Зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым, илъэс мин бжыгъэм къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэмрэ дуней лъагъукIэмкIэ и щIэблэр иузэщIыну хуэмейуэ. Лъэпкъ щэнгъасэр езыр гъэщIэгъуэн дыдэу гъэпсащ: дунейм къытехьа цIыхум и сабиигъуэм къыщегъэжьауэ и иужьрей увыIэпIэр игъуэтыжыхункIэ и гъащIэ гъуэгур хабзэрэ бзыпхъэкIэ пкIащ, екIумрэ емыкIумрэ, къезэгъымрэ къемызэгъымрэ, псапэмрэ гуэныхьымрэ иризэхригъэкIыну Iэмал къриту. Дэтхэнэ зы хабзэ пакIэри цIыхугъэкIэ зэджэм и зы Iыхьэщ, ар хэмытмэ, и дуней лъагъукIэм щыщIагъэ игъуэту пIэрэ жыуигъэIэу. Щэнхабзэ икIи псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэхэм хуэсакъын щIыхуейм и зы щхьэусыгъуэщ лъэпкъ щIэжыр зэрихъумэри. Абдежщ къыщежьэр лъэпкъым и щыIэныгъэмрэ и псэуныгъэмрэ.
Иужьрей илъэс зыбжанэм куэд тражыIэкIащ лъэпкъхэм къадэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэ лъапIэныгъэхэм, а Iуэхум щIэнIуатэрэ зэIущIэу иращIэкIари мащIэкъым. Псори зыхуэгъэпсар зыщ: Iэзэвлъэзэв дыдэ хъуа мы дунейр, интернетымрэ иджырей технологиемрэ Iэпэ дэупIэ имыIэу зэхуиша гупсысэкIэр зыкъомкIэ зэщхь хъуащ. ЩыщIэныгъэхэри псоми я зэхуэдэу болъагъу, ехъулIэныгъэхэри псоми къызэдагъэхъам хуэ- дэу зыхыбощIэ. Ауэ щыхъукIи, лъэпкъыбэр зэрыщIэн, къадекIуэкI дахагъэр зэIэпахыу фIыкIэ гъунэгъу зэхуэхъун хуейуэ цIыхур къигъэщIащ. А Iуэхугъуэм нэхъыщхьэу хэлъыр зэхуэдэу яIэм нэхъ тегъэщIауэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм щхъуэкIэплъыкIэу хэлъыр хъумэн зэрыхуейрщ.
Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэрщ къызыхэкIар иджыблагъэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIа, «Лъэпкъ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ хъумэныр» зыфIаща Iуэхугъуэр. Абы жэрдэмщIакIуэ хуэхъуар КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэрщ, зытеухуари Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэрщ.
ЗэIущIэм цIыху 700-м щIигъу хэтащ. Абы кърихьэлIащ къэралымрэ щIыналъэхэмрэ щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ я IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, дин икIи жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ щылажьэхэр, студент щIалэгъуа- лэр.
КъБКъУ-м къыбгъэдэкIыу Iуэхугъуэм хэтащ гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и уна-фэщI Джэрыджэ Залинэрэ а къудамэм и лэжьакIуэ Хъущт Арианнэрэ. Езы еджапIэми хэлъхьэныгъэ хуищIащ къыхалъхьа жэрдэмым. Апхуэдэу абы хэтащ ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрыр, Отаров Керим и цIэр зезыхьэ Балъкъэр щэнхабзэ центрыр, Урысыбзэмрэ щэнхабзэмкIэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрыр.
Сыт хуэдэ Iуэхуми екIуу зэрыхэтым хуэдэу, мызыгъуэгуми центрхэм яхузэфIэкIащ утыку кърахьэ гъэлъэгъуэныгъэр гъэщIэгъуэну зэхагъэувэн. Адыгэ центрым хьэщIэхэм яригъэлъэгъуащ пасэрей адыгэ шыкIэпшынэр, жан гуащэхэр зытрагъэувэу щыта пхъэ вакъэхэр, гуащэ жьыхухэр, лъэпкъ дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэщIэрэщIа бэракъхэр, дамыгъэтедзэ-хэр. Балъкъэрхэм утыку кърахьащ пасэрей унагъуэм щызэрахьэу щыта хьэкъущыкъухэр, цым къыхэщIыкIа алэрыбгъур, нэгъуэщIхэри. Урыс щэнхабзэм хухаха плIанэпэм щыплъагъурт пасэрей сэмвархэр, мэкъуэмэшыщIэ цIыхубзымрэ цIыхухъумрэ ящыгъыу щыта щыгъыныгъуэ лIэужьыгъуэхэр, вакъэхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэр щагъэгъуэзащ КъБКъУ-м щылажьэ лъэпкъ центрхэм я Iуэху щIэкIэм, тепсэлъыхьащ абыхэм къызэрагъэпэщ зэIущIэхэмрэ зэхагъэувэ пэхуэщIэхэмрэ. Джэрыджэ Залинэ зэрыжиIамкIэ, лъэпкъхэм я щэнхабзэхэр хъумэн зэрыхуейм къыщымынэу, зегъэужьынымкIэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр еджапIэм щокIуэкI.
- Мы зэхуэсым Iэмал къыдет ди еджапIэм щекIуэкI лэжьыгъэм дытепсэлъыхьын, абы къыдэкIуэуи тщIамрэ тхузэфIэкIамрэ къызэщIэткъуэжын. Утыку ихьэгъуэ къэс зы щIэщыгъуэ гуэр ихьэн зэрыхуейм шэч хэлъкъым. Адыгэ фащэмрэ цым къыхэщIыкIа балъкъэр алэрыбгъумрэ зей лъэпкъхэм я щэнхабзэ дамыгъэ хъуащи, абыхэм уащытепсэлъыхькIэ, цIыхухэр къыдэзыхьэхын, зэхамыха гуэрым щыгъэгъуэзэн зэрыхуейр зыхыдощIэ. Абы къыхэкIыу, дыхущIокъу зэ тщIам къызэрытедмыгъэзэжыным, ди гъэлъэгъуэныгъэхэр нэхъ щIэщыгъуэ зэрытщIыным. Мы Iэмэпсымэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ пасэрей гъащIэм и зы ныбзщ. Абыхэм я нэхъыбэр иджырей гъащIэм щызэрамыхьэжми, узэщIакIуэ, щэнхабзэ, щIэныгъэ мыхьэнэ яIэщ. Абыхэм дэтхэнэми тхыдэ иIэщ, я щIыбагъ цIыху гъащIэ къыдэлъщ. Узэплъым хэлъ щIэщыгъуэр нахуэ щыхъунур абы къикIуа гъуэгуанэр щызэбгъащIэм дежщ. Дэри ди гъэлъэгъуэныгъэхэм апхуэдэ гупсысэ япкърыдолъхьэ. Къэрал унафэкIэ щэнхабзэ лъапIэныгъэхэм гулъытэ хэха хуэщIын хуейуэ къэзыгъэув унафэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ щыIэми, ди щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъхэм я лъым ахэр езы-хэр хэтыххэщи, хъумэным къищынэмыщIауэ, ди щыIэныгъэм къыхалъхьэнкIэ хъуну дахагъэм дегупсысурэ ахэр зэредгъэфIэкIуэным иужь дитыпхъэщ. ЗэрытщIэщи, лъагъуэфIыр гъуэгу-фIым хохьэж, - жиIащ Джэрыджэ Залинэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм иужькIэ екIуэкIа зэхуэсым къыщыпсэлъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшрокъуэ Залым, КъБР-м щыIэ федеральнэ инспектор КъуэщIысокъуэ Тимур, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Гергоков Джамбулэт, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я къэпсэлъэныгъэхэр теухуат щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуа-кум дэлъ зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэн папщIэ, я щэнхабзэхэр къэзыIэт икIи утыку къизыхьэ Iуэхугъуэхэр нэхъыбэ щIын, тхыдэ щIэжымрэ лъэпкъ щIэжымрэ хуэсакъын, динкIэ, зыщыщ лъэпкъкIэ, зэрыпсалъэ бзэкIэ зэхэгъэж щащI къэмыгъэхъун, цIыхубэр зэщIэзыгъэуIуэ Iуэхугъуэхэр гъэбэгъуэн зэрыхуейм.
ЗэIущIэр уэршэр жыпхъэм иту екIуэкIащ. Iуэхум кърихьэлIахэр зыгъэпIейтей куэдым щIэупщIащ, хьэщIэхэми абыхэм жэуап иратыжащ. Зэхуэсыр гуапэу икIи зэIухауэ екIуэкIащ, щIалэгъуалэ жэрдэм куэдым я утыку къихьэпIи хъуащ.
ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.