Зи Хэкур лъэщыгъэкIэ зрагъэбгынауэ щыта ди лъэпкъэгъухэм я псэр мыбыкIэ къоIэ, дыкъэкIуэжащэрэт жаIэу. ХьэщIэу Хэкужьым къакIуэхэри мащIэкъым. ЩыIэщ нэгъуэщI Iэмали - ар интернетращ. Абы и фIыгъэкIэ цIыхугъэ схуэхъуащ Тыркум и Бурсэ къалэм щыпсэу, а къэралым щыIэ Плюралист – демократ партым мы къалэм щиIэ къудамэм и унафэщI, «Фи газетэ» зыфIища газетыр зи жэрдэмкIэ къыдэкI Беслъэней Насир. Абы къызжиIахэм фыщызогъэгъуазэ.
- ЗалымыгъэкIэ Хэкур зрагъэбгынахэм яхэтащ си адэшхуэм и адэмрэ и къуэшитIымрэ: Залымджэрий, Хъанджэрий, Ехья. ЗэкъуэшиплI хъурти, еплIанэм игъэзэжри и лъэужьыр ягъуэтыжакъым къуэш нэхъыжьхэм. Ахэр мы щIыпIэм къыщыIэпхъуам Уэсмэн империем и лъэхъэнэт. Си адэр 1926 гъэм, си адэм и адэ Тэркъан 1881 гъэм, си адэшхуэм и адэ Залымджэрий 1831 гъэм къалъхуащ. Архивым къыхэсхыжа дэфтэрхэм Ехья къыщалъхуа гъэр иткъым, ауэ Кавказым зэрыщыщыр иратхащ.
Лъэпкъым ди бзэмрэ хабзэмрэ мыкIуэдыжын папщIэ мыбы щыIэ хэхэс адыгэхэм къызэIуаха хасэхэм лъэкI къагъанэркъым. Къуажэм дэсхэм бзэр яIурылъщ, къалэм щыпсэухэм нэхърэ. Лъэпкъым и зэхыхьэхэм адыгэу зызыбжыж дэтхэнэри хущIокъу зыкъригъэхьэлIэну. Бзэр ямыщIэми, ди щIалэгъуалэм хабзэр зэраIыгъыным яужь итщ, зэхуэсхэм куэду къокIуалIэ, джэгуми хуабжьу дехьэх. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр нэхъыбэм яIэщIоху. Хэкуми, зэрызэхэтхымкIэ, апхуэдэ гукъеуэ щыIэщ.
Тхьэм лъагъуэ схуищIмэ, си мурадщ Хэкужьым си лъэр нэсхусыжыну, си лъэпкъым сыхэтIысхьэжыну. Си гур лъахэм ныхуеIэу си гъащIэр сохь. Ди нэхъыжьыфIхэм удын мыгъущыр я пкъым игъэву дунейр ябгынащ. Я псэр ХэкужьымкIэ пабгъэу, я лъэр пхъэм дэнауэ.
Мы зэманым хэкурысхэмрэ дэрэ Интернет напэкIуэцIхэмкIэ дызэрызэрыщIэфым и сэбэп хуабжьу къыдокI ди бзэр тщIэнымкIи нэгъуэщI куэдым щыгъуазэ дыхъунымкIи. Ауэ ахэр щIигъэбыдэжу мы дызыхэс щIыпIэмкIэ къыщыдэкIыу газет щхьэхуэ диIэтэкъым лъэпкъым, ди гурыгъу-гурыщIэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ, зэман бзаджэм блиха Iуэхугъуэхэр къытещу. Ар куэд щIауэ си гуращэти, зэзгъэхъулIащ илъэситI ипэкIэ. Iуэхум къыхэсшащ тхакIуэхэр, усакIуэхэр, зыгуэркIэ сэбэп сыхъунщ, жызыIэ дэтхэнэри. Етшэжьа Iуэхум зиужьащ. Газетыр мазэм зэ напэ пщыкIух хъууэ къыдыдогъэкI. Нэхъыбэу дызытепсэлъыхьыр ди лъэпкъым хэхэс гъащIэм щигъуэт увыпIэмрэ Хэкум къикI хъыбархэмрэщ. КъинэмыщIауэ, дызыхэс къэралым къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэми дытопсэлъыхь, дигу зыхуэныкъуэхэр къыдогъэлъагъуэ. Газетыр Правительствэми яIэрохьэ, адыгэ унагъуэу минитIрэ щитхум щIигъум зэрыхъукIэ яхудогъашэ уасэншэу. ЗыIэрыхьэхэм ящыщу цIыху 200-м нэблагъэм ахъшэ кърагъэхь. Газетым и къыдэгъэкIыным елэжьхэм улахуэ изот, тхыгъэ теддзэхэр тхуэзытххэм естыркъым. Iуэхур зэфIэзгъэувэным хуабжьу гугъу сыдехьащ. ТхылымпIэ куэд зэзгъэпэщащ, газетыр къыдэзгъэкIыну хуит сыхъун папщIэ. ИтIанэ, мэзихкIэ зэкIэлъхьэужьукъыдумыгъэкIыфмэ, къэралым щызекIуэ газетхэм ухабжэнукъым. ИлъэситIм нэблэгъащ къызэрыдэдгъэкIри, иджы къэрал газетхэм хабжэ. КъинэмыщIауэ, адыгэбзэкIэ тхэф дызэримыIэм къыхэкIыу, тхыгъэхэр тыркубзэкIэ тыдодзэ, - жеIэ Насир.
Хэкум имысыжми, зэрыадыгэр зыщагъэгъупщэркъым ди лъахэгъухэм, зыхэс лъэпкъым зэрыхэмышыпсыхьыжыным хущIэкъуу, ХэкужьымкIэ я псэр щыIэу я гъащIэр яхь.