Узэгугъур къогугъужФокIадэм и 1-р къэмыс щIыкIэ, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министерствэм къыщагъэнэIуащ Зыуэ щыт къэрал къэпщытэныгъэр зэрекIуэкIамрэ сабийхэм абы щIэныгъэу къыщагъэлъэгъуамрэ. Арат и щхьэусыгъуэр УФ-м и Президент Путин Владимиррэ егъэджэныгъэмкIэ министр Кравцов Сергейрэ я зэIущIэм. Иджыри къэс зэи къэмыхъуауэ, ЕГЭ-р зытахэм ящыщу еджакIуэ мин 330-м балл 70-м щIигъу къахьащ. Илъэс къэс «ику ит балл» жыхуаIэр нагъыщитI нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ хохъуэ. Щапхъэм и хьэтыркIэ, есэпымкIэ (математикэмкIэ) ику иту еджакIуэхэм къахь баллыр 4,3-кIэ дэкIуеящ, илъэситхум къриубыдэу къагъэлъэгъуахэм балли 9,5-рэ къыхэхъуащ. ФизикэмкIэ балли 4,7-кIэ нэхъыбэ къахьу хъуащ, илъэситхум къриубыдэу а нагъыщэр балл 12,6-кIэ хэхъуащ. БиологиемкIэ илъэсым и къэпщытэныгъэм балли 3,5-рэ къыхэхъуащ, илъэситхум къриубыдэу – 7,8-кIэ нэхъыбэ хъуащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




