Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр

«КъБР-м и Муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм (АСМО) и прав­ленэм и зэIущIэ дыгъуасэ екIуэкIащ. Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу абы зыщытеп­сэ­лъыхьар УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и ебгъуанэ зэхуэсыгъуэмрэ щIы­пIэ унафэр зезыхьэ ­Iэна­тIэхэмрэ я депутатхэр хэхыным зэрызыхуагъэ­хьэ­зырырщ. Мы гъэм ар екIуэ­кIынущ фокIадэм и 18 - 20 махуэхэм.

ЗэIущIэр къызэIуихащ ­КъБР-м и АСМО-м и правленэм и унафэщIым и къуэдзэ Кульбаев Алан. Абы хэтащ ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI политикэмрэ щIыпIэ унафэм ехьэлIа IуэхухэмкIэ и управ­ленэм и нэхъыщхьэ Хьэсанэ Аслъэн, КъБР-м и АСМО-м и гъэзэщIакIуэ унафэщI Мас­лов Николай, Май муниципальнэ районым и щIыпIэ ад­министрацэм и Iэтащхьэ, «Урысей зэкъуэт» партым и щIыпIэ къудамэу Май щIы­налъэм щыIэм и секретарь Саенкэ Татьянэ, районхэм я щIыпIэ администрацэхэм я лIы­кIуэхэр. 
КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и секретарь Сундиевэ Ксение жи­Iащ махуищым къриу­быдэу Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и щIыналъэм хэхакIуэ кампаниеу 122-рэ зэрыще­кIуэ­кIынур: 112-рэ - къуажэхэм, 7-р - жылагъуэхэм, 3-р - къалэ округхэм. Муниципальнэ хэ­хы­ныгъэхэм япкъ иткIэ, республикэм щагуэшынущ депутат мандату 1505-рэ. 
2026 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щат-ха хэхакIуэхэм я бжыгъэр 552 885-рэ мэхъу. Иджы япэу Iэ­Iэтым хэтынущ цIыху 7055-рэ. IэIэтыр гъэхьэзырынымрэ егъэ­­кIуэкIынымрэ къызэрагъэпэщынущ щIыналъэ ко­мис­сэу 13-мрэ (ТИК-м цIыху 93-рэ щылэжьэнущ) щIыпIэ хэхакIуэ комиссэу 354-м ­(УИК-м цIыху 2750-рэ). Зэрыхабзэу, къапэщылъ хэхыны­гъэ­хэр зыхуей хуэзэу, нахуэу, шынагъуэншэу ирагъэ­кIуэ­кIын папщIэ, хэхыпIэ­хэр видеокIэлъыплъыныгъэ Iэмалхэм­кIэ къызэгъэпэщауэ щытынущ. 
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыналъэ политикэ парт 18 щыIэщ. Мы зэма­ным республикэм къы­щы­зэ­рагъэ­пэ­щащ зы мандат хэхыпIэ округ №17-р. Абы зыщ­рагъэтхыну хунэсащ политикэ партихым къабгъэдэкI кандидатхэм: «Яблоко», «Урысей зэкъуэт», «Новые люди», КПРФ, «Захуа­гъэ здэщыIэ Уры­сей», ЛДПР, - жиIащ Сундиевэм.
Ар щхьэхуэу къытеувыIащ республикэм «Информ УИК» Iуэхур зэрыщагъэзэщIэнум. Абы ипкъ иткIэ, екIуэкIыну ­хэ­хыныгъэр зыхуэдэм, Iэ зы­хуаIэтынухэмрэ зэраIэтыну щIы­кIэмрэ щагъэгъуазэу, Iэ­щIагъэлIхэм хэхакIуэхэм я унэхэр, фэтэрхэр къызэхакIу­хьынущ. УФ-м и ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, апхуэдэ Iэ­ма­лым и фIыгъэкIэ, Iэ зы­Iэ­тым и бжыгъэр проценти 8 - 10-кIэ нэхъыбэ мэхъу, унэм щIэсу Iэ зыIэтым хуэди 2,5-кIэ хохъуэ, апхуэдэуи хуэдищкIэ егъэмащIэ тхьэусыхафэхэр.  А Iуэхум республикэм и хэ­хы­пIэ 354-ри хэтынущ, хъыбар­егъащIэр цIыху 1428-м ирагъэкIуэкIынущ.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, унэхэр къызэхакIухьын щIа­дзэнущ шыщхьэуIум и 20-м (фокIадэм и 13 пщIондэ екIуэ­кIынущ). Сундиевэм къыхигъэщащ фэтэр куэду зэхэт унэ­хэм лэ­жьакIуэхэр щIыхьэ­фыныр къы­зэгъэпэщыным ехьэ­лIауэ щIыпIэ администра­цэхэм я дэIэпыкъуныгъэ ХэхакIуэ ­комиссэр зэрыхуэны-къуэр. «ЦИК-м и унафэкIэ, 2026 гъэм хэхыныгъэхэр зэ-ре­кIуэ­кIынум и хъыбарыр щхьэхуэу едгъэщIэн хуейщ IуэхущIапIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ. Ап­хуэдэ лэжьыгъэ IуэхущIапIэхэм щедгъэ­кIуэ­кIынущ шыщ­­хьэуIум и 20-м щегъэжьауэ фокIадэм и 10 пщIон­дэ. ЕджапIэ нэхъыщ­хьэхэм - фокIадэм и 5 - 15-хэм къриубыдэу», - дыщIигъуащ къэпсэлъам. Абы районхэм я щIыпIэ администрацэхэр къыхуриджащ я щIыналъэ-хэм щылажьэ IуэхущIапIэ ­нэхъ инхэм хъыбарегъащIэ Iуэхур щрагъэкIуэкIыну.
Сундиевэм жиIащ хэхыныгъэхэм зыщыхуагъэхьэзыр лъэ­­хъэнэр къэралым щы­тыкIэр къыщагъэтIэсхъэну щыхэт зэманым зэрытехуар, абы нэхъри жэуаплыныгъэшхуэ яхэлъыну къазэры­хуигъэувыр. 
- КъБР-м и ХэхакIуэ комис­сэм гулъытэ щхьэхуэ хуещI хэхыныгъэхэр шынагъуэншэу зэрекIуэкIынум ехьэлIа Iуэ­хухэм. Бадзэуэгъуэм и 9-м ди IуэхущIапIэм республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр къедгъэблэгъащ. ЗэIущIэм дыщытеп­сэ­лъы­хьащ хэхыныгъэхэр шына-    гъуэншэу къызэрызэдгъэпэ­щыну псоми. Мы гъэм ди мурадщ хэхыныгъэхэм           кIэ­лъыплъакIуэ 800 хуэдгъэ­­­хьэ­зырыну. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ХэхакIуэ комиссэм и пщэ­рылъхэр егъэзащIэ, къапэ­щылъ хэхы­ныгъэхэр нахуэу, нэрылъа­гъуу, хабзэм тету екIуэкIын ­папщIэ. ХэхакIуэ псоми за­худогъазэ 2026 гъэм фокIадэм и 18-м къыщыщIэ­дзауэ и 20 пщIондэ хэхыпIэхэм жыджэру къэкIуэну, я Iуэху еплъыкIэр къагъэлъэгъуэну, я хуитыныгъэхэр къагъэ­сэ­бэпыну», - дыщIигъуащ къэп­сэлъам.
ЗэIущIэм щедэIуащ Бахъ­сэн районым хэхыныгъэхэм зэрызыщыхуагъэхьэзырми. Псоми жаIахэр къэлъытауэ, зэгухьэныгъэм пщэрылъхэр игъэбелджылащ.
Тхыгъэри сурэтри
БАГЪЭТЫР Луизэ ейщ.

Поделиться:

Читать также: