Къуэрылъху цIыкIум и лъэIу

Москва къалэм дэт «Унафэ зэращI IэмалыщIэхэр» къэрал IуэхущIапIэм щолажьэ ди зы лъэпкъэгъу пщащэ. КIэрашэ Алинэ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №2-р къиухащ икIи ди щыхьэрым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтауэ иджы и IэщIагъэм иролажьэ. Мы тхыгъэр зытеухуар аращ, зи Iэдакъэ къыщIэкIар и адэшхуэ КIэрашэ Михаилщ.  

  «Зэкъуэш цIыкIуих зэгъусэу дыкъэхъуащ. Дэ дызыхурикъужырти, дыщыцIыкIум гуныкъуэгъуэ диIакъым зы шыпхъу цIыкIу нэхъ мыхъуми къызэрытхэмытым ехьэлIауэ. Нэхъ балигъ дыкъэхъуу, зыгуэрхэр нэхъ къыщыдгурыIуэм, дыщыуэу зэрыщытам гу лъыттэжат, псом хуэмыдэу дехъуапсэрт ди адэ къуэшым и къуэм шыпхъуитху зэриIэмкIэ. Сэри насып къысхуиухатэкъым хъыджэбз сиIэну…

 АрщхьэкIэ, си япэ къуэрылъхур хъыджэбз цIыкIуу дунейм къытехьат. Нэ щхъуантIэ пIащитIым сызэрыщIэплъэу, дунейр сэ щхьэкIэ щIэрыщIэу къагъэнэхужам хуэдэу, дауи, къысфIэщIат.  

Алинэ къызытехьа дуней абрагъуэр зэуэ зригъэцIыхуфын хуэдэ набдзэгубдзаплъэу зиплъыхьырт. Iэдэбт, гъыринэтэкъым. МазитI хуэдэкIэ абы зэхицIыхукI хъуащ хэт хэгъэрейми хамэми. Псысэхэм зэрыщыжыIам хуэдэуи, къэхъурт ар щIэхыу: мазипщIым щитым зи ныбжьыр илъэситI хъу сабийм хэбгъэгъуэщэнкIэ зыхуэIуа щыIэтэкъым. Зыри зыпэмыплъэххарати, мази 7 щыхъуам ар псэлъащ, мазэ 11-м езыр-езыру къикIухьын щIидзащ. «Дадэ! Дадэ! Къызэплъыт!» - жиIэурэ зыкъысхуигъэщIагъуэу абы къижыхьырт.

Илъэсищ ныбжьым иту сурэт щIыным дихьэхащ, усэхэм гъэхуауэ къеджэн щIидзащ - иджы илъэситху хъу сабийхэм ар яхэгъуэщэнут. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, псом нэхърэ нэхъыфIу илъагъур дадэт. Благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ «Хэт нэхъ дахэр? Хэт нэхъ щхьэц баринэр?» - жаIэурэ щеупщIым, шэч къытримыхьэу: «Дадэщ», - яжриIэрт. Абы игу къэкIыххэртэкъым зи гугъу ящIыр нанэр зэрыарар.

Мази 8 - 9 ныбжьым щитым щегъэжьауэ дадэрэ нанэрэ я деж жэщгъуэлъ къанэу щIэзыдза сабийм, дауи, и гур къыткIэрыпщIат. Зэгуэрым ар и адэ-анэм я деж щыIэу, и «дадэ щхьэц баринэр» къыхуашэну япиубыдащ. Апхуэдэу жэщ ныкъуэм къалэм адрей и зы хьэблэм ар къитшыжат.    Имыдэххэрати, дадэ езым хузэхилъхьа уэрэд цIыкIум щIэмыдэIуауэ пхуэжеижынутэкъым. Арати, лэжьыгъэ IуэхукIэ дадэ къыщытым деж, а уэрэдыр игу зэгъэху зэрызыххэу унэм щIэсым жригъэIэрт. ЗэрагъэзащIэр игу иримыхьарэ - и къэгубжьыныр куэдрэтэкъым.

Апхуэдэу илъэсиплIыр екIуэкIащ. Илъэсрэ ныкъуэрэ и ныбжьыр зэрырикъурэ гъэ къэс ар дадэрэ нанэрэ ди гъусэу тенджыз ФIыцIэм дыкIуэрт, згъэщIагъуэрт толъкъун цIыкIухэм щымыщтэу абы фIэфIу зэрызигъэпскIыр. КъэкIуэжакъэ, зыри димыгъэхуу псоми яжриIэжыфынут илъэгъуа псори, уеблэмэ дадэ тенджызым и лъащIэм къыщыхущIиха блэтхьэкIумэхэми (ракушки) щхьэхуэу я гугъу ищIыжынут. Абы щыгъуэм, дадэ жыжьэу псым щыхыхьэкIэ, ар къэшынэжырти, къаджэрт: «Дадэ! Дадэ! Сыхуейкъым зыри, къэгъэзэж!» - жиIэу. Зэманыр щIэщыгъуэу зэригъэкIуэнур ищIэрт: пшахъуэм уардэунэхэр щиухуэрт, мывэ зэмыфэгъухэр зэхуихьэсырт, а псор унэм нэс кърихьэлIэжырт. Нэкуи-напIэуи иIэр тенджызырт.

Ди къуэрылъху цIыкIум апхуэдизкIэ дыдихьэхати, абы и псалъэр ди дежкIэ унафэт. Гъэмахуэ пщыхьэщхьэхэм аэропортым пэмыжыжьэу диIэ щIапIэм дыкIуэнти, жэщым кхъухьлъатэ телъэтыкIхэм дакIэлъыплъу куэдрэ дыщысынт. Щэбэт, тхьэмахуэ махуэхэр зыхухэхар къалэ зоопаркырт. Тхьэмахуэ псокIэ Алинэ зыхуигъэхьэзырырт номинхэм, махъшэхэм, шы цIыкIухэм, щынэхэм зэраIущIэнум, игъэтIыгъуэу иIыгъырт абыхэм яригъэшхыну IэфIыкIэхэр.

… Зы жэщ гуэрым къызэщыуащ, махуэм здэщыIа псыежэх цIыкIур имылъагъункIэ Iэмал имыIэу. Сытыт дадэ и Iэмалыр?! ЗгъэзэщIащ фIыщэу слъагъу си къуэрылъху цIыкIум и лъэIур. Топ нэхъыфI дыдэу илъагъур абы къипхъуатэри, дежьащ. Хэт ищIэрэ, пщIыхьэпIэу илъэгъуагъэнт и топыр псыежэхым хидзэу ар зэресым кIэлъыплъауэ. Псыежэхым дынэсри, лъэмыжым дытехьащ. Зы тэлаи димыгъэкIыу, абы топыр идзри, Налшык псыежэх уэрым хигъэхуащ. Топыр псым зэрынэсу зыщIигъэмбрыуэри, бгъуэтмэ къащтэ, жыхуиIэращ - хэкIуэдащ.  Алинэ гъынтэкъэ?! Шыпсэ хузэхэслъхьащ, топыр тенджыз ФIыцIэм нэсу бэгъуауэ къызэригъэзэжынур. Арати, мамыру декIуэлIэжащ унэм. МахуиткIэ сылъыхъуащ апхуэдэ дыдэ топ и плъыфэкIи и инагъкIи ещхьу сымыгъуэту.  ИужькIэ сытми, си насып кърихьэкIри, Iуэхур зэтедгъэуIэфIэжащ. Ноби абы игу къегъэкIыж тенджызым къызэпрысыкIыу и топыр къызэрыкIуэсэжауэ щытар.

 Езым и ныбжьхэм сыт щыгъуи зы щхьэкIэ къахэщу къыдэкIуэтея хъыджэбзыр илъэсих зэрыхъуу курыт школым кIуащ. Ещанэ классыр къыщиухым, и ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, ар занщIэу етхуанэ классым щIэсхэм хагъэтIысхьащ. Тыншу къехъулIэрт абы дерсхэр. Езыр нэфIэгуфIэщи, зыхыхьэ сыт хуэдэ гупми хозагъэ. Алинэ Парижрэ Дубайрэ зригъэлъэгъуащ, Москва къалэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащи дрогушхуэ».

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

Читать также: