Темыркъаным и пшыхьхэр![]() КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр. Ар къызэрагъэпэщащ СССР-м, РСФСР-м, КъБР-м я цIыхубэ артист, Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я къэрал саугъэтхэм я лауреат, Санкт-Петербург щIыхь зиIэ и цIыху, а къалэм и филармонием и Академическэ симфоние оркестрым и художественнэ унафэщIу щыта дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрэ и фэеплъу. Iуэхур КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщащ, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу. Зэраубзыхуам тету, налшыкдэсхэмрэ ди хьэщIэхэмрэ гъэ къэс зэхуэзышэс мы фестивалыр бадзэуэгъуэм и кIэхэм ирагъэжьащ икIи шыщхьэуIум и пэхэм пщIондэ екIуэкIащ. Iуэху гуапэм хыхьэу къызэрагъэпэща пшыхьхэм цIыхушхуэ зэхуашэсащ икIи щIэщыгъуэ ящыхъуащ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





