Нажэхэ я щIалэм Хэкум къегъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрым мащIэ-куэдми хуэмурэ къагъэзэж Хэкум пэIэщIэу илъэс куэдкIэ псэуа ди лъэпкъэгъухэм. Абыхэм ящыщщ дохутыр щIалэщIэ Нажэ Ахьмэд. Ар Сирием и къалащхьэ Дамаск къыщалъхуащ, адыгэ хабзэр щагъэлъапIэ унагъуэм къыщыхъуащ. 

Ахьмэд и адэр къулыкъум пэры­мытыж генералщ (Гиясщ и цIэр). Ар хабзэ быдэмрэ пщIэмрэ я цIыхущ, и псалъэр унагъуэм дежкIэ унафэщ. Адэращ къуэхэм анэдэлъхубзэр езыгъэщIар, лъэпкъ тхыдэм зэрыцIыкIурэ хигъэгъуа­зэу, пщIэ хуащIу, сыт хуэдэ гъуэгуанэ зэпачын хуей хъуами къагурыIуэу къэзыгъэхъуар. ЖытIэнуращи, мы унагъуэм, адыгэм зэрихабзэу, псори зытещIыхьар цIыхухъум жиIар игъэзэщIэжу, жэуап ихьу щытынырщ. НэхъыщIэхэр нэхъыжьхэм пэрыуэркъым, я псалъэр тIэу жыIэ ящIыркъым. «Си адэр Сирием и генералщ. А къулыкъум хуэпэжу зэры-пэрытам хуэдэ дыдэу, унэм дежи абы и псалъэр ди хабзэ ткIийт, - дыщегъэгъуа­зэ Ахьмэд. - Ди адэм куэдрэ къыджиIэрт: «Уи бзэр щIэпщIэр ар уи гупсысэ къызэрыбгъэлъагъуэ Iэмал ­къудейуэ аракъым, атIэ ди япэ итахэм, ди Хэкум дапызыщIэщ». Дызыщыщыр зэрыт­щымыгъупщэным балигъ ды­хъуху ар зэпымыууэ хущIэкъуащ. Къапщ­тэмэ, унэм анэдэлъхубзэкIэ фIэкIа дыщи­гъэп­сэ­лъакъым. ДыщыцIыкIум щегъэ­жьауэ къыджиIэу щытащ Сириер ды­зэримы­хэкур, ди лъэпкъэгъухэр щып­сэу Кавказыр жэнэтым хуэдэу зэ­рыдахэр. А псор дэ ди пкъым хыхьащ».
Ахьмэд и анэ Зайнаб сурэтыщIщ, нэхъ ипэкIэ и лэжьыгъэхэр мызэ-мытIэу гъэ­лъэгъуэныгъэхэм утыку къыщрихьащ. «Ди адэм хьэл быдэ диIэнымрэ гугъуе­хьым дыкъызэрыпимыкIуэтынымрэ ды­хуигъэсамэ, анэм сытым дежи цIыхуу укъэнэным, гущIэгъу пхэлъыным дыхуи­гъэIущащ», - къыхегъэщ щIалэм.
Бынхэр балигъ щыхъум, адэм унафэ ищIащ: къуэхэр адэжь Хэкум кIуэжынущ! Ар хуейт я лъабжьэр къыщежьэм и щIэблэр яхигъэтIысхьэжыну. Ахьмэди ар куэд щIауэ зыпэплъа Iуэхугъуэт. «Дэри дыхуейт ди щIыналъэр тлъагъуну, дыкъэкIуэжыну. Къэдгъэзэжа нэужь, Хэкур ди нэгу къызэрыщIэдгъэхьауэ къыщIэкIащ, - жеIэ Ахьмэд. - Нажэ лъэпкъым щыщхэр мы зэманым нэхъыбэу зыдэсыр Адыгэ Республикэм и Улап, Куэшхьэблэ къуажэхэрщ. Псалъэм папщIэ, соцIыху икIи дызэкIэлъокIуэ бразилие джиу-джитсумкIэ дуней­псо чемпион хъуа Нажэ Налбий (Мей­къуапэ дэсщ), Сирием къиIэпхъукIыжу Адыгейр унапIэ зыхуэхъужа, хьэры­чэ­тIыщIэ Нажэ Уажди сымэ». 
Апхуэдэу езыр - Налшык (къызэ­рыкIуэжрэ илъэс 11 мэхъу), и къуэш Мухьэмэд - Мейкъуапэ къэIэпхъуэжа ­хъуащ. Гияс быдэу зэгупсыса Iуэхуу къыщIэкIынт ар - и щIалэхэр Хэкум и хэгъуэгуитIым лъэпкъ щыхъужыныр и гуращэу. Нажэхэ бжьэдыгъущ. Унагъуэм я нэхъыжьым зэрыжиIэмкIэ, я адэжьхэр я лъахэм щрагъэкIым, япэ­щIыкIэ - Тыркум, иужькIэ Сирием Iэп­хъуауэ аращ. 
Ахьмэд КъБКъУ-м и медицинэ фа­куль­тетым IэщIагъэ щызригъэгъуэтащ, хирургщ. Нобэ ар Шэджэм район сымаджэщымрэ Центральнэ поликлиникэмрэ (Налшык къалэм) щолажьэ. Абы къыдэкIуэу, ар ординатурэми щIэ­тIыс­хьэжащ, иджыпсту пластическэ хирургиемкIэ IэщIагъэ зрегъэгъуэт. Апхуэдэуи Ахьмэд езым къиуха еджапIэм щре­гъаджэ.
Медицинэм ухуеджэныр тыншкъым, абы щыгъуэми хамэщI укъикIыжауэ урысыбзэр тэмэму умыщIэм. Абы къы­хэкIыу Ахьмэд дежкIэ а гугъуехьыр тIууащIэ хъун хуейт. АрщхьэкIэ унагъуэм къыщыхалъхьа ерыщагъымрэ жэуап­лы­ныгъэмрэ сэбэп къыхуэхъужащ ехъу­лIэныгъэ иIэным. Езым зэрыжиIэмкIэ, япэ илъэс нэужьым, урысыбзэр зригъащIэри, зыри къытехьэлъэжакъым. «Дохутыр IэщIагъэр псом япэу къыщIыхэсхар цIыхум удэIэпыкъуным, и узыншагъэмкIэ сэбэп ухуэхъуным нэхъыщхьэ щымыIэу къэслъытэрти аращ. Дэ школыр къыщыдухым, ди адэм хэкъузауэ къыджиIат: «Хэкуращ фыщеджэнур!». Ар и щхьэусыгъуэу, Хэкум ­къакIуэ гъуэгум дыкъытеуващ. АбыкIэ Адыгэ Хасэр къыддэIэпыкъуащ, и егъэ­джэныгъэ программэм дыхэхуэри, - щIегъу Ахьмэд. 
ЩIалэр къыщыхъуа унагъуэр иджыпсту дунейм и щIыпIэ зыбжанэм щызэбгрыдза хъуащ, ауэ адэ-анэм къыхалъ­хьа лъапIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, ехъу­лIэныгъэхэр яIэу, я цIэр жаIэу ап­хуэдэщ. Ахьмэдрэ Мухьэмэдрэ шып­хъутIи яIэщ: Синэмыс Дубай щолажьэ, психолог цIэрыIуэщ, телевиденэм нэтын зэмы­лIэужьыгъуэхэм ирагъэблагъэ. Адрей я шыпхъум и цIэр нэхъ дахэжщ - Симазэщ зэреджэр. Ар адэ-анэм нэхъ я гъунэгъуу Сирием щопсэу. Ахэр унагъуэ хъужащ. 
Ахьмэд Налшык къыщIигъэзэжам IэщIагъэ зригъэгъуэтыныр щхьэусы­гъуэ хуэхъуами, ар гурэ псэкIэ хуейщ и къежьапIэм деж лъабжьэ щигъуэтыжыну. Ар хущIокъу, адэм и гъуазэм тету, лъэпкъ хабзэхэр зыщимыгъэгъуп­щэным. «Адыгэхэр Хэкум къызэ­ры­кIуэ­жыр зи гуапи зыфIэгъэщIэгъуэни куэд­рэ срохьэлIэ. АрщхьэкIэ зи тхыдэ зы­мыщIэжи щыIэщи, абы уи гур хегъэщI. Ауэ иджыри гувакъым, лъэпкъым зы­къищIэжыну, и тхыдэр зригъэщIэжыну, - жеIэ Ахьмэд. - Нэмыс зыхэлъ ди ­къафэхэр, Iущыгъэ куэд къызыдекIуэкI ди хабзэхэр дауэ фIыуэ зэрумылъагъунур?! Уэркъ къафэм сэ си щхьэкIэ езым зыхуэзгъэсэжащ. ПщIэрэ-щIыхьрэ зиIэ ди фащэр-щэ! Дуней псом къыщалъытэ адыгэ фащэм нэхъ дахэрэ щапхъэ зытрахарэ щымыIэу. Сирием щыIэ адыгэ­хэр пшыхьхэм щыхэткIэ, ди лъэпкъ фащэр ящыгъыу утыку къихьамэ, абыкIэ щыпсэухэм ар ягъэщIагъуэ зэпытщ. Сирием дыкъыщыхъуами, а щIыпIэм дыщыщтэкъым. Сэ срогушхуэ сызэрыадыгэм. Си лъэпкъ сыкъы­зэры­хыхьэжари зыхызощIэ икIи зы­хызо­щIыкI».
Ахьмэд зэман къыщыхудэхуэм Iэп­щэрыбанэ спортми хэтщ, къищы­нэмыщIауэ, щIыуэпсыр къызэ­ры­мы­кIуэу фIыуэ зылъагъухэм ящыщщ. Абы и лъэныкъуэкIи къыздэкIуэжар жэнэт щIыналъэу жыпIэ хъунущ. Хэку цIыкIум и дэнэ щIыпIи, зэрыжаIэу, къуакIи бгыкIи, ар щыIащи, псори фIыуэ ецIыху. 
и ныбжькIэ щIалэми, Ахьмэд куэдым йогупсыс. Абы жеIэ: «Фадэмрэ хабзэмрэ зэзэгъыркъым. Адыгэхэр япэм зауэлI хахуэу щытакъэ?! Сэ сыдохутырщи, тегъэчыныхьауэ жысIэфынущ: цIыхур фадэ ефэмэ, псэкIэ къаруун­шэщ. ПсэкIэ къарууншэмэ, ар зауэлIкъым. Аращ сызэреплъыр. Нэхъыщхьэр ди бзэр тщIэжу лъэпкъ хабзэм дытетынырщ, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, мамыру дыпсэунырщ».
ЩIалэр медицинэм епхами, шэрджэс литературэми дехьэх. Псом хуэмыдэу фIэхьэлэмэту едж адыгэхэм ятеу­хуахэр. «Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, тха­кIуэ-зэдзэкIакIуэ Мэлбахъуэ Къэралбий и лэжьыгъэхэм зыщызогъэгъуазэ. Абы зэредзэкI адыгэхэм ятеухуауэ дуней псом щатхауэ къигъуэтхэр. Мэлбахъуэм зэритхымкIэ, нэхъыбэу ди лъэпкъым къытетхыхьар франджыхэращ. Адыгэ­хэм щхьэкIэ ятх ахэр лъэпкъ шыщхьэ­мыгъазэу, пагэу, икIи лъэрызехьэу щытауэ. ИкъукIэ къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэн куэд иIэщ зи гугъу фхуэсщI тхакIуэм. Ди лъэпкъэгъу нэхъыбэм я гупэр ХэкумкIэ къагъэзэжыныр ди плъа­пIэщ. Куэд ­хуейщ къэкIуэжыну, ауэ гугъущ», - ды­щIегъу абы. 
Ахьмэд унагъуэ иухуа къудейщ, и щхьэгъусэр Мейкъуапэ СтIащхэ ящыщщ, и цIэр Нерванэщ. УнагъуэщIэр лъэпкъ-къупщхьэ хъужын папщIэ, Ахьмэд щIохъуэпс щIы къищэхуу унэ иухуэну. ЩIалэм и адэ-анэр пенсэм ­кIуауэ щысщи, щIэх-щIэхыурэ абыхэм я хьэщIэщ. Тхьэм куэдрэ зэкIэлъигъа- кIуэ! 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: