Иджыблагъэ, шыщхьэуIум и 1-м, дгъэлъэпIащ Къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм я махуэ лъапIэр. Абы ирихьэлIэу адэжь щIыналъэр унапIэ зыхуэхъужахэм дытепсэлъыхь хабзэщ. Я лъэпкъым и къекIуэкIыкIам ди газетым къыхутепсэлъыхьащ Башкур (Пщыгъур) ТIэлхьэт.
Абы жиIэращ: «Си адэми си анэми я къуэпсхэр къыщежьэр Шэджэм дежщ. 1900 гъэм Хэкум щрашым, абыхэм я ныбжьыр зым - илъэситху, адрейм илъэситI хъуауэ арат. Ахэр къыщыхъуащ Сирием щаухуа Хъэнэсир адыгэ къуажэ цIыкIум. Абы щыгъуэм Хэкум икIахэр псори абдеж зэрыIыгъыу исти, адыгэ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ дыщIапIыкIыну Iэмал яIащ, ди хьэгъуэлIыгъуэхэр зэрекIуэкIым, адыгэ джэгукIэу диIэхэм дыщагъэгъуэзащ. Нэхъыщхьэращи, псоми адыгэбзэ ящIэрт. Ауэ а щIыпIэ зрагъэтIысхьам псыежэхи, псыхъуи, псыни зэрыжаIэу зыри пэгъунэгъуу иIэтэкъым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, псэуныгъэм тещIыхьатэкъым. Псыр псэхэлъхьэжщ, жиIэгъакъэ адыгэм?! Сэ зэрысщIэмкIэ, ди лъэпкъым зэпымыууэ псэупIэ щищIу щытар псым пэгъунэгъуущ. ЩIыпIэщIэм апхуэдэ Iэмалхэр щыщамыгъуэтым, Хъэнэсир дэсхэм зэбгрыкIын щIадзэри, нэхъыбэрэ зэхах хъуа хамэбзэм анэдэлъхубзэр дэкIуэдащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, дэ ди ужь ит щIэблэм мащIэщ зи анэдэлъхубзэр зыщIэжу яхэтыр.
Си къуэшыр сэ си япэкIэ къэкIуэжащ Хэкум. Ар Къалмыкъ Аднанщ. Сыт-тIэ ар щIэ-Къалмыкъыр жыпIэмэ, къыттрагъэIукIауэ щыта унэцIэр къищтауэ аращ. Зэрыхъуаращ: си адэшхуэ Хьэбашэрэ абы и къуэшхэу ХьэкIашэрэ Хьэжмударрэ шы гуартэ яIэт. Шыхэр «къалмыкъ фэху» жыхуаIэм зэпымыууэ яхуурэ абыхэм ягъэхъурти, къыщыкIуэжым «Къалмыкъхэр къокIуэж», - жаIэурэ жылэдэсхэр гушыIэурэ а цIэр ятеIукIа хъуащ. Арати, Аднан Хэкум къыщыкIуэжым, а унэцIэр зезыхьэ ди лъэпкъэгъухэр мыбы зэрыщыIэм щхьэкIэ апхуэдэу иригъэтха хъуащ. Сэ сыт щыгъуи сегупсысырт Башкур унэцIэр къыздитхам. Архивым къыщызгъуэтащ щIыналъэм икIа унагъуэхэм я цIэ-унэцIэхэр, я ныбжьыр, я Iыхьлыхэр зэрыт дэфтэр. Абы зэритымкIэ, ди унэцIэр Пщыгъурщ. Ар Сирием «Башкуру» щатхауэ аращ».
Нэхъыжьыр щIыналъэм къызэрыкIуэжрэ илъэс 35 щIигъужащ. Налшык абы щегъэлажьэ «Дыгъэ» сурэт IуэхущIапIэр. Езым зэрыжиIэмкIэ, зэрыцIыкIурэ и гум илът Хэкур зригъэгъуэтыжыну, ауэ апхуэдэ Iэмал щигъуэтар и ныбжьыр илъэс 40-м щхьэдэха нэужьщ. Абы и бынитхур иджыри цIыкIуу зэщIикъуэри къигъэзэжат.
