Зы Iэ лъэныкъуэмкIэ уадэр, адреймкIэ тхылъыр иIыгътЛэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм дэта колхоз кIыщым зэман гуэркIэ щылэжьащ Нало Заур, иужькIэ тхакIуэ цIэрыIуэ хъуар. Ар Къэжэр ХьэкIашэ и гъукIэгъэсэну щытащ. Езы Налом ХьэкIашэ щхьэкIэ «си гъукIэ Iустаз» жиIэрт. Налом и языныкъуэ IэдакъэщIэкIхэм ущеджэкIэ, шэч къытепхьэркъым абы гъукIэ IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIыу зэрыщытам. «Мыр гъукIэу къэнами, и IэщIагъэр игъэбжьыфIэнут», - жиIащ Налом и тхыгъэхэр зэпкърызыха критик Сокъур Мусэрбий.
И гъукIэ Iустазым Iэзагъышхуэ бгъэдэлъу къилъытэрт Налом икIи IэщIагъэм зэрыхуигъасэм и мызакъуэу, Iущагъ куэд къыщищIэрт абы и деж. АдэкIэ сыхуейт ХьэкIашэ и образыр, абы и лэжьэкIэр Нало Заур и «Къру закъуэ» тхыгъэм къызэрыщигъэлъэгъуар къэсхьыну: «Къэжэр ХьэкIашэ лIы фIыцIэшхуэт, ныкъуэтхъуу пащIэ дахитI тету. Абы и IэпщитIым сыщеплъкIэ тхуей кIащIэ лъэдийм езгъэщхьырт, лъынтхуэ пIащэхэмрэ мускул налъэхэмрэ къытридзэжауэ. Уадэм я нэхъ хьэлъэр зелъатэу къигъафэрт. Е зэрыфIыцIэ лъэщыр арат, е нарт Сосрыкъуэ кIыщым зэрыщапсыхьар арат – сытми ар сэ лIы фIыцIэ гъущIынэм езгъэщхьырт, игъащIэм уадэ нэхъ шынагъуэ Iэщэ къимыщта пэтми. Зэм-зэмкIэрэ си пщIыхьэпIэм къыхэхуэрт сэ Лъэпщ и лъэщапIэм сыбгъэдэту сыздэщытым нарт Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейм тесрэ и бжыщхьэ дыкъуакъуэр сысу къыIухьэу, и пыIэ щыгум дыгъэр кIэрахъуэу къитрэ уримыгъэплъу, тажыр зэрызыщхьэрихыу ар Къэжэр ХьэкIашэу къыщIэкIыжу.
Ар щылъащэкIэ уеплъыну гухэхъуэт – и уадэр, уэрэд жиIэу, къигъафэрт, мо хужьу плъа гъущIым зэрытехуэу хупхъэм тхьэвыр зэрыхихум хуэдэу, хихуу, зытехуапхъэм шэрыуэу техуэрэ зыхуейм хуигъакIуэу: тхьэм ибгынэжа гъущI кIапэжь къищтэрти, псэ хилъхьэрт, зэрыхъуари-зэрыщIари умыщIэу нал хъурт, шыр теувэхукIэ щIым тхыпхъэ тридзэу! ХьэкIашэ гъущIыр зыхуейм хуигъэкIуа нэужь, къыпыгуфIыкIынт, и щхьэ куцIым дыгъэ къыщепсрэ нурыр и жьэм къыIурыпс нэхъей, и дзэ хужьыбэр къэлыду.
- ГъукIэр зэрылажьэр щхьэщ, БлутI, щхьэ... Къеплъурэ уигу иубыдэ, къыпщхьэпэжынщ, - жиIэрейт абы»...
«ХьэкIашэ зы бэлыхь щищIым и деж зэуэ зэщIэкъуа хъурт, и нитIыр пIейтейуэ мафIэм пэрыплъэу, Iэ сэмэгумкIэ Iэдэр иIыгърэ гъущIыр сакъыу игъэплъу, Iэ ижьымкIэ пэрыIэбэ хьэншакъыр иIыгърэ фIамыщIыр къабзэу къызэщIикъуэу, зы дэп закъуэ адэкIи-мыдэкIи имыгъакIуэу. Мис ноби абы и нитIыр триубыдауэ кIуэцIроплъ шэдыбжь мафIэм, гъущIым мафIэр къызэрыпкърыхьэр елъагъу жыпIэну. Ар къыпэрихыурэ гъущI плъам еуэху, уафэм вагъуэу итым хуэдиз хъуаскIэ къыхигъэлъэтырт...»
ГъукIэм и лэжьыгъэр зэрыгъэпсар фIы дыдэу ди нэгу къыщIегъэхьэ Налом. Iэм ищIын хуейр щхьэм зэрыщызэрагъэзахуэри набдзэгубдзаплъэу ущытын зэрыхуейри гурыIуэгъуэщ. Къэжэр ХьэкIашэ дилъэгъуахэри зыхуиущия псори зыхилъхьащ Налом. Ар гъукIэ IэщIагъэм икъукIэ хуэIэкIуэлъакIуэу зэрыщытар нобэми ящIэж къуажэдэсхэм.
- Нало Заур колхоз кIыщым щIэтт, сэ абы лэжьакIуэ сыщагъэкIуам, - жеIэ илъэс 50-м щIигъукIэ гъукIэу лэжьа Бесчокъуэ Далым. – Зы Iэ лъэныкъуэмкIэ уадэр иIыгъыу и къалэныр игъэзащIэрт, адреймкIэ тхылъыр IэщIэлъу апхуэдэт. Iэзагъышхуэ хэлът, укIэлъыплъамэ, гъущIхэм я бзэкIэ тынш дыдэу «епсэлъэжу» къыпщыхъурт. Ауэ еджэным хуэнэхъуеиншэти, гува-щIэхами ар щIэныгъэлI зэрыхъунур къапщIэрт. ЕджапIэ кIуа иужь абы къигъэзэжакъым, и гъащIэ гъуэгур щIэныгъэм хуиунэтIащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




