И лэжьыгъэ зехьэкIэкIи, и цIыхугъэкIи щапхъэтКъэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, категорие нэхъыщхьэ зиIэ Бырхьэм Анатолэ илъэс 50-м щIигъукIэ и IэщIагъэм хуэпэжу лэжьащ. А зэманым къриубыдэу, шэч хэмылъу, ар цIыху куэдым сэбэп яхуэхъуащ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ яIэу гъащIэм хигъэплъэжащ. Бырхьэмыр зыцIыхухэм зэрыжаIэмкIэ, къэхъуакъым абы IуэхукIэ бгъэдыхьа щигъэщIэхъуа: зэрыхузэфIэкIкIэ дэтхэнэми дэIэпыкъуащ.
- Хущхъуэм и мыхьэнэм нэхърэ нэхъ мащIэкъым сымаджэм дежкIэ дохутырым и псалъэхэм я къарур, – жиIэрт Бырхьэм Анатолэ. – Сымаджэм фIэщхъуныгъэ хэплъхьэфмэ, ар уи къалэным щыщ Iыхьэшхуэ бгъэзэщIауэ аращ. Узым къигъэдзыхэ цIыхур тэмакъкIэщI, гурыщхъуэщI мэхъу, абы къыхэкIыу Iэмал имыIэу щабэу епсэлъэн, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэгъуэтын хуейщ. Iэзагъым къыдэкIуэу, дохутырым Iэмал имыIэу шыIэ хэлъыпхъэщ.
Поделиться:
Читать также:
15.08.2026 - 11:18 →
ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ IэмалыщIэхэм
15.08.2026 - 10:42 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
15.08.2026 - 10:01 →
ЦIыху минхэм я IутIыжыгъуэт
14.08.2026 - 18:00 →
Бахъсэн щIыналъэм щыхъыбархэр
14.08.2026 - 17:25 →
Лъытэныгъэ ин зыгъуэта гуащIэдэкI
| ||




