Къызыхуэтыншэу, зыхуей псомкIи къызэгъэпэщауэШколакIуэхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм, сыт щыгъуи хуэдэу, еджапIэхэм щокIуэкI ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэхэр. Апхуэдэу Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ курыт школхэми щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ гъэ еджэгъуэщIэм хуэгъэхьэзырыжыным хуэгъэпса лэжьыгъэхэр. Зеикъуэ къуажэшхуэм дэт курыт еджапIэ №3-ри ящыщщ ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIхэм. Ахэр зэфIах «Егъэджэныгъэм зегъэужьын» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ. Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэритамкIэ, ныбжьыщIэ 460-рэ щеджэ а IуэхущIапIэр метр зэбгъузэнатIэ мин 330-рэ мэхъу. Ар зэраухуэрэ блэкIа илъэс щэ ныкъуэм щIигъум къриубыдэу иджы япэу апхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэр ирахьэлIэу аращ. УхуакIуэхэм къагъэщIэрэщIэж унэшхуэм и теплъэр, школым и кIуэцIри, и щIыбри зэпэщ ящI, иджырей мардэхэм хуэкIуэ ухуэныгъэ пкъыгъуэхэр ирахьэлIэурэ. Мы зэманым и кIэм нос унащхьэр щIэкIэ зэхъуэкIыным, щхьэгъубжэщIэхэмрэ бжэщIэхэмрэ хэгъэувэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Абыхэм къадэкIуэу, школым и кIуэцIым щызэбграш инженер-коммуникацэщIэхэр. Апхуэдэу ухуакIуэхэм школым лъэгущIэхэр ирадзынущ, псы хуабэмрэ щIыIэмрэ зэрыкIуэ бжьамийхэр яхъуэжынущ, школым и пэшхэри кIэлындорхэри къанэ щымыIэу зыхуей хуагъэзэнущ, еджапIэм и щIыбри екIуу зэрахьэнущ, абы и Iэшэлъашэри екIуу зэрагъэпэщынущ. Школым и классхэмрэ предмет хэхахэр щаджыну пэшхэмрэ зыхуей-зыхуэныкъуэ IэмэпсымэхэмкIи унэлъащIэхэмкIи къызэрагъэпэщынущ. ЩIыналъэм унафэр щызезыгъакIуэ къулыкъущIэхэр набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ еджапIэм лэжьыгъэхэр зэрыщекIуэкIым, а Iуэхум теухуауэ ахэр яхуозэ школым и унафэщIхэмрэ ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэфIэзыгъэкIыну зи пщэрылъ IэщIагъэлIхэмрэ. Мы зэманым школым ирашэлIащ зыхуеину ухуэныгъэ пкъыгъуэхэр. Лэжьыгъэхэри къызыхуэтыншэу зэтраублащ. Ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр фIагъ лъагэ яIэу икIи и чэзум зэрызэфIагъэкIыным хущIокъу ухуакIуэхэри щIыпIэ унафэщIхэри. Псори зыхуэунэтIар ныбжьыщIэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ, зыхуей хуэгъэзэжа, зыхуэныкъуэ псомкIи къызэгъэпэща еджапIэм екIуэлIэжынырщ, щIэблэм щIэныгъэфIрэ гъэсэныгъэ екIурэ егъэгъуэтынырщ. ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:
Читать также:
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
12.08.2026 - 13:27 →
Лъэхъэнэ куэдым я лIыхъужь
12.08.2026 - 12:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 12:00 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




