Галактикэ «шыхьам» далъэгъуар

Астрономхэм иджыблагъэ къалъэгъуащ «мащэ кIыфIым» (чёрная дыра) зэрымыщIэкIэ гъунэгъуIуэу бгъэдыхьа вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэдэр.
Хэгъэгу зыбжанэм я астрофизикхэр, ЩIы Хъурейм нэхъ лъэрызехьэ дыдэу щызэхагъэува телескопхэр къагъэсэбэпкIэрэ, зы далэм къриубыдэу зэуэ щыхьэт зэдытехъуащ, теорие и лъэныкъуэкIэ нэхъ пасэу щыгъуазэ зыхуащIа пэтми, нэрылъагъуу абы ипэкIэ зэи зыIумыщIа къэхъукъащIэ телъыджэр зэрекIуэкIым. Ар сыт жытIэмэ, мащэ кIыфIым (гъуэдыдж кIэуфIыцIым) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэр щызэщикъузэм, иужьрейм, къигъэщIам и «уахътыр» къызэрысар зыхищIа фIэкIа дымыщIэну, «гужьеигъуэ» иным зэщIищтарэ бзий гуэрэнышхуэхэр нурыбэу къызэрызыхиутIыпщыкIым. 
Астрофизикхэм зэрызэхагъэкIащи, мащэ кIыфIым зэрызыщIишэ и гравитацэм зыкъызэрызэкъуих и къару шынагъуэрщ бгъэдыхьэ псори зэзылъэфалIэр, абы кърикIуэуи зэпкърызытхъыр. Дызытепсэлъыхь вагъуэми къыщыщIар аращ. 
Европей ипщэ обсерваторием и телескопхэу NTT (New Technology Telescope), VLT (Very Large Telescope) зыфIащахэмкIэ мазэ зытIущым къриубыдэу мащэ кIыфIым зыщIилъэфа вагъуэм и бзэхыкIэм кIэлъыгъуэза астрономхэм зэрагъэувамкIэ, зи гъащIэр абдежым къыщызыуха пкъыгъуэ зэщIэпщIыпщIэр и гуащIагъэкIи и инагъкIи ди Дыгъэм хуэдэнт. 
АтIэми, рентген, радио, оптикэ, ультрафиолет диапазонхэмкIэ и чэзууэ икIи зыубгъуауэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къарикIуэу, астрофизикхэр иджыщ япэу щыхьэт щытехъуар, мащэ кIыфIым, и къару къызэрымыкIуэр къигъэщхьэпэу, вагъуэ жьэражьэм къыкIэрифыщIыкIа пытхъахуэхэм нур зэщIэпщIыпщIэ иныщэ, зэман хэукъуэдиикIам къриубыдэу, къазэрыхихум. А псом къадэкIуэуи, вагъуэ жьэражьэм и бзэхыкIэр зылъэгъуахэм зэрыжаIэмкIэ, и хьэлъагъым нэхърэ мелуан бжыгъэкIэ нэхъыбэ къэзышэч мащэ кIыфIым ар щызыщIилъафэм, абы фIэкIуэдащ езым и пкъым щыщу и Iыхьэ ныкъуэм нэблагъэр.
Уеблэмэ, еджагъэшхуэхэм къызэрабжамкIэ, ЩIы Хъурейр къыщекIуэкI и уэрдыхъум илъэс мелуан 215-кIэ пэIэщIэ (нэхум тригъэкIуадэ зэманым тещIыхьауэ) Эридан вагъуэ зэрыбыным хыхьэ галактикэ «шыхьам» (астрономхэм AT2019qiz нагъыщэр иратащ) далъэгъуа къэхъукъащIэм хуэдэхэращ куэду тпэжыжьэ вагъуэ лэкъумхэм (галактикэхэм) якухэм зыщызыгъэпщкIуа «мащэ кIыфIхэр» здэщыIэмрэ абыхэм гъунэгъу захуэзыщI уафэщIхэм я зэпкърыхукIэр зыхуэдэмрэ зэрызэхэбгъэкIыфыну Iэмал закъуэу щыIэри. 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: