Узыншагъэр хъумэным теухуат

Республикэм и цIыхухэм сытым щыгъуи мыхьэнэшхуэ зратхэм ящыщщ узыншагъэр хъумэным теухуа Iуэхухэр. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ ЩIыналъэм унафэр щызегъэкIуэнымкIэ центрым (ЦУР) и унафэщI КIэдыкIуей Мадинэрэ я зэпсэлъэныгъэри аращ зытеухуауэ щытар.

Интервьюм и гугъу щащIащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэр къэ­гъэщIэрэщIэжыным, зегъэужьыным, медицинэ дэIэпыкъуныгъэм и фIагъым хэгъэхъуэным, IэнатIэхэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ, IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэм.
Республикэм и Iэтащхьэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ зэрагъэзащIэм, апхуэдэуи къигъэлъэгъуащ зэман гъунэгъум къапэщыт къалэн нэхъыщхьэхэр.
Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ технологие лъагэхэр зи лъабжьэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ цIыхухэм етыным, узыфэхэр и чэзум къэхутэным, сымаджэхэми дохутырхэми тыншыпIэхэр къахузэгъэпэщыным.

Поделиться:

Читать также: