нэгу къызэрыпхущIэмыгъэхьэр. Ехъуэ­хъуащ и щхьэгъусэ Томэрэ абырэ зэкIэрымыхуу зэдэузыншэну, и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ иджыри куэдрэ дигъэгуфIэну. 
Зы хъыбар гуапэ къыхэгъэщыпхъэщ. Къаныкъуэ­ Жаннэ Бгъэжьнокъуэм иритыжащ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм зэфIэкI зиIэхэм яхуигъэфащэ «Духовность, традиции и мастерст­во» дыщэ медалыр. ХуэфIыну, хуэугъурлыну! 
ЗэIущIэм и кIэухыу псалъэ иратащ езы Заурбэч. Ар тепсэлъыхьащ нарт хъыбархэм хуэдэ зиIэ адыгэ лъэпкъыр зэрыкъулейм, абы хэт лIыхъужь­хэм я теплъэхэри иIэн зэрыхуейм. Щапхъэу къихьащ алыдж, урым, ныбжьышхуэ зиIэ нэгъуэщI мифологиехэми хэт лIыхъужьхэр зэрытцIыхур сурэтыщIхэм ящIу тхыдэм къыхана сурэтхэмкIэу зэ­ры­щытыр. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэгъэ­пэщыным зи гуащIэ хэзылъхьа IуэхущIапIэхэмрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ ящIыгъуу фIыщIэ хуищIащ и унагъуэми. «Си щхьэгъусэм, си щIалэ­хэм, абыхэм я щIэблэм си Iуэхур къыздаIыгъыху, злэжьыр яфIэгъэщIэгъуэныху сылэжьэнущ», - жиIащ Заурбэчи, ахэр зэригъэгушхуэфын зэфIэкIрэ къарурэ щымыщIэну ди гуапэщ.  

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: