ШыщхьэуIу мазэм тохуэ Абхъазыр зыхъумахэм я фэеплъ махуэр. 1992 - 1993 гъэхэм екIуэкIа Куржы-Абхъаз зауэу абхъазхэм я текIуэныгъэкIэ илъэс 30-м щIигъу ипэкIэ иухар къэралпсо мыхьэнэ зиIэт. Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэшхуэм и щIыхькIэ щIыналъэм илъэс къэс Iуэхугъуэ куэд щокIуэкI: зэхуэсхэр, гукъэкIыжхэр щыкуэд зэIущIэхэр, концертхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, нэгъуэщIхэри.
Абхъазыр зыхъумахэм, абы и щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм ящыщщ Сыхъум дэт ЩIыхьым и парк фэеплъ щIыпIэм илъэсищ ипэкIэ пщIэшхуэ хуащIу щыщIалъхьэжахэм ящыщщ къэбэрдей щIалэ Ефэнды Арсен СулътIан и къуэр. Аушыджэр щыщ Ефэндыр («Монгол» цIэрат и ныбжьэгъу зауэлIхэр къызэреджэр) и IэщIагъэкIэ кхъухьлъатэзехуэт, абы Киев щыхуеджауэ. Ауэ Абхъазым и лъэсыдзэрщ зыхэтар икIи лIыгъэшхуэ къигъэлъэгъуащ. Бгъэдэлъа зауэ зэфIэкIхэм пэкIуэу адыгэ щIалэ щхьэмыгъазэм «Хахуагъэм папщIэ» къэрал дамыгъэ лъапIэри къратауэ щытащ. Гумиста фронтым щызэуащ ар, Ахабюк Iуащхьэр, Сыхъум къалэр хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ. Арсенщ, уIэгъэ хъуакIэу, и ныбжьэгъу щIалэ Годавэ Януш и гъусэу Абхъазым и ныпыр Министрхэм я Советым и Унэм 1993 гъэм фокIадэм и кIэм лъагэу щыфIэзыдзауэ щытар. Януш 1993 гъэм и фокIадэм и 29-м, текIуэныгъэр къахьыным зы махуэ фIэкIа имыIэжу, яукIауэ щытащ. Абы хуагъэфэщауэ щытащ Леон орденыр. Ефэнды Арсени и псэр итащ а махуэм, зэрыхуагъэфащэмкIэ, атIэми, абы и хьэдащхьэр щамыгъуэтыжым, хъыбарыншэу кIуэдахэм халъытащ, и хъыбар зыми ямыщIэу къекIуэкIащ…
Гъунэгъу щIыналъэм щекIуэкIа зауэжьым теухуа сыт хуэдэ хъыбарми хуэнабдзэгубдзаплъэу блэкIа илъэс 30-р ирахьэкIащ Ефэндыхэ СулътIанрэ КIунэрэ яухуауэ щыта унагъуэм исхэм. Гуауэм зэщIиIыгъэрэ гугъэми имыутIыпщу дакъикъэхэр илъэтырт, мазэхэр кIуэрт, гъэхэр зэкIэлъыкIуэрт, лIэщIыгъуэхэм захъуэжырт. Зи адэр пасэу зыщхьэщыкIа унагъуэшхуэм я бынихым: Любэ, Алик, Арсен, Вячеслав, Анетэ, ФатIимэ сымэ гъащIэр къахуэзыгъэнэху вагъуэ нуру къахуэна я анэ КIунэ абрэмывэу и гум телъу ирихьэкIащ и щIалэ екIухэм я курытым и хъыбар зэримыщIэр. «Гугъэр адэжь щIэинщ» жыхуаIэрати, дунейм тетыху анэр пэплъащ и къуэм и хъыбарыфI къэIуным, абы и нэгум зэ нэхъ мыхъуми иплъэжу и Iэ пхъашэр быным и щхьэфэм дилъэну. Зэшыпхъухэм я курыт Анетэ зэрыжиIэжымкIэ, зы махуи дэкIыртэкъым КIунэ и къуэм и гугъу имыщIу: ар абы ирипхырт и нэгу щIэкI сыт хуэдэ Iуэхугъуэми, зэхих сыт хуэдэ хъыбарми. Уеблэмэ «гууз дыдэу кIуэдакъэ мыр» зыхужыпIэну гуэрхэм я жэназыхэм я хъыбар къыщыIукIэ, зи нэхэр нэпс пщтырым щIисыкIа анэм жиIэрт: «Зи насып, псы хуабэ фалъэ тракIауэ и пIэ егъуэтыж. Си щIалэ тхьэмыщкIэ, уэ сытхэр уи щытыкIэу пIэрэ?..» Арсен и анэкъилъхухэрати, дэтхэнэми лъэкI къигъэнакъым я къуэшым, дэлъхум и цIэр къызыхэщынкIэ хъуну дэфтэрхэр къэугъуеинымкIэ, ар зыцIыхуу, зауэ IэнатIэм къыдыIуту щытахэм епсэлъылIэнкIэ.
КIуни, Люби, Арсен къыщIэнауэ щыта и къуэ закъуэ Заури пщIэ къыхуащIу илъэс къэси ирагъэблагъэрт Абхъазым и къэрал махуэщIхэм я саулыкъукIэ абы щызэхашэ фэеплъ зэхуэс инхэм. Псом хуэмыдэжу ерыщу Iуэхум хэтащ быным я нэхъыжь Любэ. Уеблэмэ абы итат ди къэралым иужьрей зэманым зыщызыубгъуа ДНК анализыр. Абхъаз зауэм хэта зауэлIхэм ящыщу нэхъапэм хъыбарыншэу кIуэдауэ къалъыта куэдым я цIэ-унэцIэхэр зэфIэгъэувэжыным, абыхэм зэрахьа лIыгъэмрэ яхэлъа хахуагъэмрэ хэIущIыIу щIыжыным зи лэжьыгъэр теухуа къэлъыхъуакIуэ гупхэм жэуаплыныгъэр яхэлъу илъэс куэд лъандэрэ къадолажьэ Жор Плъыжьым и Дунейпсо Комитетыр (МККК). Любэ нэхъапэIуэкIэ итауэ щыта ДНК анализыр, зи Iыхьлы хъыбарыншэу кIуэда адрейхэм ятахэм щIыгъуу, ягъэхьауэ щытащ МККК-м.
Абдежми къыщыувыIакъым Любэ. Зэкъым икIи тIэукъым шыпхъу гумащIэр дэлъхум и лъыхъуакIуэ гъунэгъу щIыналъэм зэрыщыIар. Илъэс 30-кIэ еш имыщIэу ар иужь итащ Арсен и лъагъуэ гуэр нэхъ мыхъуми техьэным. Абхъаз зауэмрэ абы хэтахэмрэ ягу къыщагъэкIыж фэеплъ зэIущIэхэм ящыщу зы блэзымыгъэкI а шыпхъу гумащIэр абыхэм щызэхих дэлъху хъыбархэмкIэ гушхуауэ къэкIуэжырт, гугъэщIэхэр гукIэ иухуэу. А псори анэ тхьэмыщкIэми къыдалъхуахэми яхуиIуэтэжырт. Абы иужькIэ а псоми я псэм къаруущIэ иIэу къыщыблэжырт гугъэм и мафIэ цIыкIур. А гугъэм иIыгъыу абыхэм аргуэру гъуэгуанэщIэхэр зэпачырт, хъыбарыншэу кIуэда я дэлъху IэфIым и Iуэху зыIутыр къащIэн мурадкIэ.
Апхуэдиз гугъуехьыр пщIэншэ хъуакъым. КъэлъыхъуакIуэхэм иужьрейуэ къагъуэтыжа зауэлI хьэдэ къупщхьэхэм къыхаха ДНК анализхэм языхэзыр къанэ щымыIэу техуащ Любэ итауэ щытам. ЕгъэзыпIэ зымыгъуэту къуршыщхьэ уардэхэм щхьэщыту къащыхъуа дэлъхупсэр псэхужауэ, нэхъ гъунэгъу къахуэхъужауэ къалъытащ а хъыбарыр къызыжраIа Арсен и анэкъилъхухэм, и къуэ закъуэмрэ абы и унагъуэмрэ. Абхъазым и лъэпкъ махуэщIым ирихьэлIэу щIыналъэм илъэсищ ипэкIэ щрагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэми я нэхъыщхьэ дыдэ хъуащ иджыри къэс хъыбарыншэу къалъыта зауэлI Ефэнды Арсен и къупщхьэлъапщхьэхэр пщIэ хуащIу къалащхьэм и щIыпIэ нэхъыщхьэм зэрыщыщIалъхьэжар.
Куржы-Абхъаз зауэм хъыбарыншэу щыкIуэдахэр къэлъыхъуэжынымкIэ, я цIэ-унэцIэхэр зэфIэгъэувэжынымкIэ 2010 гъэм къызэрагъэпэщауэ щыта зэзыгъэуIу IэнатIэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ къагъуэтыжащ икIи я благъэ-Iыхьлыхэм иратыжащ цIыху 230-м я хьэдэ къупщхьэхэр. Псори зэхэту къапщтэмэ, зауэлIрэ мамыр цIыхуу а зэпэщIэувэныгъэм хъыбарыншэу щыкIуэдахэм ящыщу иджыри 1926-р къагъуэтакъым.
«Псэм ипэ - напэ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Лей къызытехьэ къуэшхэм я къыщхьэщыжакIуэу, нэхъыжьхэм къащIэна а лъэпкъ Iущыгъэр зи гъуазэу а зауэм хыхьа псоми фIыщIэ ин яхуэфащэщ. Зи щIы Iыхьэрэ зи кхъащхьэрэ зыгъуэтыжа Ефэндыхэ я щIалэм хуэдэу зи насып къимыкIахэри иджыри щыкуэдщ Абхъазым. А псори зэпэщ мыхъужауэ кIыжынукъым абхъаз лъэпкъым и Iэпкълъэпкъым дыркъуэ куууэ къытенэну а уIэгъэ хьэлъэр. ЗэкIэ абы иджыри лъы пщтыр къызэпхевыкI…