ЩIыналъэхэм зыщIагъакъуэУрысей Федерацэм и Правительствэм къэралым и щIыналъэ зыбжанэм медицинэ IуэхущIапIэхэр щаухуэн, IэнатIэхэм зэгъэпэщыжыныгъэхэр щрагъэкIуэкIын папщIэ иджыри мылъкукIэ защIигъэкъуэнущ. А Iуэхум хухаха сом меларди 6-м щIигъур 2026 - 2028 гъэхэм яIэрыхьэнущ Мордовие, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Магадан, Псков, Ростов, Челебинск областхэм, Камчаткэ, Красноярск крайхэм. КъищынэмыщIауэ, Дагъыстэн, Шэшэн республикэхэм къыщыхъуа псыдзэр зэран зыхуэхъуа медицинэ IуэхущIапIэу 26-р зэфIагъэувэжын папщIэ а щIыналъэхэми хуаутIыпщынущ сом мелуан 280-м нэблагъэ. «Ди цIыхухэм, зыщыпсэу щIыпIэм емылъытауэ, фIагъ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр яIэрыхьэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы щхьэкIэ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщу щытын хуейщ», - жиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил икIи вице-премьер Голиковэ Татьянэ пщэрылъ щищIащ а Iуэхухэр зэрагъэзащIэр и нэIэм щIигъэтыну. ШэрIужь Даянэ.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 15:06 →
Щыуэпсымрэ цIыхумрэ
17.08.2026 - 13:00 →
Уадыгэу упсэуныр тыншкъым
16.08.2026 - 12:26 →
ПсэукIэ жыджэрым хуашэж
16.08.2026 - 11:18 →
Музейхэм ядоIэпыкъу
16.08.2026 - 09:30 →
ГъэщIэгъуэнщ икIи щхьэпэщ
| ||




