ЖэрдэмщIакIуэ, Iуэхум хуэпэж

Сыт хуэдэу щытын хуей унафэр зыIэщIэлъыр? Хуит ар езым и сэбэп зыхэлъхэр псом япэ иригъэщыну? Мы упщIэхэм я жэуапыр къыщыдгъуэтынущ ди тхыгъэр зытедухуа цIыхум и гъуэгуанэм дриплъэмэ.

ЕгъэджакIуэфI, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшыж Дадэ Суфэдин Болэтей къуажэм щыщщ. Абы республикэм и Хабзэубзыху IуэхущIапIэм зэфIэкI къыщигъэлъэгъуащ, ар педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ, цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ IэнатIэм и отличникщ, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэщ. Суфэдин КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым щеджащ. Лэжьыгъэ IэнатIэм щыпэрыувар къыщалъхуа жылэжьырщ.

Курыт еджапIэм зы илъэскIэ щригъэджауэ, Суфэдин ягъэкIуат ХьэпцIей школым. Абдеж абы егъэджакIуэ, завуч IэнатIэхэри щрихьэкIащ, лэжьыгъэшхуи щызэфIихащ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым зэи апхуэдэ щемыкIуэкIауэ, япэ дыдэу Суфэдин къызэригъэпэщауэ щытащ IуэрыIуатэ-этнографие махуэшхуэ.  Абы хэтащ Джылахъстэнейм и къуажэхэмрэ гъунэгъу республикэхэмрэ я лIыкIуэхэр. Адыгэ хабзэ, фащэ, бзэ - ахэрт и лъабжьэу щытар а зэхыхьэшхуэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, зэхуэсыр гукъинэжу зэрекIуэкIар уи нэгу къыщIэзыгъэувэж сурэт зыбжанэ МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъым зэрихуари. Апхуэдэ Iуэхугъуэшхуэ щызэфIигъэкIам, Суфэдин и ныбжьыр илъэс 24-рэ хъу къудейт.

ИлъэситIкIэ ХьэпцIей щылэжьауэ, ар Новэ Хьэмидей къуажэм и курыт еджапIэм и унафэщIу ягъакIуэ. Абы зэрыщылэжьа илъэсипщIым къриубыдэу сыт и лъэныкъуэкIи псэемыблэжу зыкъигъэлъэгъуащ. Суфэдин хузэфIэкIащ лъэпкъ 24-м къыхэкIахэр зыдэса жылэр зэкъуэту, зэныбжьэгъуу, зым и Iуэхур адрейм игъэлъапIэу къызыдигъэгурыкIуэн. «ЗэгурыIуэныгъэрщ фIы къэзышэр. ЦIыхухэр зыхуэгуапэу, зыхуэкъабзэу щытыпхъэщ», - жеIэр Дадэм.

Анэдэлъхубзэр зэрырагъэдж тхылъхэр егъэфIэкIуэным, лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьыным хуэунэтIауи абы куэд дыдэ зэфIигъэкIащ. Суфэдин и фIыщIэщ 1990 гъэхэм КъБР-м и Парламентым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм теухуауэ» Законыр гъащIэм хэпща зэрыхъуар. Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ мы гъащIэм къыщихьыфами, псори зи фIыгъэу Дадэм къилъытэр Нало Ахьмэдхъан, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сымэщ. А нэхъыжьыфIхэм я жыIэр абы сыт щыгъуи и гъуазэт, уеблэмэ ноби игу ихукъым абыхэм я гупсысэхэр, чэнджэщхэр.

1993 гъэм къыщыщIэдзауэ КъБР-м и Парламентым и хэхыгъуищым я депутату Дадэр щытащ, щIэныгъэр, щэнхабзэр, узыншагъэр хъумэн IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ IэнатIэр илъэс зыбжанэкIэ ирихьэкIащ. КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и чэнджэщэгъуу щылэжьа илъэсхэми щыс иIакъым. Республикэ законхэр зыхуэдэр къихутэрт, дэфтэр щхьэхуэхэр щагъэхьэзыркIи депутатхэм защIигъакъуэрт. Апхуэдэуи IуэхущIапIэм и лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэм ятеухуа тхыгъэхэр щызэхуэхьэса къыдэкIыгъуэу 26-рэ абы дунейм къытригъэхьащ.

 «Илъэс куэдкIэ сыдэлэжьащ Дадэм. Ар жэуаплыныгъэ зыхэлъ, сыт хуэдэ IуэхукIи узыщыгугъ хъуну, Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ цIыху щыпкъэщ. Абы и гъащIэр хуигъэпсащ щIэблэр гъэсэнымрэ егъэджэнымрэ. Абы и фIыгъэкIэ республикэм и ныбжьыщIэ куэдым я зэфIэкI утыку кърахьэну Iэмал ягъуэтащ. Суфэдин ящыщщ зи зэманым щымысхьу, зэрызигъэпсэхун хуейм емыгупсысу жылагъуэ Iуэхухэр япэ изыгъэщхэм», - жиIауэ щытащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIу щыта Чеченов Аниуар.

Суфэдин и цIыху щIыкIэкIи и лэжьыгъэкIи щапхъэ зытепх хъуну цIыху угъурлыщ. Ар куэдым ядэIэпыкъуащ. Суфэдин зыцIыхуу, абы псалъэ гуапэ хужызымыIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Зыдэлэжьахэм зы жьэу жаIэ ар пэжагъышхуэ зыхэлъ, напэр япэ изыгъэщу зэрыпсэур. Абы и хьэл-щэныр зыхуэдэри и Iэзагъыр здынэсри наIуэ къэхъуат хабзэубзыху IуэхущIапIэр щызэфIэувэ лъэхъэнэ гугъухэм. Псом ящхьэращи, ар дзыхь зэбгъэз хъун цIыхущ. Ар сытым дежи республикэмрэ абы и цIыхухэмрэ зыIууэ гугъуехьхэм тегузэвыхьу и IэнатIэм пэрытт, икIи и къару къызэрихькIэ ахэм хэлIыфIыхьырт.  Адыгэ хабзэм къызэщIиубыдэ псори зыдэплъагъу Суфэдин цIыху гъэсащ, зэпIэзэрытщ.

Иужьрей илъэсхэм Дадэр  КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щылэжьащ, иджы пенсэм кIуауэ зегъэпсэху.   2015 гъэм абы къыдигъэкIауэ щытащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Дадэ ХьэмытIэ Iэубэчыр и къуэм теухуа «ЩIым и ЦIыху» тхылъыр.

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Федченкэ Людмилэ игу къегъэкIыж Дадэ Суфэдин щыдэлэжьа зэманхэр: «Дадэ Суфэдинрэ сэрэ зэгъусэу республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и зэхуэсыгъуищым я депутату дыщытащ. ЗэрысщIэжрэ цIыху хьэл нэхъ дахэ дыдэхэр зыхэлъщ ар, псом хуэмыдэу цIыхугъэр, гъэсэныгъэр, гумащIагъэр, гущIэгъур, жэуаплыныгъэ иныр, Iуэхум хуэпэжыныр абы сыт щыгъуи щIыгъуащ. Хабзэубзыху Iуэхуми зэфIэкI иIэу, жэрдэмщIакIуэу ар хэтащ. Абы куэд зэфIигъэкIащ анэдэлъхубзэхэм зегъэужьынымкIэ тхылъхэр къыдэгъэкIыным хуэгъэзауэ. I990 гъэхэм я пэщIэдзэм КъБР-м и Парламентым япэу къищтахэм ящыщщ республикэм дежкIэ мытынш лъэхъэнэм къалэнышхуэ зыгъэзэщIа «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис лъэпкъхэм я бзэхэм я IуэхукIэ» Законыр. ФIы и лъэныкъуэкIэ абы теухуауэ иджыри куэд схужыIэнущ. Ар и хэхакIуэхэм апхуэдизкIэ япыщIати, я сэбэп зыхэлъхэр сыт щыгъуи япэ иригъэщырт. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, Дадэ Суфэдин хуэдэхэр къэрал къулыкъум пэрытмэ, цIыхухэм я пщIэр, унафэщIхэм хуащI дзыхьыр къаIэт.

БАГЪЭТЫР Луизэ.  

 

 

Поделиться: