Нэхъ куууэ зыщагъэгъуазэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэфIэкIащ Ломоносов Михаил и цIэр зезыхьэ, Мэзкуу къалэм дэт къэрал университетым биологиемкIэ и къудамэм и 3-нэ курсым щеджэхэм я практикэ лэжьыгъэхэр.

Мэзкуу къикIа еджакIуэ гупым я лэжьыгъэр иунэтIу яхэтащ Кавказым фIыуэ къыщащIэ, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Зернов Александр. ЩIэныгъэлIыр ящыщщ Кавказ щIыналъэм, псом хуэмыдэу адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэм я къэкIыгъэ дунейм хэлъ щэхухэр къэзыхутэхэм, абы ехьэлIауэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэм щызэпкърыхауэ щIэныгъэм зезыгъэужьхэм. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Зернов Александр 1999 гъэм пхигъэкIа и кандидат диссертацэр зытеухуар Куржы Ищхъэрэмрэ Абхъаз щIыналъэмрэ узыщрихьэлIэ къэкIыгъэхэм яхэлъ щхьэхуэныгъэхэрт. ИужькIэ а лэжьыгъэм куууэ зригъэубгъуащ Зернов Александр. 2006 гъэм игъэхьэзыра доктор диссертацэр зэхьэлIар Кавказ Ищхъэрэм и къэкIыгъэхэм я щхьэхуэныгъэхэрт. Къэхутэныгъэхэр ирищIэкI къудейкъым щIэныгъэлIым дыщалъхуа лъахэм, атIэ лъагъуныгъи къыхуиIэщ, мы лъахэм щыпсэухэр зыхэпсэукI щIыуэпсым хуаIэ гулъытэмрэ сакъыныгъэмрэ къыхигъэщу къыттепсэлъыхь зэпытщ.

Кавказым и щIыуэпсыр зэрыхьэлэмэтыр, псэущхьэ икIи къэкIыгъэ дунейр къызэрымыкIуэу зэрыщхъуэкIэплъыкIэр, мэзгъэфIэным епха Iуэхугъуэхэм гулъытэ хэха зэрагъуэтыр къилъытэри, езыр щылажьэ университетымрэ КъБКъУ-мрэ зэгурыIуэныгъэ зэрыращIылIэнум и гуащIэ хилъхьащ, еджапIитIым щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэт биолог ныбжьыщIэхэм зэгъусэу практикэ лэжьыгъэ зэрызэдрахьэкIынум теухуауэ.

Япэ лъэбакъуэр зэрачу, щIэныгъэлIым и гъэсэнхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къишащ. НыбжьыщIэ гупым я нэхъыбэр Кавказым я щыпэкъакIуэт. Ауэ, абы щхьэкIэ къэмыну, абыхэм яхузэфIэкIащ, зрагъэгъуэта щIэныгъэр къагъэIэгъуэу, къызэрыхьа щIыпIэм и щIыуэпсыр джыным иужь ихьэн. Тхылърэ къэхутэныгъэкIэ зрагъэцIыхуа къэкIыгъэ куэд дыдэм я лIэужьыгъуэхэр къыхагъэкIыу, къыхагъэща удзым е къэгъагъэм и зэхэлъыкIэр яджу, къыщыкI щIыпIэм и щытыкIэм и жьыр къэкIыгъэм зэрыщIиху щIыкIэр къахутэу биолог ныбжьыщIэхэр тхьэмахуитIкIэ ди деж щыIащ. Студентхэм я практикэ лэжьыгъэр нэхъыбэу щекIуэкIар Шэрэдж икIи Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэрщ. Бгылъэ лъагэм я хьэуар щыгумрэ лъапэмрэ деж щызэхуэдэкъым. Хьэуам щIэх дыдэ зыщихъуэж зы щIыпIэм зы къэкIыгъэм и лIэужьыгъуэ зыбжанэ къызэригъэщIым кIэлъыплъыныр абыхэм дежкIэ хьэлэмэтыщэт.

Практикэ лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iыхьэу хэтащ КъБКъУ-м и щIэныгъэ лъэщапIэхэм щылэжьэныр, и гъэтIылъыгъэхэм къэхутэныгъэхэр дегъэкIуэкIыныр. Апхуэдэу мэзкуу хьэщIэхэр щыIащ КъБКъУ-м и «Ботаникэ жыг хадэ» щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым, Кавказ Ищхъэрэм узыщрихьэлIэ къэкIыгъэхэм я физиологиер, экологиер икIи лихенологиер джыным и лъабжьэр зыгъэтIылъа Слъон Людин и цIэр зезыхьэ ГъэгъулIа удзхэм я пэшым. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Слъоным илъэс пщIы бжыгъэхэм зэхуихьэса гъэгъулIа удзхэм я гъэтIылъыгъэхэр дунейм щынэхъ ин дыдэхэм халъытэ. Мыбдеж мыхьэнэ щызиIэр бжыгъэракъым, атIэ дэтхэнэ зы къэкIыгъэми щыхьэт тхылъ зэрыщIыгъурщ, удзыр къыздраха щIыпIэри, къизыхари, щагъэгъулIари иту. Ар икъусыхъужкIэ щIэныгъэ бгъэдыхьэкIэ лъэщт, Мэзкуу къикIа хьэщIэ ныбжьыщIэхэми а лэжьыгъэ иным зыщагъэгъуэзэныр я къалэнт.

Профессор Зернов Александр хэгъэрейхэм фIыщIэ яхуищIащ, къыхуащIа гулъытэмрэ я практикэ лэжьыгъэр зэпэщ хъун папщIэ къазэрыдэIэпыкъуамрэ уасэ зэрахуэщIыгъуейри къыхигъэщащ.

– Сэ си щыпэкъакIуэкъым Кавказым. Сыт хуэдизрэ сыкъэмыкIуэми, мыбдеж щыпсэу цIыхухэм зэрахьэ цIыхугъэмрэ къыдах хьэщIагъэмрэ зэрызгъэщIэгъуэныр сымыщIэу сокIуэж. Мызыгъуэгуми щIэныгъэ Iуэхут сыкъызытекIухьар, ауэ мы щIыпIэхэр зэи зымылъэгъуа щIалэгъуалэ гуп сщIыгъути, дыкъызыхыхьахэр къазэрыIущIэнумрэ къахэсшахэр къазэрыщыхъунумрэ сымыщIэу срипIейтейрт. Ауэ, сыт щыгъуи хуэдэу, Iуэхухэр дахэу екIуэкIащ. Ди къалэныр зыщыщIэ щымыIэу зэфIэкIын папщIэ, бысымхэр къызэрымыкIуэу къыдэлIэлIащ, гугъу зыкъыддрагъэхьащ. Слъон Людин и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ пэшыр си гъэсэнхэм зэралъэгъуам, абдеж щылэжьэну Iэмал зэраIам къызэрымыкIуэу сыщогуфIыкI, сыту жыпIэмэ ар нэгъэсауэ щIэныгъэ къигъэхъуапIэщ, биологиемкIэ есэныгъэ хьэзырхэр щызрагъэгъуэт лъэщапIэщ. ЩIэныгъэлIым и щIэиныр зыхъумэхэм, зыгъэкIуатэхэм, зыхуей хуэзыгъазэхэм фIыщIэшхуэ яхузощI. Сыщогугъ дяпэкIи дызэдэлэжьэну, нэхъыбэрэ дызэхыхьэну, – жиIащ Зернов Александр.

Къыхэгъэщын хуейщ КъБКъУ-мрэ Мэзкуу къалэм дэт къэрал университетымрэ илъэс Iэджэ лъандэрэ лъэныкъуэ куэдкIэ зэрызэдэлажьэр. Апхуэдэу Вернадскэм и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ центрымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ 2019 гъэм къызэрагъэпэща консорциумым ипкъ иткIэ еджапIитIми я гъэсэнхэм я щIэныгъэ хасэхэм щIэнIуатэхэр, Iэнэ хъурейхэр, зэхыхьэхэр ирагъэкIуэкI. 2026 гъэм туризмэмрэ щэнхабзэ дипломатиемкIэ зэдэлэжьэну лъэныкъуитIым зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Студентхэм я практикэ лэжьыгъэхэр щIыпIэхэм щрагъэкIуэкIынри зэгурыIуэныгъэ лIэужьыгъуэщIэщ. Хъарзынэу ежьа Iуэхум лъэныкъуитIми фIы къахуихьыну ди гуапэщ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться: