Зы лъэпкъ, зы къуэпс, зы лъынтхуэ

 Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэм и махуэр, шыщхьэуIум и I-р, гукъыдэжышхуэ иIэу гъэ къэс зыгъэлъапIэу щыта хэкупсэ нэст адэжь щIыналъэр гу лъащIэм щызыгъафIэу, Хэку-анэри псэри зы чысэм илъу къэзылъытэу зи дунейр езыхьэкIа Абеикъуэ Шухьэиб Мэзан и къуэм (1936-2021). Адыгэм и дэтхэнэ бын псэ къабзэри дапщэщи хуэнэхъуеиншэщ ди къурш уардэхэм, тафэ хуитышхуэхэм, псы уэрхэм, лъахэрыс цIыхухэм. Апхуэдэ хэкупсэхэм я щапхъэт Шухьэиб. Абы и гъащIэ псор ирихьэкIащ фIыгъуэ нэхъыщхьэу къилъытэ и адэжь Хэкур и гум имыхуу.

 Илъэс 263-рэ ипэкIэ, 1763 гъэм, Кавказ щIыналъэм къыщылыду илъэси I0I-кIэ екIуэкIа зауэм ди лъэпкъым къыхуихьауэ щыта бэлыхьхэмрэ гугъуехьхэмрэ, щыщIэныгъэ инхэмрэ насыпыншагъэшхуэмрэ, леймрэ залымыгъэмрэ я лъэужь куэд зыгъэвахэм ящыща адыгэлIу дунейм тетащ ар. ХамэщIыр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэ истамбылакIуэхэм къащIэхъуа щIалэм адэжь хэкум щыпсэуныр и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэ дыдэрэ и гъащIэ джэлэсу къилъытэу щытащ. А гурылъ IэфIыр зэзыгъэхъулIэу нахуапIэ япэу зыщIыфа ди лъэпкъэгъухэм  ящыщами, абы илъэс 50-м нэскIэ щыпсэужами,  езым жиIэу зэрыщытамкIэ,  зигъэнщIатэкъым фIыуэ илъагъу хэку-анэмкIэ. Ар икIи гурыIуэгъуэт: «ИкIута из хъужыркъым», - жиIащ пасэрейм.  

КъигъэщIа илъэсхэм щатепсэлъыхьыжкIэ, щыпсэуа щIыпIэм елъытауэ, ахэр ипэрэ иужьу игуэшу щытащ абы. И  гур къызэфIэнэрэ и нэхэм нэпс къафIыщIэкIыу апхуэдэт ар.  А дадэм и нэхэм къащIэж нэпсыр зэми къыпщыхъурт нэхъ шыугъэу, гуащIэу, пщтыру щыту, епсэлъылIэми ди гур кърасыкIырт абыхэм. ИтIанэ, адэжь хэкум и куэщIым щигъакIуэ махуэхэм я гугъу щищIкIэ, а нэпс дыдэхэр гуфIэ нэпс щабэхэм, къабзэхэм хуэкIуэжырт.  Гугъэмрэ хъуапсэмрэ зэи умыгъэкIуэду упсэун зэрыхуейм и щапхъэщ Шухьэиб и гъащIэм и къекIуэкIыкIар. Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм гузэвэгъуэ къызылъэIэсу бэлыхь куэд зыгъэва ди лъэпкъым  и нэхъыжьхэм а зэман жыжьэм ябгынат адэжь щIыналъэр.  Абеикъуэхэ Ислъэмей щыщщ. Шухьэиб и адэ Мэзан абы къыщалъхуащ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и пэщIэдзэ дыдэхэм абы и адэшхуэ Абеикъуэ Мухьэмэдрэ абы и шынэхъыщIэмрэ я унагъуэхэр я гъусэу хэкум икIащ. Я къэкIуэнумрэ зэрыс хъуа къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ яхузэхуэмыгъакIуэу, зэрахьэ диныр зэрахъумэным тегужьеикIарэ къэзызэуа лъэпкъышхуэм и цIыхухэм яIэ фIэщхъуныгъэм залымыгъэкIэ бэр зэщIрагъэщтэным щыщтэу къэна бгырыс куэдым я щхьэм кърикIуащ апхуэдэ бэлыхьыр. ХьэжыщI кIуэ щIыкIэу лъахэр ябгынащ абы щыгъуэ адыгэ куэдым, я унагъуэхэри я гъусэу. А лъэхъэнэм Шухьэиб и адэм и ныбжьыр илъэс I3-I5-хэм нэсат. Абы фIыуэ ищIэжырт и лъахэри, къыщалъхуа, къащыхъуа жылэри.

ФIыгъуэшхуэхэм хуэдэу ахэр и псэм щигъафIэу и илъэсхэр ирихьэкIащ. Дунейр зэтесабырэжмэ, къагъэзэжын я гугъэу псэуащ ахэр куэдрэ. А хъуэпсапIэр гу лъащIэм щагъафIэ зэпытурэ, ар щIэблэм щIэин нэхъыщхьэу къыхуагъанэурэ, илъэсхэр кIуащ. Ауэрэ унагъуи хъуащ, щIэбли къащIэхъуащ. Иорданием и къалащхьэ Амман I936 гъэм къыщалъхуащ Шухьэиб. Курыт школыр къиуха нэужь, электроникэмрэ электротехникэмрэ хуеджащ, политикэ Iуэхуми дихьэхащ. Коммунист партым хэтхэм я Iуэху еплъыкIэхэр фIэтэмэмти, Иорданием щызэхэт апхуэдэ партым хыхьауэ щытащ.  СССР-м а лъэхъэнэм коммунистхэм щатетыгъуэ дахэти, ди къэралым ирахауэ парт литературэ гуэрхэр къыIэрыхьэмэ, щэхуу  щIиджыкIырт. Совет Союзым, псом хуэмыдэу Кавказым, икIыу зыгуэр Иорданием кIуамэ, абы нэхърэ нэхъ хьэщIэ лъапIэ я щIыгум имыхьауи къащыхъурт хэхэсхэм.

И хэкум пэжыжьэ щIыналъэм къыщалъхуами, зэрыадыгэр, Къэбэрдейм зэрыщыщыр ящIэжу щIэблэр къагъэхъуащ нэхъыжьхэм. Абеикъуэ Мэзан пхъуитIрэ къуитIрэ иIэти, быным анэдэлъхубзэмкIэ фIэкIа зэи епсэлъакъым, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ я гъащIэ гъуазэу къигъэтэджыныр и гурылъу. Адэм и ущие псалъэм щIэт бынми пасэу къагурыIуащ, хьэрып къэралым щыпсэуми,  зэрылъэпкъ щхьэхуэр, я гур зы махуи щамыгъэтIылъу илъэсхэр ирахьэкIащ. Апхуэдэ псалъэхэр и гъуазэу къэхъуащ Шухьэиб щIалэри. Адыгэхэм хуэдэу зи хэкур фIыуэ зылъагъу куэд щымыIэу, адыгэпсэмрэ адыгэгумрэ адрейхэм емыщхьу жиIэрт абы икIи  къыщыхъурт адыгэхэр, дэнэ щыIэми, сытым дежи щалъхуа хэкум, и анэдэлъхубзэр щыхуит, и лъэпкъыр щыпсэу щIыналъэм хуэпабгъэу. Абеикъуэм къызэрилъытэмкIэ, Хэкури псэри зы чысэм илъщ, хэкури укъэзылъхуа анэри а зы къуэпсымкIэ гум пыщIащ, зэхэдз лъэпкъ ямыIэу.  Абы фIыщIэшхуэ яхуищIырт нэхъыжьхэм, лъэпкъ хабзэр, адыгэбзэр фIыгъуэ ину щIэблэм хуахъумэну лIыгъэ къазэрыкъуэкIам папщIэ. 

  Адэжь хэкум  цIыхум хуиIэ гурыщIэр лъым хэт адэ щIэину къыдалъху къыщIэкIынщ. Шухьэиб и адэшхуэ Абеикъуэ Мухьэмэд  быныр ипIащ, хэхэс гъащIэм хигъэуващ, ауэ зэи щигъэгъупщакъым хы адрыщIымкIэ Хэкурэ лъэпкърэ зэрыщаIэр. Апхуэдэущ и щIэблэр къызэригъэхъуар Шухьэиб и адэ Мэзани.  Абы бынихри: Шэрифэ, Шэхьирэ, Iэдиб, Шыхьбан, Шухьэиб, Башир сымэ -  псори  щIипIыкIащ хэку лъагъуныгъэм, абы и къарум нэхърэ нэхъ лъэщ псэм зэрыхэмылъыр хьэкъ ящищIу.  Адэжь хэкум теухуауэ ищIэж псори къигубзыгъыжурэ быным яжриIэжырт  адэм.  Адэм и дэтхэнэ псалъэри зыпхидзырт хэкупсэ нэсу къэхъу Шухьэиб и гум. 

 А зэманым Шухьэиб и гум къыщыушыпащ Хэкум Iэмал имыIэу къигъэзэжын зэрыхуейм епха мурад быдэр.  Адэм и хъуэпсапIэр и дамэу, и гъуазэу   хэкужьым къэкIуэжащ Шухьэиб, и унагъуэр и гъусэу. Куэд дэмыкIыу абыхэм псэупIэ яхуэхъуащ Бахъсэн къалэр. Ди щIыналъэм щыбэгъуащ  Абеикъуэхэ я унагъуэр: я бынхэр унагъуэ хъужащ, щIэблэхэр къыщIэхъуащ. 

Шухьэиб сыт хуэдэ гугъуехьи гуауи игъэвами, жьыщхьэ махуэ насыпыфIэу зилъытэжу дунейм тетащ.  «Хэкуншэ уи щхьэр ауэ хъуамэ, Темыт дунейм уэр щхьэкIэ гупсэхуж», - щыжеIэ усакIуэ цIэрыIуэ Брат Мурат и къалэмыпэм къыпыкIахэм ящыщ зым. Зи хэку зыгъуэтыжу зи гум жьы дихужа хэкупсэр илъэс 85-рэ хъуауэ дунейм ехыжащ.  Адэжь щIыналъэм япэу къихьэжа Абеикъуэ Шухьэиб хиша лъагъуэ махуэм иужькIэ адыгэ куэд къытеуващ, я Хэку-анэри зрагъэгъуэтыжащ. 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: