Зыхэтхэм цIыхугъэкIэ, IэщIагъэкIэ, IущагъкIэ къахэщу купщIафIэу псэуащ дохутыр Iэзэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Даур Борис. Ар мы гъэм илъэс 80 ирокъу. Борис хьэлыфIу хэлъым, зэфIэкIыу бгъэдэлъым я фIыгъэкIэ Урысейм и щIыпIэ куэдым къыщацIыху, ныбжьэгъу куэди иIэу нобэрей лъагапIэм нэсащ. Мы тхыгъэм къыщыдгъэлъэгъуэну дыхуейщ абы и махуэ лъапIэм ирихьэлIэу и ныбжьэгъухэр къызэрыддэгуэша гупсысэхэр.
- Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыха цIыхум хьэл-щэн екIухэр хэлъын зэрыхуейр наIуэщ. Ар IэщIагъэм пэлъэщынрэ пэмылъэщынрэ зэлъытар езым хэлъ быдагъэрщ, фIэщхъуныгъэрщ, цIыхугъэ лъагэрщ. Дауи, мыхьэнэшхуэ иIэщ узыфэхэр къэпхутэфу, бгъэхъужыфу, сымаджэм и псэр бгъэтыншыфу щытынми, – жеIэ Москва щыIэ Адыгэ щэнхабзэ центрым и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ Агырбэ Юрэ. - Даур Борис и цIыхугъэм, IэщIагъэм, щэн дахэм къыпэкIуа фIыщIэмрэ щытхъумрэ гъунапкъэншэщ. Аращ ноби и ныбжьэгъухэмрэ лэжьэгъухэмрэ пщIэшхуэ къыщIыхуащIыр. Ар гумащIагъэм, псэ хуабагъэмрэ гущIэгъумрэ, гуапагъэмрэ Iэдэбагъымрэ я щапхъэу бгъэлъагъуэ хъунущ. Борис Москва къалэ Адыгэ щэнхабзэ центр къыщызэIутхыным ди гъусэу хэлIыфIыхьащ.
Иужьрей илъэсхэм абы гулъытэшхуэ хуещI лъэпкъ зэхэщIыкIыр хъума хъуным, ди щэнхабзэм зегъэужьыным, къыддекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр къыдэкIуэтей щIэблэм яIэщIэлъхьэным. Адыгэ хабзэм щIапIыкIа адыгэлI нэсым ныбжьэгъугъэм и уасэр ещIэ, и лэжьэгъухэм пщIэ яхуещI, нэхъыжьхэр егъэлъапIэ. Абы и гулъытэмрэ гумащIагъымрэ зыхащIащ ди ветеран куэдым, я махуэшхуэхэр къахузэригъэпэщу, юбилейхэр яхуиIэту. Мы зы тхыгъэм къызэщIиубыдэу Борис ищIэ IуэхуфI псори къыпхуебжэкIынукъым. И лэжьэгъухэм, щIэблэм, нэхъыжьхэм, ныбжьэгъухэм абы пщIэуэ яхуищIыр щIалэгъуалэм я дежкIэ щапхъэщ!
Борис и творчествэм, и гъащIэ гъуэгум и тажу къэплъытэ хъунущ иджыблагъэ дунейм къытехьа «Дорога длиною в жизнь» тхылъыр. Тхылъым лъабжьэ хуэхъуар езым къикIуа, гъэунэхуныгъэхэмкIэ, гуфIэгъуэхэмкIэ, гуныкъуэгъуэхэмкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгурщ. Абы къыщигъэлъэгъуащ ар къэралымрэ хэку цIыкIумрэ ягурэ псэкIэ зэрепхар; цIыху зэхущытыкIэхэм я уасэр; бэр зэрыгъуазэхэмрэ гъащIэм и хабзэхэмрэ; жьыгъэр къызэрыщыхъур; псынщIэу зызыхъуэж дунейм псэкупсэр, хабзэр, бзэр зэрыщахъумэр, нэгъуэщIхэри. Борис къелъытэ укъэзыухъуреихь цIыхухэм пщIэ яхуэщIыным, абыхэм зэраIущIам папщIэ фIыщIэ щIыным мыхьэнэшхуэ иIэу. Апхуэдэуи къыхегъэщ жьыгъэр зэрымыгужьеигъуэр, ар уи зэфIэкIхэмкIэ, IэщIагъэм, щIэныгъэм ущиIа ехъулIэныгъэхэмкIэ щIалэгъуалэм уащыдэгуэшэн хуей зэману.
Тхылъым дохутырым и Iущагъ, и щхьэ кърикIуа гурыгъу-гурыщIэхэр щызэхуэхьэсащ. Абы щызэпкърех адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэжьхэр, лъэпкъ хабзэхэм игъуэта иджырей зэхъуэкIыныгъэхэр. Даурым и лъэпкъым, и Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр къыпхуэмылъытэн хуэдизу инщ. Тхыгъэхэм IупщIу къыхощыж езым теухуа хъыбархэр, къыщалъхуа къэралымрэ къызыхэкIа лъэпкъымрэ я щхьэ кърикIуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр. Псом хуэмыдэу гум дохьэ и хэку цIыкIум – Хьэбэз - зэрытепсэлъыхь щIыкIэр. Авторым тхылъеджэм и фIэщ ещI дэтхэнэ цIыхуми и гъащIэр, и лъабжьэр къыщежьэ хэку цIыкIум абы икIуну гъуэгуанэр быдэу зэрепхар. Абы теухуауи и гъащIэм щыщ Iыхьэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къыддогуашэ.
ПщIэ зыхуэтщI Борис! Уэ уи гъащIэ гъуэгур махуэкIэ е бжыгъэкIэ зэхэлъ къудейкъым, атIэ цIыхухэм, щIэныгъэм, жылагъуэм уахуэлэжьэным и щапхъэ нэсщ: сымаджэхэм уеIэзащ, уи бынхэр бгъэсащ, тхылъхэр къыдэбгъэкIащ, уи цIыхугъэхэм уадэIэпыкъуащ, нэгъуэщIхэм я гузэвэгъуэхэри зэи гулъытэншэ пщIакъым. Илъэс 80-р Iущыгъэм и щыгущ, укъызэплъэкIыжу уи лэжьыгъэм къыпэкIуар къыщыппщытэжкIэ, гъащIэр пщIэншэу зэрумыгъэкIуам уригушхуэ хъунущ, ар IуэхукIэ, гуапагъкIэ, щхьэпагъкIэ гъэнщIауэ щытащи. Иджыпстуи Хэку цIыкIум пщIэшхуэ ущиIэщ, республикэм хьэрэмыгъэншэу жылагъуэ лэжьыгъэшхуэ щыбогъэкIуэкI.
КъШР-м ис адыгэхэм я Нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу мэлажьэ Борис икIи а IэнатIэм куэд щызэфIегъэкI и анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, хабзэр хъумэным теухуауэ. Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, адыгэм и пщIэр Iэтыным хуищI хэлъхьэныгъэр къэлъытэгъуейщ. Ар иужь итщ адыгэ щIалэгъуалэр интернационализмэм хуигъэсэну. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, езым цIыхугъэшхуэ якIэлъызэрехьэ сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэкIами, ди къэралым и дэтхэнэ плIанэпэ щыпсэуми, хамэ къэралхэм щыщ и нэIуасэхэми. Ар апхуэдизкIэ хьэлэлщ, гуапэщ, и дохутыр IэзагъымкIэ псоми ялъоIэсыфри, зэ къэзылъэгъуам е зыдэIэпыкъуам зэи щыгъупщэркъым. Щхьэхуещагъэ хэлъкъым Борис, арагъэнщ и хъуреягъым щыт псори къыдэзыхьэхыр, фIыуэ къыщIалъагъур.
Дэ дощIэ зи адэшхуэ цIэрыIуэм ещхь хъуным хущIэкъу уи къуэрылъху цIыкIухэм я ехъулIэныгъэхэм узэрыригушхуэр. Уи бынхэм хуэфащэ щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ зрагъэгъуэта къудейкъым, атIэ псоми я анэдэлъхубзэр зэребгъэщIар догъэлъапIэ, ар зыхузэфIэкIыр зэрымащIэ дыдэр дощIэри. Ди къуэш лъапIэ, ди гум, ди псэм къыбгъэдэкIыу дынохъуэхъу уи юбилеймкIэ! Узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыныгъэ, мурад мыкIуэщI, творческэ ехъулIэныгъэщIэхэр уиIэну дынохъуэхъу. Хъуэхъу псалъэ дахэхэр къыпхужаIэ Москва щыIэ адыгэ щэнхабзэ центрым, Адыгэ дохутырхэм я хасэм хэтхэми.
Быж Айтэч, генерал-лейтенант: - Даур Борис илъэс куэдкІэ Москва щыпсэуащ икІи сытым дежи ди адыгэ лIакъуэхэм - шэрджэсхэм, къэбэрдейхэм, адыгейхэм, шапсыгъхэм - я шхэпсу къекІуэкІащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Абы фом хуэдэу дызэкІэригъапщІэрт, дызэришалІэрт, диунэтІырт, и къуэш, и шыпхъу дыдэм хуэдэу къытхуэгузавэрт. Борис и псалъэ гуапэмрэ и угъурлагъымрэ дэтхэнэми къытлъигъэIэсырт, медицинэ дэІэпыкъуныгъэ хуей дыхъумэ, и нэIэ къыттетт. СощIэж Урысейм и ЛІыхъужь Мэзыхъуэ Владимир гулъытэшхуэ хуищІу, и адэ дыдэм хуэдэу зэрыкIэлъыплъар. ИпэжыпІэкІэ, апхуэдэ цІыху щабэ, хьэрэмыгъэншэ, псэ къабзэ гъащІэм дыщрихьэлІэныр - дэркІи, и хэкуэгъу дэтхэнэмкІи насыпышхуэщ. Ноби, къыщалъхуа и хэку цIыкIум щыІэми, абы псори дызэпещIэ, дызэлъегъэIэс.
Борис и илъэс 80-м сыхуейщ сехъуэхъуну фІыгъуэ, узыншагъэ щымыщІэну, бэІутІэІу хэмытыну. И хэку цІыкІум, Кавказым и теплъэ телъыджэм гу щихуэу, и Іыхьлыхэм, и ныбжьэгъухэм ягу хагъахъуэу илъэс куэдкІэ псэуну Тхьэм жиIэ! Нобэ Борис Москва щымыпсэуми, абы и псалъэхэр Урысейм и щІыпІэ куэдым щызэхах: хы ФІыцІэ Іуфэми, Абхъазми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Шапсыгъми, Адыгейми. Арагъэнщ къытщызыгъэхъур ар сыт щыгъуи къыдбгъэдэту, хабзэмрэ нэмысымрэ дыхуиунэтІу къытхэту.
Борис, си ныбжьэгъу лъапІэ! Уузыншэрэ насыпыфІэу куэдрэ Тхьэм уигъэпсэу! Дэ абы икъукІэ дыщыгуфIыкIынущ.
Жэман Ахьмэд, «МТС-Банк» ПАО-м и вице-президент: Зи махуэр зыгъэлъапIэ си ныжьэгъуфI Даур Борис хуэдэхэрщ Къэзанокъуэ Жэбагъы «Зэмаым декIур лIыфIщ» зыхужиIар. ПщIэшхуэ зыхуэсщI лIы щыпкъэр зэманми щытыкIэми дэгъуэу хозагъэ. НыбжьэгъукIэ зыхуэдэ щыIэкъым Борис, абы къыдигъэкIа тхылъым ныбжьэгъу гъуэзэджэу зи гугъу щищIар мащIэкъым. Дэ куэд дохъу - адыгэхэри нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэри, Хьэбэз къыщыщIэдзауэ Москва нэс щыпсэухэр. А псори дрогушхуэ ди зэныбжьэгъугъэм икIи бжыдоIэ, къызэбнэкIа илъэсхэр уи закъуэкъым зейр, атIэ ар дэ псоми ди мылъкущ.
Уэ къызэрымыкIуэу псэ хьэлэл уиIэщ, сытым дежи ухьэзырщ цIыхум икIэщIыпIэкIэ удэIэпыкъуну. Ар дохутырым хэлъ хьэл-щэн къудейкъым, атIэ цIыхугъэкIи псоми уазэрылъыIэсыным иужь уитщ. Уи IэщIагъэмкIэ уи лэжьэгъухэм сэ нэхърэ нэхъыфIу ящIэ уэ куэдым я гъащIэр зэрахуэпхъумар, ар нэхъ кIыхь зэрахуэпщIар.
Шэч къытесхьэркъым куэд фIыкIэ зэрыпхуэхъуахъуэм, фIыщIэ къызэрыпхуащIым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, уэ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI удохутырщ, цIыхугъэшхуэ пхэлъщ, Гиппократ и тхьэрыIуэр богъэлъапIэ. А псом къищынэмыщIауэ, цIыху сымаджэм хущхъуэкIэ узэреIэзэм нэмыщI, гум къыбгъэдэкIыу гум нэс псалъэ гуапэхэмкIэ уадоIэпыкъуф. НэгъуэщIу жыпIэмэ, къаруущIэрэ гугъапIэкIэ уахуоупсэ. Гуапэу сигу къокIыж сэ си лъэIур зэрысхуэбгъэзэщIари. Инджылызым щамыгъэхъужыф ди лъэпкъэгъур зэрыбгъэхъужар, зэман кIэщIым къриубыдэу лъэ быдэкIэ къызэрыбгъэувыжар.
Борис, хьэлыфIу пхэлъхэм ящыщщ цIыхухъу зэныбжьэгъугъэ нэсым и мафIэ хуабэр зэрыпIыгъыфыр. Зэныбжьэгъу Iэнэ дыпэрысу е телефонкIэ зызэпытщIэу дыщызэпсалъэкIэ, гурыщIэ къабзэкIэ зызогъэнщI. Тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ ехьэлIауэ щIэныгъэ куу зэрыббгъэдэлъым, IэщIагъэ, къулыкъу зэхуэмыдэхэм пэрыт куэдым уазэрыхуэзэм къыхэкIыу, упсэлъэгъу телъыджэщ. Адыгэ щэн гъуэзэджэмрэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ интеллигентымрэ я хьэлхэр зэгъэкIуауэ пхэлъщ. Аращ уэ узыIэтыр.
ЩыIэщ адыгэ фащэ зыщатIагъэурэ зызыгъэпIийхэр. Адыгэ цейр армырами дахэщ, ар рекламэ хуэныкъуэкъым. Ауэ щыIэщ ар зыгъэбжьыфIэ цIыху щыпкъи. Уэ абыхэм уащыщщ. Адыгэм лIэщIыгъуэкIэрэ къыдекIуэкIа хабзэхэмрэ Iущагъымрэ зыбгъэдэлъ уэ уи псэ къабзагъымрэ угъурлымрэ екIу дыдэщ.
Уи лэжьыгъэм къигъэув хъэлат хужьри, европей кIэстуми, адыгэ фащи пщыгъыу услъэгъуащ. Къыхэгъэзщыну сыхуейщ фащэр щыпщыгъкIэ абы щIыгъу уи дуней тетыкIэмкIэ, уи псэ къабзагъымкIэ, зыIыгъыкIэмкIэ адыгэлIым и шыфэлIыфэмрэ и бжьыфIагъымрэ дуней псом зэребгъэлъагъуфыр.
Сынохъуэхъу, си ныбжьэгъу лъапIэ, иджыри илъэс куэдкIэ узыншэу укъытхэтыну, мы дуней гугъур адыгэлIым, дохутырыфIым, цIыхуфIым, ныбжьэгъуфIым и хьэл дахэхэмкIэ нэхъ тынш, щIэращIэ пщIыну.