Зи щхьэпэ къакIуэр узытегушхуэрщ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ центрым «Университет зэблэкIыгъуэхэр» зыфIаща пэхуэщIэр иджыри щокIуэкI. Псори зэхэту зэблэкIыгъуэ 11 щыIэнущ.

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр нэхъапэкIэ щыгъуазэ зэрыхуэтщIащи, зэблэкIыгъуэм хэт ныбжьыщIэхэр ди щIыналъэм зэрыщыIэну махуипщIым къриубыдэу зыгъэпсэхугъуэм къыдэкIуэу, я зэхэщIыкIым зезыгъэужь, я Iуэху еплъыкIэхэм зезыгъэIэт, я щIэныгъэм хэзыгъахъуэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэтынущ. УФ-м и Президентым и унафэкIэ 2026 гъэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм и зэкъуэтыныгъэм и илъэсщ. ЗэблэкIыгъуэхэм хэт ныбжьыщIэхэр а пэхуэщIэ хьэлэмэтхэм хэтыну Iэмал яIэщ. Абы къищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэр IуощIэ щIэныгъэ икIи егъэджэныгъэ Iуэхугъуэхэм епха къулыкъущIэхэм, щIэныгъэлIхэм, щэнхабзэ икIи гъуазджэ лэжьакIуэхэм. Ахэр хэтщ Iэнэ хъурейхэмрэ щIэнIуатэхэмрэ, абыхэм щхьэкIэ къызэрагъэпэщ щIыналъэмрэ къэралымрэ я псэкупсэ-щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр тегъэщIапIэ зыхуащI джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр.

«Университет зэблэкIыгъуэхэм» къриубыдэу ныбжьыщIэхэм мызэ-мытIэу пэIудзауэ къаIущIащ УФ-м щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министрым и къуэдзэ Петровэ Ольгэрэ КъБКъУ-м экономикэмрэ стратегие зыужьыныгъэмкIэ и проректор Пщыгуэш Аслъэнрэ. Апхуэдэу Петровэ Ольгэ ныбжьыщIэхэм псалъэкIэ закъыщыхуигъазэм, зэблэкIыгъуэхэр егъэкIуэкIын хуейуэ къызэрыхалъхьэрэ мы гъэм илъэситху зэрырикъур къыхигъэщащ, а пIалъэм къриубыдэуи жэрдэм щIагъуэм и пщIэм зэрыхэхъуам, ныбжьыщIэхэр университет гъащIэм щыгъуазэ хуэщIынымкIэ лэжьыгъэшхуэ къызэрызэринэкIам, абыхэм къыхахыну IэщIагъэм тегушхуэн папщIэ, пэхуэщIэм Iэмал хъарзынэхэр къазэрыритам тепсэлъыхьащ.

- «Университет зэблэкIыгъуэхэм» я мыхьэнэм утепсэлъыхьын папщIэ, илъэситхур мащIэ дыдэу жызыIэн щыIэщ. Ауэ сыт хуэдиз Iуэхугъуэ къыхалъхьэрэ зыхуагъэувыжа пщэрылъхэм ящыщу ягъэзэщIа щIагъуэ щымыIэу щIэужьыхэжми девгъэгупсысыт? Пэжщ, сыт хуэдэ Iуэхугъуэри утыкум къихьапхъэщ, абыкIэ пщIэну узыхуейр къохъулIэнрэ къомыхъулIэнрэ зэхэбгъэкIын щхьэкIэ. Языныкъуэ жэрдэмхэм иджыри хэплъэжын, гъащIэм къигъэув щытыкIэхэм елъытауэ зэгъэзэхуэжын хуей мэхъу. НэгъуэщIхэми я мыхьэнэр къыщыхалъхьа меданым мэужьыхыжри, етIуанэ гъуэгу иумыгъэкIуэкIми ягъэ мыкIыну мэужьыхыж. «Университет зэблэкIыгъуэхэм» я насып къихьри, зыхуэгъэпсами зытеухуами мыхьэнэ яIэу къыщIэкIащ. Курыт щIэныгъэ зэзыгъэгъуэт щIалэгъуалэр гувэ-щIэхми еджапIэ нэхъыщхьэ зэрыщIэтIысхьэнум, къыхихыну IэщIагъэр щызригъэгъуэтыну щIыпIэм егупсыс мэхъу. Апхуэдэ щытыкIэм иува щIалэгъуалэм ядэIэпыкъун, чэнджэщ етын, ахэр гъуэгу захуэм тегъэувэн хуейщ, ар шэч зыхэмылъщ. Мы Iуэхугъуэ дахэм хузэфIокI ныбжьыщIэм и гуращэхэм япэджэжын, къыхахыну зыщIэхъуэпс IэщIагъэм хуейрэ хуэмейрэ иризэхригъэкIыу Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыщигъэунэхужын. АфIэкIа хэмылъми, зэблэкIыгъуэхэм яхузэфIэкIыр къыпхуэмыIуэтэну инщ. Мыхьэнэшхуэ яIэщ, сыту жыпIэмэ ныбжьыщIэхэр иужькIэ ди деж къокIуэж, ди еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэкIэ щызрагъэгъуэт. Ар зы лъэныкъуэкIэ. Дызэрыт илъэсыр ди къэралышхуэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу йокIуэкI. Абы ипкъ иткIэ гъэщIэгъуэнщ зи бзэрэ щэнхабзэрэ щхьэхуэ лъэпкъым и дунейм ухыхьэу абы и щхьэхуэныгъэхэм щыгъуазэ захуэпщIыну. Дэ дощIэ Урысейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа ныбжьыщIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыдэлъху лъэпкъхэм я щэнхабзэр курых зыхуэхъу пэхуэщIэ куэдым зэрыхэтым, ахэр абыхэм гунэс зэращыхъум. ЩIалэгъуалэр гъунэгъу зэхуэхъуну хуеймэ, зэрыцIыхупхъэщ, цIыхугъэр къыщежьэр зым и лъэпкъыщхьэм адрейм пщIэ щыхуищIым дежщ. «Университет зэблэкIыгъуэхэм» я Iуэхур дахэу екIуэкIыну си гуапэщ! – жиIащ Петровэ Ольгэ.

Апхуэдэу къулыкъущIэм щIалэгъуалэр къыхуриджащ щIыналъэм и университетхэм щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэрырагъэгъуэт программэхэм куууэ зыщагъэгъуэзэну, къахыхьэ егъэджакIуэхэмрэ студент нэхъыжьхэмрэ жыджэру упщIэхэр иратыну, къахуэщхьэпэнкIэ хъуну есэныгъэхэр зыхэт Iэнэ хъурейхэм, щIэнIуатэхэм, джэгукIэхэм, мастер-классхэм къыщагъэсэбэпыну.

КъБКъУ-м и проректор Пщыгуэш Аслъэн и къэпсэлъэныгъэр нэхъ зытригъэчыныхьар щIалэгъуалэр къыхалъхьэ Iуэхугъуэхэм нэхъ тегушхуауэ хэтын зэрыхуейрщ.

- Зи щхьэпэ къакIуэр узытегушхуэ Iуэхурщ, ар зыщывмыгъэгъупщэ. Курыт еджапIэм и иужьрей уэзджынэр къыщеуэкIэ, ныбжьыщIэхэр гъуэгу махуэ трагъэувэ, балигъ гъащIэм зэрыхыхьэр жраIэурэ. ФызыIутыр апхуэдэ зы IэнатIэщ. Зыри шынагъуэ хэмылъми, фэ фыщалъхуа щIыпIэм фыпэжыжьэщ, абдеж щыфхузэфIэкIынумрэ щызэвгъэхъулIэфынумрэ фэр-фэрурэ фогъэунэхуж. Мыбдеж щывагъэлъагъухэм, щызыхывагъэххэм, фызыхагъэт Iуэхугъуэхэм къахэфх щIэныгъэм щыгъуазэ фазэрыхуэхъуар къыщыфпщытэжыну дерс зэмылIэужьыгъуэхэм фыхэтынущи, фыхущIэкъу абдеж щызыIэрывгъэхьэну есэныгъэхэр зэрывгъэкуууным, зэрывгъэбэгъуэным. Ахэращ еджапIэ нэхъыщхьэхэм фыщыщIэтIысхьэкIэ фызыхуеижынур. Фэ фыщIалэщ. ЩIалэгъуэр фIыщ Iэджэ хъуэпсапIэ зэрыхэтымкIэ. Дызыщымыгугъыу зы цIыху къыфхэткъым – псоми ди университетым и мызакъуэу, дыщыпсэу хэгъэгум и къэкIуэныр фэлъытащ. ПэхуэщIэ зэмылIэужьыгъуэхэр утыку кърихьэкIэрэ, дерс-дамэдазэхэм я гупсысэхэр къарихьэлIэкIэрэ, жэрдэм щхьэхуэхэр къыхилъхьэкIэрэ зызыгъэлъагъуэ щIалэгъуалэращ ди къэралым зэрызиужьыну щIыкIэр зи IэмыщIэ илъыр. Фэ абыхэм фащыщщи, хьет жевгъэIэ! - къахэпсэлъащ гуапэу Пщыгуэш Аслъэн.

Къыхэгъэщын хуейщ «Университет зэблэкIыгъуэхэм» я зэ зэхыхьэгъуэм къэралым и щIыпIэ 38-м къикIыу ныбжьыщIи 150-м щIигъу къызэрекIуалIэр, абыхэм я нэхъыбэми КъБКъУ-р къыхахыну гукъыдэж зэраIэр. Iуэху щIагъуэм хэтхэм я гуращэхэр къехъулIэну ди гуапэщ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться: