Уадыгэным къикIыр

«Сыадыгэщ» жыпIэным куэд къызэщIеубыдэ. Адыгагъэр - ар фащэщ, ар къафэщ, ар хабзэщ. «Сыадыгэщ» жыпIэн и пэ, ущыгъуазэу щытын хуейщ лъэпкъым къыдекIуэкI Iуэхугъуэ, фIыгъуэ куэдым. Ди лъэпкъым и щэнхабзэ куур щIыпIэ жыжьэхэми къыщаIуатэу, щапхъэ къытрахыу сыт щыгъуи къекIуэкIащ. 
Лъэпкъ хабзэхэм къадэкIуэу, ди япэ итахэр IэпщIэлъапщIэу, шууей ӏэзэу къэгъуэгурыкIуащ. Къапщтэмэ, иужьрейхэр уэрэдхэм щаIэтырт, уеблэмэ «Шууей хасэ»-м («Шу Зэхуэс») хуэдэхэр зэхашэрт. А псор ящIэж илъэси 160-м щIигъу ипэ зи Хэкур зрагъэбгынауэ щыта ди лъэпкъэгъухэм къатепщIыкIыжахэм. Лъэпкъым и лъыр кIуэдыркъым, зи гугъу тщIыхэм я щапхъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс 11 ипэ къэIэпхъуэжа Нажэ Ахьмэд. Сирием и къалащхьэ Дамаск щалъхуа щIалэр адыгэ хабзэр щагъэлъапIэ унагъуэм ирапIыкIащ. Дохутыр щIалэщIэм и блэкIар ищIэж къудейкъым, атIэ абы и щэнхабзэри хабзэри зэрехьэ, зригъэгъуэтыжа и Хэкум и гур щопсэху, шууей IэкIуэуи къыщIокI. 
Ахьмэд КъБКъУ-м и медицинэ факультетым IэщIагъэ щызэригъэгъуэтащ, хирургщ. Нобэ ар Шэджэм район сымаджэщ нэхъыщхьэмрэ Центральнэ поликлиникэмрэ (Налшык къалэм) щолажьэ. И лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ар ординатурэми щIэтIысхьэжащ, иджыпсту пластическэ хирургиемкIэ IэщIагъэ зрегъэгъуэт. Апхуэдэуи Ахьмэд езым къиуха еджапIэм щрегъаджэ. Зэман къыщыхудэхуэм, ар Iэпщэрыбанэ спортми хэтщ, щIыуэпсыр къызэрымыкIуэу фIыуэ зылъагъухэм ящыщщ, Хэку цIыкIум и дэтхэнэ къуакIи бгыкIи щыIащи, псори ецIыху. 
Ахьмэд и адэр къулыкъум пэрымытыж генералщ (Гиясщ и цIэр). Ар хабзэ быдэмрэ пщIэмрэ я цIыхущ, и псалъэр унагъуэм дежкIэ унафэщ. Аращ къуэхэм анэдэлъхубзэр езыгъэщIар, лъэпкъ тхыдэм зэрыцIыкIурэ хигъэгъуазэу, пщIэ хуащIу, сыт хуэдэ гъуэгуанэ зэпачын хуей хъуами къагурыIуэу къэзыгъэхъуар. «Си адэр Сирием и генералщ. А къулыкъум хуэпэжу зэрыпэрытам хуэдэ дыдэу, унэм дежи абы и псалъэр ди хабзэ ткIийт, - дыщегъэгъуазэ Ахьмэд. - Ди адэм куэдрэ къыджиIэрт: «Уи бзэр щIэпщIэр ар уи гупсысэ къызэрыбгъэлъагъуэ Iэмал къудейуэ аракъым, атIэ ди япэ итахэм, ди Хэкум дапызыщIэщ». Дызыщыщыр зэрытщымыгъупщэным балигъ дыхъуху ар зэпымыууэ пылъащ. Къапщтэмэ, унэм анэдэлъхубзэкIэ фIэкIа дыщигъэпсэлъакъым. ДыщыцIыкIум щегъэжьауэ къыджиIэу щытащ Сириер дызэримыхэкур, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу Кавказыр жэнэтым хуэдэу зэрыдахэр. А псор дэ ди пкъым хыхьащ».
Бынхэр балигъ щыхъум, адэм унафэ ищIащ: къуэхэр адэжь Хэкум кIуэжын хуейщ! Ар хуейт я лъабжьэр къыщежьэм и щIэблэр яхигъэтIысхьэжыну. Ахьмэди ар куэд щIауэ зыпэплъа Iуэхугъуэт. «Дэри дыхуейт ди щIыналъэр тлъагъуну, дыкъэкIуэжыну. Къэдгъэзэжа нэужь, Хэкур ди нэгу къызэрыщIэдгъэхьауэ къыщIэкIащ, - жеIэ Ахьмэд. 
Нажэхэ бжьэдыгъу лъэпкъщ. Унагъуэм я нэхъыжьым зэрыжиIэмкIэ, я адэжьхэр я лъахэм щрагъэкIым, япэщIыкIэ - Тыркум, иужькIэ Сирием Iэпхъуауэ аращ. Мы зэманым лъэпкъым щыщхэр нэхъыбэу зыдэсыр Адыгэ Республикэм и Улап, Куэшхьэблэ къуажэхэрщ. Псалъэм папщIэ, нэхъ цIэрыIуэу лъэпкъым хэтхэм ящыщщ бразилие джиу-джитсумкIэ дунейпсо чемпион хъуа Нажэ Налбий (Мейкъуапэ дэсщ), Сирием къиIэпхъукIыжу Адыгейр унапIэ зыхуэхъужа, хьэрычэтIыщIэ Нажэ Уажди сымэ. 
Ахьмэд и къуэш Мухьэмэд Мейкъуапэ Iэпхъуэжащ. Адэр быдэу зэгупсыса Iуэхут ар - и щIалэхэр Хэкум и хэгъэгуитIым лъэпкъ щыхъужыным. 
Медицинэр къыщIыхихам теухуауэ Ахьмэд жеIэ: «Дохутыр IэщIагъэр къыщIыхэсхар цIыхум удэIэпыкъуным, и узыншагъэмкIэ сэбэп ухуэхъуным нэхъыщхьэ щымыIэу къызолъытэри аращ. Дэ школыр къыщыдухым, ди адэм хэкъузауэ къыджиIат: «Хэкуращ фыщеджэнур!» - жиIэри. Апхуэдэу еджэныр и щхьэусыгъуэу, Хэкум къакIуэ гъуэгум дыкъытеуващ, - щIегъу Ахьмэд. 
ЗэкъуэшитIым шыпхъуитIи яIэщ. Дэтхэнэми адэ-анэм къыхалъхьа лъапIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, ехъулIэныгъэхэр яIэу, я цIэр жаIэу къогъуэгурыкIуэ. Синэмыс психолог цIэрыIуэщ, Дубай щолажьэ. Ар телевидением нэтын зэмылIэужьыгъуэхэм ирагъэблагъэ. Симазэ адэ-анэм нэхъ я гъунэгъуу Сирием щопсэу. Псори унагъуэ хъужащ. 
Ахьмэд Налшык къыщIигъэзэжам IэщIагъэ зригъэгъуэтыныр щхьэусыгъуэ хуэхъуами, ар гурэ псэкIэ хуейщ и къежьапIэм деж лъабжьэ щигъуэтыжыну. Ар хущIокъу, адэм и гъуазэм тету, лъэпкъ хабзэхэр зыщимыгъэгъупщэным. «Адыгэхэр Хэкум къызэрыкIуэжыр зи гуапи зыфIэгъэщIэгъуэни куэдрэ срохьэлIэ. АрщхьэкIэ зи тхыдэ зымыщIэжи щыIэщи, абы уи гур хегъэщI. Ауэ иджыри гувакъым, лъэпкъым зыкъищIэжыну, и тхыдэр зригъэщIэжыну, - жеIэ Ахьмэд. - Нэмыс зыхэлъ ди къафэхэр, Iущыгъэ куэд къызыдекIуэкI ди хабзэхэр дауэ фIыуэ зэрумылъагъунур?! Уэркъ къафэм сэ си щхьэкIэ езым зыхуэзгъэсэжащ. ПщIэрэ-щIыхьрэ зиIэ ди фащэр-щэ! Дуней псом къыщалъытэ адыгэ фащэм нэхъ дахэрэ щапхъэ зытрахарэ щымыIэу. Сирием щыIэ адыгэхэр пшыхьхэм щыхэткIэ, ди лъэпкъ фащэр ящыгъыу утыку къихьамэ, абыкIэ щыпсэухэм ар ягъэщIагъуэ зэпытщ. Сыт щыгъуи согупсыс: Сирием дыкъыщыхъуами, а щIыпIэм дыщыщтэкъым. Сэ срогушхуэ сызэрыадыгэм».
Ахьмэд унагъуэ иухуа къудейщ, и щхьэгъусэр Мейкъуапэ СтIащхэ ящыщщ (и цIэр Нерванэщ). И лъабжьэр къыщежьэ щIыналъэр зэзыгъэгъуэтыжа Нажэхэ я щIалэм иджы и тхыдэр Адыгэ Хэкум щитхыну Iэмал яIэщ
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: