Хэкум и тхыдэм щагъэгъуазэ

Илъэс пщыкIутIым нэблэгъауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщ «Ди хэкуэгъухэм я лагерь» Iуэхур. Мы гъэми абы пащащ.
Хамэ къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм я бынхэм зыщрагъэпсэху лагерыр къызэрегъэпэщ КъБР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ «Эльбрусоид» фондым и Налшык къудамэмрэ и гъусэу. Ар ирагъэкIуэкI «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал лъэпкъ политикэмрэ жылагъуэм къыщыхалъхьэ Iуэхухэмрэ щыгъэзэщIэн» лэжьыгъэм хиубыдэу.
  Мы гъэм зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуащ Тыркум, Иорданием, Къэзахъстаным, Абхъазым щыпсэу щIалэгъуалэ 62-рэ. ЩIыналъэ унафэщIхэм я мурадщ ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ зэпыщIэныгъэр ирагъэфIэкIуэну, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ хабзэхэмрэ щIэблэр хагъэгъуэзэну. ЗыгъэпсэхуакIуэ къашэхэр щIыпIэ унафэщIхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм хэлIыфIыхьхэм IуагъащIэ, лъэпкъ IэпщIэлъэпщIагъэм хагъэгъуазэ, музейхэм яшэ, щIыналъэм зыщрагъэплъыхь.
Къыхэгъэщыпхъэщ, ныбжьыщIэхэр щэнхабзэм щагъэгъуазэ къудей мыхъуу, я тхыдэри, къызыхэкIа лъэпкъым и псэукIэри абыхэм зэрырагъэлъагъур, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэрызэпащIэр.
КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэм къыхагъэщ щIалэгъуалэм лагерым щагъакIуэ махуэхэр гукъынэж зэращыхъунур, республикэр нэхъыфIу къацIыхумэ, Хэкум хуаIэ пщIэр зэриIэтынур. Шэч хэмылъу, мыпхуэдэ жэрдэмхэр IуэхуфIщ хамэ къэралхэм щыIэ ди лъэпкъэгъухэм дапыщIауэ щытынымкIэ.
Министерствэм япэ махуэм иригъэкIуэкIащ тхыдэ-хэкупсэ мыхьэнэ зиIэ зэIущIэ. Абы тхыдэджхэр щытепсэлъыхьащ адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэр урысей къэралыгъуэм щыгухьа лъэхъэнэхэм. 
ЩIалэгъуалэр щыгъуазэ ящIащ адыгэпщхэм къахэкIахэм Москва пащтыхьхэм я деж къулыкъу щащIэу, IэнатIэшхуэхэри яIыгъыу къызэрыгъуэгурыкIуар, абыхэм Урысейм и политикэр Кавказ Ищхъэрэм щыпхагъэкIыу зэрыщытар.
Гулъытэ хэха хуащIащ XVII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щыIа зэман зэрыхьзэрийм (Смутное время) и напэкIуэцIхэм. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ Урысей къэралыгъуэм и къэкIуэнур щагъэбелджылым, Черкасскэ пщыхэр абы зэрыхэлIыфIыхьар. Адыгэхэр лIыгъэ ягъэлъагъуэу хэтащ Польшэмрэ Литвамрэ я дзэхэр щрахужам щыгъуэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Черкасскэхэ быдэу япыщIат Романовхэ я унэми - ар сэбэп хуэхъуащ лъэпкъ къарухэр зэкъуэгъэувэным.
ЕтIуанэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм балъкъэрхэр Урысей къэралыгъуэм зэрыгухьам. Абдеж щIалэгъуалэм ирагъэлъэгъуащ а зэманым и архив тхылъымпIэхэр, балъкъэрхэр Урысейм хуэпэжыну тхьэрыIуэ зэращIари яхэту. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей Федерацэмрэ нобэрей я зэхущытыкIэми, псом хуэмыдэу лIэщIыгъуитIым нэблагъэкIэ узэIэбэкIыжмэ къащта тхыдэ унафэхэм тету, зэгъусэу къэралым и зыужьыныгъэм зэрелэжьым.
Лагерым къэкIуахэр махуипщIкIэ мыпхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хагъэгъуэзэнущ, арджэн щIыкIэмрэ къэфэкIэмрэ хуагъэсэнущ, анэдэлъхубзэмкIэ дерсхэр къыхузэрагъэпэщынущ, шым тесу зрагъэплъыхьынущ. Апхуэдэуи Iуащхьэмахуэ лъапэ кIапсэ гъуэгукIэ ахэр драшеинущ, Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл щхъуантIэхэм, Налшык къалэм зыщрагъэплъыхьынущ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: