Жылагъуэ транспортым къыхохъуэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэр набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ жылагъуэ транспортым и лэжьыгъэр нэхъри егъэфIэкIуэным, цIыхухэр къезышэкI автобусыщIэхэр зыIэрыгъэхьэным. Жылагъуэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек МАХ-м щиIэ напэкIуэцIым щетх: «Упсэун папщIэ Iэмалхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ гъуэгухэм цIыхухэр къыщрашэкIыну трагъэувэну республикэм къахуащ «ПАЗ Вектор NEXT» автобусыщIэу 16. Ахэр трагуэшэнущ къалащхьэм и хьэблэхэр зэпызыщIэ гъуэгухэм. Автобусым тIысыпIэ 23-рэ иIэщ, псори зэхэту абы ихуэнущ цIыху 65-рэ. Къыхэгъэщыпхъэщ автобусыщIэхэр кондиционерхэмкIэ, зи узыншагъэм сэкъат иIэ цIыхухэм хуэщIа дэкIуеипIэхэри тIысыпIэхэри иIэу къызэрызэгъэпэщар.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





