Узыдэлэжьэну икIи гугъу, икIи тыншГъэмахуэм ипэ мазэм, газетхэми зэрытетащ, телевиденэм, радиом гулъытэ зэрыщыхуащIащи, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ усакIуэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэ Мыкъуэжь Анатолэ и ныбжьыр илъэс 70 ирикъуащ. Радиом папщIэ нэтыныр зыгъэхьэзырыр абы и лэжьакIуэ МахуэлI Хъаджэтти, сыкъигъэпсалъэмэ фIэфIу зыкъыщысхуигъазэм, згъэщIэхъуакъым, хужыпIэ хъун фIы куэд Толэ зэрыбгъэдэлъым, къэгупсысынIа зэрыхуэмейм къыхэкIыу. Мис си къэпсэлъэныгъэ кIэщIыр, «Адыгэ псалъэ» газетми и электроннэ къыдэкIыгъуэр зылъагъухэр абы еджэмэ, си гуапэщ.
2018 гъэ лъандэрэ сыщолажьэ «Iуащхьэмахуэ» журналым. Илъэс пщыкIублкIэ «Адыгэ псалъэм» сыщыIауэ, Мыкъуэжь Анатолэ мыбы сыкъригъэблагъэщ, ди редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сытригъэгушхуэри сыкъэкIуати, сыхущIегъуэжакъым. Тхэным ди Iуэхур нэхъ тегъэщIауэ, редактор лэжьыгъэр нэхъ мащIэу газетым щыщытащи, етIуанэ Iуэхум нэхъыфIу хэсщIыкI сыхъуамэ, зи фIыщIэр Толэщ. Тхыгъэр зэрызэгъэзэхуапхъэм, лейуэ хэтым нэхъыщхьэр къызэрыхэкъузыкIыпхъэм и щэхухэм нэхъыбэу сыхэзыгъэгъуэзар Толэщ.
Редакцэм щылажьэхэм ттхаи, нэгъуэщIхэм я IэдакъэщIэкIыу къытхуагъэхьаи зы къэмынэу набдзэгубдзаплъэу щIеджыкI Толэ икIи игу хуэмызэгъауэ зы псалъэуха дэнэ къэна, зы псалъи блигъэкIынукъым. Ар фIы дыдэу къохъулIэ адыгэбзэм и «мэр» къыщIехьэри, абы и хабзэхэм куууэ хещIыкIри. Абы и щыхьэт наIуэщ и IэдакъэщIэкI усэхэр.
Удэлэжьэну икIи гугъущ, икIи тыншщ. Гугъущ егъэлеяуэ гумызагъэщи. «Ягъэ кIынкъым» жиIэу зыри IэхъуэгъуэтегъэкIыу пхублигъэкIынукъым абы. Ауэ а гугъу зыфIэсщым журналым и Iуэхур нэхъыфI, нэхъ тынш ещIри, лэжьыгъэр лэжьыгъэу къэнэжауэ абыкIэ гугъэзэгъэгъуэ псоми догъуэтыж. И гум Iей зэримылъыр хьэкъщ, зыгуэрым и жагъуэ ищIыну, зыгуэрым зыгуэр ирищIэну ауи и пщIыхьэпIэ къыхэхуэркъым – ар сэ и щхьэр течауэ схужыIэнущ.
Журналым сыкъэкIуэн ипэ, сэ сызыщыгъуазэр Толэ и усэхэрати, абыхэм сыдахьэхырт жысIэнри зыри жызмыIэххэнри зыщ. Лъэпкъым и гуауи и гуфIэгъуи бзэ дахэкIэ, бзэ къулейкIэ хуоусэ Толэ. Дунейм щилъагъуу хъуам хуэнабдзэгубдзаплъэщи, языныкъуэхэм и гур ягъэзагъэ, къэзыгъэгубжьхэри мащIэкъым. ТIум щыгъуэми жиIэн егъуэт, ар щIэгъэщхъуауэ къызэриIуэтэн усэбзи Iурылъщ.
Сэ куэдрэ зэхызох: «АкъылкIэ, псэкIэ, IэпкълъэпкъкIэ гугъу емыхь цIыхум усэ нэс къыхуэгъэщIынукъым», - жаIэу. ПэжынкIи мэхъу, апхуэдэ цIыхухэр нэхъ зэрыгупсысэхыр Iуэхум къыхэплъытэмэ. Ауэ Толэ и IэдакъэщIэкIхэм апхуэдэхэр щымымащIэу къысщохъури, иджы сыхуейт абы и гур, и псэр, и Iэпкълъэпкъыр зыгъэтыншхэм къапкърыкI усэхэмкIэ дигъэгуфIэну. Апхуэдэ гукъыдэж абы къезытынур и анэкъилъхухэм, и бынхэм, и пхъурылъху цIыкIумрэ и малъхъэмрэ, фIыуэ къэзылъагъуу къыбгъэдэт и благъэ-Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ я узыншагъэщ, я ехъулIэныгъэщи, абыхэмкIэ гукъеяуэ лъэпкъ имыIэну си гуапэщ.
Поделиться:
Читать также:
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
12.08.2026 - 13:27 →
Лъэхъэнэ куэдым я лIыхъужь
12.08.2026 - 12:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 12:00 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