ТIэлхьэт Сирием и дзэм илъэс I5-кIэ хэтащ, иужькIэ сурэт техыным и ужь ихьэри, а лэжьыгъэм и пIалъэ псори зригъэщIащ. Уеблэмэ а зэманым Дамаск псом сурэтхэмкIэ слайд зыщIыр (фильм цIыкIухэр зэрызэхагъэувэу щытар) абы и закъуэт. ТIэлъхьэт и щхьэгъусэр ЛъэнкIэпIашэхэ япхъущ, бынитху зэдапIащ. Хэкум къыщыкIуэжым щыгъуэ, я нэхъыжьыр илъэс I3 хъуагъэнт, щIалэ нэхъыщIэ дыдэр гъуэгум махуиплIкIэ тетауэ, япэу къэпсэлъауэ арат. Иджыпсту «Дыгъэ» IуэхущIапIэр хъыджэбз нэхъыжьым - Дыгъэ зи цIэр аращ - Альбросрэ Къазбэчрэ и гъусэу егъэлажьэ. Адрей тIум я цIэхэр - Даринэ, Мысост сымэщ. Дамаск дежи адыгэбзэкIэ «Дыгъэ» тетхауэ мы фотоательем хуэдэ I980 гъэм япэу къыщызэIуахауэ щытащ.
ТIэлхьэт Сауд Хьэрыпым щыкIуам, абы икIри Каири щыIауэ щытащ. Абы щыпсэууэ нэIуасэ хуэхъуа Шэрджэс Набил къызригъэдэIуахэмкIи ар къыддэгуэшащ: «Ар архивым щылэжьауэ куэдым хэзыщIыкI цIыхущ. Шэрджэсым зэрыжиIэмкIэ, Джэрыджэ (Гирга) къалэм дэсхэр адыгэ лъэпкъым къытекIахэрщ, зэрыпсалъэр хьэрыпыбзэщ, я анэдэлъхубзэр ящIэжыркъым. А къалэмрэ абы пэгъунэгъуу щыс нэгъуэщI зымрэ зэхэту адыгэу цIыху мелуанитху щыIэу а щIалэм къегъэлъагъуэ. Мысырыр (Египет) зэрыщыту къапщтэмэ, адыгэхэм къатехъукIыжауэ цIыху мелуан I5-м нэблагъэ къыщабж. ЗэрысщIэмкIэ, мы щIалэм Адыгэ Хаси абы щызэхишащ.
Сэ сфIэгъэщIэгъуэну иджыпсту содж ди лъэпкъым и тхыдэр, псалъэм папщIэ, адыгэ мамлюкхэм ятеухуахэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, тхыдэджхэр иджы нэхъ тотхыхьыж адыгэхэр Мысырым и тету щыщытам куэд зэрахузэфIэкIамрэ лъэужь дахэ абы къызэрыщагъэнамрэ. Апхуэдэуи иужьрей зэманым зыхызогъэгъуазэ Къэнжал зауэр къыщIэхъуауэ щыта щхьэусыгъуэм, ар зэрекIуэкIам, адыгэхэм акъылышхуэ яхэлъу абы зэрызыхуагъэхьэзырам теухуауэ щыIэ хъыбархэми. Мыхэр Iэмал имыIэу тщIэн хуейуэ къызолъытэ. ИкъукIэ тхыдэ гъэщIэгъуэн, тхыдэ къулей къыддогъуэгурыкIуэ. Сэ сыхуейт Къэнжал зауэм и фэеплъыр ягъэувауэ слъэгъуну. Ар здэщытыну зыхуагъэфэща щIыпIэм деж - Налшык къалэм ЩоджэнцIыкIум и уэрамым тет мэджытым и бгъум - илъэс куэд хъуащ мывэ зэрыщагъэтIылърэ. Абы тетхащ: «Мыбдеж Къэнжал зауэм и фэеплъ щытынущ», - жиIэу. Ауэ фэеплъыр нобэр къыздэсым ягъэувакъыми, сигу къоуэ. Мы Iуэхум арэзы щытехъуащ ди щыхьэрым. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, кIуатэркъым».
Нэхъыжьым и псалъэхэм къыбгурагъаIуэ ар къызыхыхьэжа лъэпкъым, Хэкум гууз-лыуз хузиIэ адыгэлIу зэрыщытыр.