Вы щитху къудей зи уасэ

Нартхэм ятеухуа IуэрыIуатэр Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ зыбжанэм я деж узыщрихьэлIэ лIыхъужьыгъэ эпосщ. ЗэрытщIэщи, лIыхъужьхэм я къежьапIэм, я гъащIэм, зэрахьа лIыгъэм теухуауэ ар зэхэлъщ. 
Нарт хъыбархэм щыщ Iыхьэхэм Куржым и лъэпкъ гуп щхьэхуэхэм (сванхэм, рачинхэм, хевсурхэм) я дежи ущрохьэлIэ. XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм къыщыщIэдзауэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум (Тыркум, Сирием, Иорданием) и къэралхэм эпосым зыщрагъэубгъуат Кавказым иIэпхъукIахэм къатехъукIыжахэм. 
Усэ гъэпсыкIэуи прозэуи тха хъыбархэм псоми я зэхуэдэ нэщэнэу къэпхь хъунущ «нартхэр» цIэр зытрагъэIукIа пелуанхэм я цIэхэр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я хъыбархэм зэщхьу къызэрыщыкIуэр. 
КъэхутакIуэхэр иджыри къэс зы гупсысэм хуэкIуакъым нарт эпосым и къежьапIэмрэ «нарт» псалъэм и мыхьэнэмрэ теухуауэ. Ар къыщыунэхуа зэманыр къэхутакIуэхэм ди эрэм ипэкIэ VIII–VII лIэщIыгъуэхэм техуэу къалъытэ. Хъыбархэм ящыщ зы нобэ дигу къыдогъэкIыж, Нарт Уэзырмэс и иужьрей зекIуэм теухуауэ.
Нартыжь Уэзырмэс и гъащIэм и кIуэцIкIэ куэдрэ кIуащ зекIуэ. Нартхэр куэдрэ игъэгуфIащ къихь-къихухэмкIэ. Нарт куэдым лIыгъэ яритащ здишэурэ. Гъуэгур яригъэцIыхуащ. Нартхэм я хъуреягъкIэ лъэпкъыгъуэ щыIакъым Уэзырмэс къэзымыцIыхурэ Уэзырмэс зимыбийрэ.
Апхуэдэурэ нартыжь Уэзырмэс лIыжь дыдэ хъуащ, и ныбжьыр илъэсищэрэ тIощIрэ, илъэсищэрэ щэ ныкъуэрэ нэсауэ тIысыжын щыхъум, мурад ищIащ игъащIэм яхуищIа псом хуэмыдэу нэгъуэщI зы лIыгъэ гуэр яригъэлъагъуну нартхэм.
Зы махуэ гуэрым Уэзырмэс нартхэр къызэхуишэсри яжриIащ:
- Иджы лIыжьи сыхъуащ, куэди згъэщIэжыну къыщIэкIынкъым, ауэ мурад сщIащ иджыри зэ зекIуэ сыфхуежьэжыну. СымылIэ щIыкIэ тенджызым адэкIэ щыIэ нартхэм, ди бий къэралыгъуэм, фатезгъэкIуэнущи, схуэфщI кхъуафэжьей, абы сыдэфлъхьэ, и щхьэр вгъэбыдэжи, жьыр абы я дежкIэ щепщэ махуэм деж тенджызым сытевутIыпщхьэ.
Нартхэм кхъуафэжьей ящIащ, абы Уэзырмэс далъхьэщ, и щхьэр траIулIэжри, жьыр абы я дежкIэ щепщэ махуэм и деж зыхуагъазэри, Уэзырмэсыр зыдэлъ кхъуафэжьейр тенджызым траутIыпщхьащ.
Куэдрэ тета Уэзырмэс тенджызым, мащIэрэ тета. Ар зыми ищIэркъым, езыми ищIэжыркъым. Зызэман кхъуафэжьейр тенджыз Iуфэм и гъунэгъу хъууэ щыхуежьэм, адрей лъэныкъуэмкIэ щыIэ къэрал и бийм и дзэр къыIутти, Уэзырмэс кхъуафэжьейм зэрыдэлъу иригъэсылIащ Iуфэм. Зэтраудрэ еплъмэ, игъащIэ лъандэрэ я биижь Уэзырмэсыжьыр дэлъщ.
Дзэри зыхуейр арати, Уэзырмэс я пащтыхьым и деж яшащ. Къэралым я пащтыхьыр гуфIащ, «ныбжькIэ ди биижьыр къысIэрыхьащ», жыхуиIэу.
- Иджы, уи щхьэр пезгъэупщIын хьэмэрэ уи гъащIэр Iэхъулъэхъуу уэзгъэхьын? Дэтхэнэра нэхъ къыхэпхыр? - жери къеупщIащ къэралым я пащтыхьыр.
- Сэ иджы уи IэмыщIэ силъщ. Сыт къызэпщIэнуми ухуитщ. Иджыри къэсыхукIэ уи къэралым зэгъапIэ езмыту фызгъэпсэуами, иджы лIыжь сыхъуащ, зыри слъэкIыжынукъым. Си щхьэр пебгъэупщIкIи, Iэхъулъэхъуу сыбгъэпсэукIи зы фейдэ уиIэкъым. Ауэ сэ уи IэмыщIэ сыкъихуауэ зэрыщытымкIэ нартхэм хъыбар егъащIи, абыхэм уасэфI къыуатынщи, си щхьэр ящэхужынщ. Сэ нартхэм куэд яхуэсщIауэ щытащ, фIыуэ сыкъалъагъури, си щхьэм щхьэкIэ нартхэм къыпхуамыщIэн щыIэкъым, — жиIащ Уэзырмэс.
Пащтыхьыр егупсысри, игукIэ жиIащ: «Мы лIыжьыр сыукIкIэ, зы фейдэи сиIэкъым, абы нэхърэ нэхъыфIщ мыбы сэ ныкъусаныгъэу къызитар къыщIэсхыжым и щхьэ уасэу», - жиIэри.
- Сыт хуэдиз къызатын уи щхьэ уасэу? - жиIащ пащтыхьым.
- Вы щитху къуатынщ, - жиIащ Уэзырмэс.
- Хъунщ, ауэ дауэ къеIыха хъуну ар нартхэм? Абыхэмрэ дэрэ дызэлъихьэркъым, - жиIащ пащтыхьым.
- БгъэкIуэнщ лIитIи, хъыбар ебгъэщIэнщ. АдэкIэ нартхэм ящыщи къадэкIуэнщ, выр къыдахунщи, сэри сашэжынщ. Ауэ бгъэкIуэну лIитIым зыр лIы фIыцIэу, и щIалэгъуэу, и щхьэцми, и жьакIэми тхъугъэ лъэпкъ хэмыту, адрейр лIыжьу, и щхьэцри, и жьакIэри тхъуауэ апхуэдэщ, — щыжиIэм, пащтыхьым къригъэшащ апхуэдэу лIитI.
- Нартхэм яжефIэнуращ, - жиIащ Уэзырмэс, - фи тхьэмадэжь Уэзырмэс и жьыщхьэ къытIэрыхьауэ тIыгъщи, мэлъаIуэ: «Мыбы сыщывмыгъалIэу си щхьэр фщэхужи, си Хэкум сыщывгъэлIэж, - жери. - КъысщIэфтынур куэдкъым – вы щитху къудейщ. Вищэр бжьакъуэ зырызу, вищэ етIуанэр бжьакъуэ тIурытIу, вищэ ещанэр бжьакъуэ щырыщу, вищэ еплIанэр бжьакъуэ плIырыплIу, вищэ етхуанэр бжьакъуэ тхурытхуу. КъыщыфхукIэ, вы фIыцIэжьыр япэ ивгъэуви, выхэр нэхъ къыфхуэкIуэнщ, абы и ужь итурэ. Вы фIыцIэжьым къэкIуэн имыдэмэ, и щхьэр пывупщIи вы хужьым и пщэм фIэвдзэ, вы хужьыжьыр япэ ивгъэуви, абы къишэнщ выхэр», – жыфIи нартхэм яжефIэ, - жиIэщ Уэзырмэси лIыкIуэхэр къригъэжьащ.
ЛIыкIуэхэр нартхэм я деж къэкIуащ. Уэзырмэсрэ пащтыхьымрэ жаIа псори хуаIуэтащ нартхэм. Нартхэр гупсысэщ-гупсысэри апхуэдэв здэщыIэр къахуэмыщIэу, Сэтэней гуащэ хъыбар ирагъэщIащ.
- Уэ нартыжь делэхэ! Фэ вым нэхърэ фынэхъ выщ, абы «вы» жыхуиIэр дзэщ. ФыкIуэу фытеуэу Уэзырмэс къаIэщIэфхыжын хуейщ. «Вы фIыцIэжь» жыхуиIэр лIы фIыцIэращ. «Вы хужьыжь» жыхуиIэр лIыжь жьакIэхужьращ, - Сэтэнейм нартхэм къащыжриIэм, нартхэм шу щитху къагъэшэсащ Iэщэ-фащэкIэ зэщIэхуэпауэ. «НакIуэ ди Уэзырмэс здэщыIэм дышэ, - жари лIы фIыцIэр япэ ирагъэувэри къежьахэщ. ЛIы фIыцIэм къишэн щимыдэм, и щхьэр паупщIри, лIыжьым и пщэм ирадзэри, лIыжьыр япэ ирагъэуващ. ЛIыжьым щхьэр пщIэхэлъу зыри жимыIэу къишэри къэкIуэжащ. Пащтыхьыр зытес шордакъым Уэзырмэси дришеяуэ къаплъэрт. Сабэр къыдрихуейуэ кIуэуэ щалъагъум…
- Мес, щхьэщэхужь выхэр къаху, - жиIащ пащтыхьым.
- Аращ, дэ нарт лъэпкъыр жытIам депцIыжыркъым. Сэр щхьэкIэ нартхэм къыпхуамыщIэн щыIэкъым, — жиIащ Уэзырмэс.
- Абы щыгъуэ мылъкуу нартхэ яIэр къызамытауэ уестыжынкъым, – жиIащ пащтыхьым.
- Уэ ар плъэкIынкъым, - жиIэщ Уэзырмэси, пащтыхьыр къищтэри къридзыхащ шордакъым. МыдэкIэ нартыдзэр нэсри къэралыгъуэр зэрапхъуащ. Мылъкурэ былымрэ яIэу хъуар къахьщ-къахури, Уэзырмэси я пашэу, нартхэр я хэкум къэкIуэжащ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: