Хамэ къэрал къикIа ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэм папщIэ епщыкIущанэу Налшык щекIуэкIа щэнхабзэ-узэщIыныгъэ лагерым и къызэгъэпэщакIуэхэм мы гъэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэм зрагъэхъуэжащ. Ар псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм я егъэджэныгъэм теухуат.
КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамболэт IуэхущIапIэм и къалэнхэм, хэхэсхэм зэрадэлажьэм иджыблагъэ тепсэлъыхьыжащ. Мы Iуэхур республикэм 2005 гъэ лъандэрэ щагъэзащIэ. Жэрдэмыр зэрыщыIэ илъэс 21-м къриубыдэу егъэджэныгъэр къызэрызэрагъэпэщым, зэрыжытIауэ, зрагъэужьащ, ауэ зызымыхъуэжу къэнар я мурад нэхъыщхьэрщ – анэдэлъхубзэр щIалэгъуалэм ирагъэхъумэныр, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм иджырей Урысейр зэрызэхэлъыр пэжу къагурыгъэIуэныр.
«Ди жагъуэ зэрыхъунщи, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм республикэхэр зыхуэдэр тэмэму ящIэркъым. Абы къыхэкIыу, узэщIыныгъэ дерс хуэдэхэм наIуэ ящыдощI Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Адыгейр, Къэрэшей-Шэрджэсыр Урысей Федерацэм и IыхьэфIу зэрыщытыр, - къыхегъэщ Гергоковым. - Ди щIыналъэхэм адыгэбзэр, балъкъэрыбзэр, къэрэшеибзэр хабзэм тету щыхъумащ. Ди адэжьхэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ урысей къэралыгъуэр зэфIэувэным, ноби къэралым щыпсэу лъэпкъ зэхуэмыдэхэр дызэгурыIуэу дызэдопсэу. Абыхэм щIалэгъуалэр хэгъэгъуэзэн хуейщ, политикэ IуэхукIэ къагъэсэбэпыну абыхэм яужь къихьэми, пэщIэтыфын папщIэ».
КъызэгъэпэщакIуэхэр мызыгъуэгум хущIэкъуащ щIалэгъуалэр республикэм и жылагъуэм хашэну, щIыналъэм зыщрагъэплъыхьыну. Лагерым ипкъ иткIэ, ахэр IущIащ «Черкесский ренессанс» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и IэщIагъэлIхэм. Ди лъэпкъэгъухэр щагъэгъуэзащ бжыгъэр зи лъабжьэ проектышхуэми - адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ «Яндекс.ЗэдзэкIакIуэм» зэрыхагъэхьам. Гергоковым къызэрилъытэмкIэ, ди анэдэлъхубзэхэр апхуэдэ федеральнэ ИТ-платформэшхуэхэм къызэрыщыунэхуам хамэ къэрал щIалэгъуалэм Iэмал ярет урысейм и щэнхабзэмрэ лъэпкъыбзэхэмрэ нэхъ куууэ зрагъэщIэжыфыну.
Лекцэхэм къищынэмыщIауэ, зызыгъэпсэхухэм я махуибгъум къриубыдэу, КъБР-м и Лъэпкъ музейми республикэм и бгылъэ щIыпIэхэми щыIащ.
Къэзыгъэзэжахэм я махуэм хьэщIэхэм зыщрагъэплъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лъэпкъ музейм, абыхэм гъэлъэгъуэныгъэр бзищкIэ - къэбэрдеибзэкIэ, тыркубзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ - къыгурагъэIуащ. Iуэхур къызэзыгъэпэщар Дунейпсо Адыгэ Хасэрт. Къызэхуэсахэм яхэтащ республикэм щыпсэухэри къэзыгъэзэжахэри. Мурадыр - зэхыхьэм хэтхэр щIыналъэм, псом япэу, я адэжьхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ щагъэгъуэзэнырт. АдэкIэ хьэщIэхэр нэгъуэщI пэш щIашащ. Абдеж Бгъэжьнокъуэ Заурбэч нарт эпосым теухуа и гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкIырт.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхугъуитI къызэрызэщIаубыдар – цIыхубэ сурэтыщIым и махуэшхуэ гъэлъэгъуэныгъэмрэ Къэзыгъэзэжахэм я махуэмрэ. Абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Косовэ IэщэкIэ щызэпэщIэува щIыпIэр ябгынэн хуей хъууэ 1998 гъэм шыщхьэуIум и 1-м ди хэкуэгъу адыгэхэр япэу я тхыдэ лъахэм къагъэзэжауэ зэрыщытар. Абы лъандэрэ къэралыр я дэIэпыкъуэгъуу, Хэкум къэIэпхъуэжащ цIыху минитхум щIигъу.
ЩIалэгъуалэм зыщрагъэплъыхьаш Сэралъп Мадинэ и Арт центрми. ЗэрытщIэщи, модельер цIэрыIуэм фащэхэр тхыдэ и лъэныкъуэкIэ зэгъэпэщыжыным йолэжь, а Iуэхум нэхъ хуэIэкIуэлъакIуи уигъэлъыхъуэнщ. ЗыплъыхьакIуэхэм я сурэтхэмкIэ зэфIагъэувэжа, XVII лIэщIыгъуэм щыIа фэилъхьэгъуэхэр нобэрей зэманым къебгъэкIуныр Iуэху цIыкIукъым. IэпщIэлъапщIэхэм я фIыгъэкIэ лIэщIыгъуэхэмрэ хамэ щIыпIэхэмрэ зэпраха ди щэнхабзэр зэрыпсэур икIи зэрефIакIуэр долъагъу.
Гергоков Джамболэт жеIэ хамэ къэрал щыIэ ди хэкуэгъухэм я щIалэгъуалэр къызэраутIыпщым ди щIыналъэм и шынагъуэншагъэм дзыхь зэрыхуащIыр къызэригъэлъагъуэр: «Ди зэпыщIэныгъэр нэрылъагъущ: мы Iуэхур ягу иримыхьу щытамэ, зыри къытхуэкIуэнтэкъым. Адэ-анэхэм гупсэхуу сабийхэр я тхыдэ лъахэм къагъакIуэ, Урысейм и шынагъуэншагъэмрэ щIэпхъаджагъэр здынэсымрэ Тыркум е КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и къэралхэм нэхърэ мынэхъыкIэу зэрахъумар къагурыIуэу».
Министерствэм къригъэблагъэ хьэщIэхэм яхуиIэ пыщIэныгъэр зэпигъэуркъым, ахэр кIуэжа нэужьи. Ахэр зэпэIэщIэуи ирагъаджэ. КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ «Эльбрусоид» фондымрэ щIыгъуу, ди лъэпкъэгъухэм къыхузэрагъэпэщ урысыбзэр, адыгэбзэр, балъкъэрыбзэр щадж онлайн-курсхэр. IуэхущIапIэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, бзэр зэзыгъэщIэну абы къыхыхьэхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хэхъуэ зэпытщ.
Апхуэдэу Хэкур зэралъагъум и мызакъуэу, Тыркум, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэм щыщ ныбжьыщIэхэм иджырей Урысейр зыхуэдэр нэхъ тэмэму ирагъэлъагъу, зыхрагъащIэ. Мы гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м ирагъэжьа лагерым зэхуишэсат зи ныбжьыр илъэс 15-м къыщыщIэдзауэ 18-м нэс хъу цIыху 70-м нэблагъэ. Ахэр Тырку Республикэм, Иорданием, Къэзахъстаным, Абхъазым къикIат. «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и артистхэмрэ республикэм и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ пажэхэмрэ хэту, пшыхь дахэкIэ ди лъэпкъэгъухэр ирагъэжьэжащ. КъэкIуахэм щIыхь тхылъхэр иратащ.
Гергоков Джамболэт зэрыжиIэмкIэ, хьэщIэхэм я Хэкур зрагъэцIыхуа дэнэ къэна, хэкурыс щIалэгъуалэми акъылэгъу къыхагъуэтыну хунэсащ.