Дзэлыкъуэ, Шэрэдж районхэм я лIыкIуэхэр Шэрэдж щIыналъэм щызэIущIащ зэдалэжьахэр къапщытэжыну, адэкIэ я мурадхэр ягъэбелджылыну. Абы къыщапщытэжащ 2025 гъэм къриубыдэу щIыналъитIым яхузэфIэкIахэри.
ЗэIущIэр къызэIуихащ, хьэщIэхэр гуапэу киригъэблэгъащ Шэрэдж районым и администрацэм и унафэщI Кульбаев Алан. РайонитIым я зэхуаку зэпыщIэныгъэ дэлъыныр зи жэрдэм, КъБР-м и Парламентым и депутат Джатэ Руслан тепсэлъыхьащ мыпхуэдэ зэдэлэжьэкIэм кърикIуэм. Абы и гупсысэм пащащ Дзэлыкъуэ районым и администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Дохъушокъуэ Исмэхьил, КъБР-м зэзыгъэкIуж хеящIэхэм я лэжьыгъэр зэтеублэнымкIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Муртаз Борис.
Шэрэдж районым и администрацэм и унафэщIым социальнэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Ефэнды Терезэ къигъэнэIуащ егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным, спортым, жылагъуэ Iуэхухэм теухуауэ зэдалэжьар, абыхэм ящыщу нэхъ сэбэп хъуар. Дзэлыкъуэ районым и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ КъуэщIысокъуэ Iэсият 2026 гъэм къриубыдэу ялэжьыну ягъэбелджылахэм, зыхунэсахэмрэ дяпэкIэ зытелэжьэнухэмрэ я гугъу ищIащ. ЩIалэгъуалэм, туризмэм, экономикэм, сатум епха Iуэхухэм гулъытэ хэха зэрыхуащIри къыхигъэщащ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ къуажэ щхьэхуэхэм я зэпыщIэныгъэхэми. Аушыджэр къуажэм и администрацэм и унафэщI Дзэмыхь Аслъэнджэрий тепсэлъыхьащ Аушыджэррэ Къамылыкъуэрэ зэразэдэлажьэм, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ зэдащIэхэм, гупсысэзэхэдзэ зэращIым, зы къуажэм къыщагъэсэбэп Iэмал щхьэхуэхэм адрейм щапхъэ зэрытрихым.
ЗэIущIэм и кIэухыу, Дзэлыкъуэ, Шэрэдж районхэм зэгурыIуэныгъэ зэраухылIащ адэкIи зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ. Илъэсибгъу хъуауэ IуэхущIафэкIэ зэпыщIа районитIыр нэхъри ефIэкIуэнымкIэ апхуэдэ зэгурыIуэныгъэм къару зэриIэри жаIащ.
Iуэхум къыпащащ къафэрэ уэрэду зэхэухуэна «Унагъуэ зэкъуэтыр Урысейм и къарущ» зыфIаща пшыхькIэ. Дзэлыкъуэ, Шэрэдж щIыналъэхэм щыщу IуэхущIафэрэ бын гъэсэныгъэкIэ къыхэжаныкIа унагъуэхэр абы щагъэлъэпIащ. Абыхэм яхэтт Къулхэ, Занкишиевхэ, Хъусинхэ я унагъуэхэр, нэгъуэщIхэри. 2024 гъэм Къулхэ я унагъуэр «Династия России» урысейпсо зэпеуэм «Семейное шоу талантов» Iыхьэм щытекIуащ. Занкишиевхэ я унагъуэм бжьыпэр щиубыдащ «Лучшая образцовая молодая семья» зэпеуэм. Хъусинхэ я унагъуэми мызэ-мытIэу ехъулIэныгъэхэр щигъэлъэгъуащ щIыналъэ, къэрал зэпеуэхэм.
ГУГЪУЭТ Заремэ.