ЗэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КIэрыхубжьэрыху быдэхэм (ТКО) щIыналъэхэр зэрелэжьыну щIыкIэм теухуа зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпы­щIэныгъэкIэ хэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м щIыуэпсым и хъугъуэ­фIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Козлов Алек­сандр. 

Иджыпсту щытыкIэр зэрыщытым нэмыщI, зэIущIэм щытепсэлъыхьащ кIэрыхубжьэрыху быдэхэр зэрызэхуа­хьэсыпхъэ мардэм, абы епха инфраструктурэм зегъэужьын, цIыхубэр зыщIэупщIэхэм жэуап етын зэры­хуейм. 
«Ди республикэм мы лъэныкъуэмкIэ лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIыр зэрыщыту дохъуэж, - щетх КIуэкIуэ Казбек и напэкIуэцIым. – КIэрыхубжьэрыхухэр щызэхуахьэс щIы­пIэхэм лэжьакIуэхэмрэ техникэмрэ етшэлIащ, ухуэныгъэм, гъуэгум елэжьхэм е нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм ­къитшри. ФIыщIэ яхудощI къызэрыддаIыгъам папщIэ. ЩIыналъэм и операторыр «Экотехпром» IуэхущIапIэрщ. 
Зэман кIэщIым къриубыдэу абы зэригъэпэщащ транспорт хэха 40-рэ бункер 50-рэ. Иджыри 13 къытIэрыхьэ­ным дыпоплъэ. А лэжьыгъэм пытщэнущ. 
КъинэмыщIауэ, пхъэнкIиилъэ 528-рэ къащэхуащ, зэ­хуэ­хьэсыпIэ 34-рэ щIэуэ зэрагъэпэщащ, 10-р зыхуей хуа­гъэзащ. ЩIыналъэм псори зэхэту пхъэнкIий идзыпIэ 5190-рэ щыIэщ, кIэрыхубжьэрыхухэр зрадзэ 9443-рэ ятегуэшауэ. Мы гъэм иджыри 50 къыхагъэхъуэнущ, щыIэхэр зэрагъэпэщыжынущ. 
ИджыпстукIэ «Экотехпром» IуэхущIапIэр районхэм ядолажьэ, кIэрыхубжьэрыху быдэхэр зэрыдашыну щIы­кIэм, пIалъэхэр, хабзэр зэрызэфIэхыпхъэм теухуауэ хэкIыпIэщIэхэр къалъыхъуэ. Псалъэм папщIэ, «Республикэ шынагъуэншэ» IуэхущIапIэм и гъусэу, пхъэнкIий идзыпIи 6-м видеокIэ укIэ­лъыплъу ящIащ, иджыри 80-м апхуэдэхэр щагъэувынущ. 
А Iуэхум фIы къызэрыдэкIуам и щыхьэтщ цIыхухэр кIэрыхубжьэрыху быдэхэр здыхыфIамыдзапхъэм зэры­щыхыфIадзэм теухуауэ нэхъ мащIэрэ зэрытхьэусыхэр, апхуэдэ хъыбархэм я бжыгъэр процент 50-кIэ зэрыхэ­щIар. А псом къадэкIуэу, дызэлэжьыпхъэри мащIэкъым. Мы лъэныкъуэмкIэ зыхуэдгъэувыжа мурадхэмрэ къалэнхэмрэ зэрагъэзащIэм сыкIэлъоплъ».

Поделиться:

Читать также: