Лъэпкъым папщIэ псэуа Есэн Сэбахьэтдин

 Зи хэкужь лъахэмкIэ зигури зи псэри щыIэу зи гъащIэр зыхьахэм, зи анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ зи пкъынэлъынэхэм, гупсысэхэм зэи хэмыкIыу щытахэм ящыщщ хэкупсэ нэсу дунейм тета Есэн Сэбахьэтдин Сэлмэн и къуэр (1934-2021). ХамэщIыр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэр нэхъ тынш щIыным, адэжь щIыналъэм ахэр пыщIауэ щытыным, я хэкур ягъуэтыжыным хуэгъэпса Iуэхугъуэ куэд зэфIэзыха адыгэлI щыпкъэхэм ящыщт а нэхъыжьыфIыр. Иджыблагъэ илъэситху хъуащ Есэныр дунейм зэрехыжрэ.

Есэныр Тыркум и Къайсэр щIыналъэм хыхьэ Къунашей къуажэм 1934 гъэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт еджапIэр фIы дыдэу къиухри, адыгэ щIалэ гурыхуэм еджэным щыпищащ Анкара дэт университетым. Абы Сэбахьэтдин щызригъэгъуэтащ юрист IэщIагъэр. Къыхэгъэщыпхъэщ Къайсэр щыпсэу адыгэхэм, абазэхэм къахэкIауэ япэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтахэм Есэныр зэращыщыр.

ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI щыпкъэр Къайсэр щIыналъэм куэдрэ щылэжьащ уэчылу, прокурору, судыщIэ нэхъыщхьэу. Зи лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэ лэжьакIуэфIым пщIэшхуэ щиIащ щIыналъэм и унафэщIхэм, къыдэлажьэхэм, и лъэпкъэгъухэм я деж. Ар Сэбахьэтдин къихьащ зыпэрыт IэнатIэм хуиIэ жэуаплыныгъэ инымкIэ, хэлъ цIыхугъэ лъагэмрэ зэхэщIыкI куумкIэ. Сыт хуэдэ лъэпкъ щыщ цIыхухэм абы зыкъыхуамыгъэзами, ар дэтхэнэми хуэхъурт чэнджэщэгъу Iущ, унэтIакIуэ Iэзэ икIи щапхъэ нэс.

Зыпэрыт IэнатIэ ткIийм къыщыдэхуэ зэманым ар хуэжыджэрт щIыналъэм щекIуэкI жылагъуэ гъащIэм. Псом хуэмыдэу абы гууз-лыуз яхуиIэт и лъэпкъэгъухэм. Адыгэм и Iуэхур дэкIын, абы и щыIэкIэ-псэукIэр нэхъ тынш хъун папщIэ, Есэным имыщIэн щымыIэми ярейт, апхуэдизу лъэпкъым и гур хуитхьэщIыкIати.

Зи гъащIэр и лъэпкъым щхьэузыхь хуэзыщIа цIыху гъуэзэджэм Iуэхугъуэ куэд зэфIихащ Тыркум щыпсэу адыгэхэм къыщхьэщыжакIуэ яхуэхъун, хэкужьым къина я лъэпкъэгъухэм япызыщIэн жылагъуэ зэгухьэныгъэ яIэн и лъэныкъуэкIэ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 80 гъэхэм, Тыркум тетыгъуэр дзэм щиубыда лъэхъэнэм, абы щызэхуащIыжауэ щытащ Адыгэ хасэхэр. ЩытыкIэм зихъуэжа нэужь, Сэбахьэтдин лъэкI къигъэнакъым ахэр щIэрыщIэу къызэIуахыжын папщIэ. Абы къызэхикIухьащ адыгэхэр щыпсэу къуажэхэр, хасэм и Iуэху зыIутыр яжриIэу, ахэр абы къыхишэу, Къайсэр щыIэ Адыгэ Хасэмрэ адэжь лъапсэм щыпсэу адыгэхэмрэ яку зэпыщIэныгъэхэр щиухуэу.

НэхъыжьыфIыр хуабжьу хэлэжьыжьащ Тыркум щыIэ Адыгэ хасэхэм я зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэ КАФФЕД-р къызэгъэпэщынми. Къайсэр щыIэ Адыгэ Хасэр зыщIэсын унэ имыIэу къыщынэм, Есэныр сэбэп хъуащ абы хэщIапIэ тэмэм егъэгъуэтынымкIэ.

ТIэш Хьэмид и «Iуащхьэмахуэ» уэрэдым зэрыхэту, «лыуэ телъыр» Тыркум ейми, «къупщхьэу иIэр», лъыуэ щIэтыр адэжь лъахэу Къэбэрдейм ейуэ къилъытэрт Сэбахьэтдин. Дунейпсо Адыгэ Хасэр 1991 гъэм къызэзыгъэпэщахэми яхэтащ хэкупсэр. Абы щыгъуэ ар Тыркум щыпсэу адыгэхэм я лIыкIуэу къэкIуэжат адэжь щIыналъэу и пщIыхьым хэмыкIым икIи жыджэру хэтащ ДАХ-м и япэ зэIущIэми Адыгэхэм я Дунейпсо Конгрессми. Абы иужькIи зыбжанэрэ къытригъэзащ хэкужьым икIи дапщэщи хуэхьэзырт лъэпкъым ифI къызэрыкIыну къалэнхэр пщэрылъ зыщищIыжыну, апхуэдэуи адыгэпсо IуэхугъуэфI куэдым я жэрдэмщIакIуэт. КъызыхэкIа лъэпкъыр фIыуэ илъагъуу, абы хуэIуэтхьэбзащIэу и гъащIэр ирихьэкIащ. Апхуэдэт абы и щIыбагъ къыдэт и унагъуэ дахэри: и щхьэгъусэри, и пхъуитIри, и щIалэ закъуэри.

 Зи лъэпкъым хуиIа лъагъуныгъэ къабзэмкIэ пщIэшхуэ къэзылэжьа Есэн Сэбахьэтдин Сэлмэн и къуэм хуэдэхэм куэд дыдэ зэфIагъэкIащ мы махуэхэм дгъэлъапIэ, Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэр адыгэхэм диIэн папщIэ. Абыхэм я егугъуныгъэкIэ, пхаша лъагъуэм и фIыгъэкIэ адэжь щIыналъэр ягъуэтыжащ цIыхуищэхэм, лъэпкъым и унагъуипщI бжыгъэхэм  я лъапсэхэр ди деж щаухуэжыну Iэмал ягъуэтащ. Апхуэдэ цIыху щыпкъэхэм я фэеплъыр куэдрэ тхъумэнщ адыгэхэм.

 ТАМБИЙ Линэ.

 

Поделиться:

Читать также: