Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым щопсэу адыгэ хабзэм куууэ пыщIауэ сэхэмрэ сэшхуэхэмрэ зыщI щIалэщIэ. Ар йогугъу адыгэхэм я щэнхабзэр, тхыдэр, IэпщIэлъапщIагъэр нобэ къэгъэщIэрэщIэжыным.

ЩIалэм и гугъу тщIын ипэ, зэ дыхэвгъэплъэж адыгэхэм я щэнхабзэр зыхуэдам. Ди лъэпкъым къыгуэхыпIэ имыIэу Iэщэ щIыныр цIыхухъу IэщIагъэу къыдекIуэкIащ. Адыгэ сэшхуэр Iэщэ къудейтэкъым. Абы «щэнхабзэ» псо хэпщат: сэшхуэ нэгъэсар къалэмым хуэдэу псынщIэу, чым хуэдэу ткIийуэ, жьакIэупсым хуэдэу жану щытын хуейт. Иджырей IэпщIэлъапщIэхэм блэкIам диIа хъугъуэфIыгъуэхэм нэуфIыцIщхьэрыуэу тращIыкIыркъым - абыхэм тхыдэ щапхъэхэр къахутэ, теплъэкIи, гъущIымкIи, лъэпкъым и псэр  къызытещу къалъытэ тхыпхъэхэмкIи егугъуу зэращIыным хущIокъу.

ЦIыхубзхэми езым я IэпщIэлъапщIагъэ яIэжт, декоративно-прикладной гъуазджэм епхауэ. Псом хуэмыдэу ягъэлъапIэрт дыщэидэр. IэпщIэлъапщIэхэм дыщэрэ дыжьынкIэ фэилъхьэгъуэхэр хадыкIырт, пыIэхэр, жьыхухэр, пхъуантэхэр, сэшхуэхэм я сампIэр уагъэкIэ ягъэдахэрт. Апхуэдэу зэгъэкIуауэ зэдэлажьэрт: цIыхухъум сэшхуэ ищIырт, цIыхубзым - ар екIуу, дахэу игъэщIэращIэрт.

IэщIагъэм и щэхухэр щIэблэм зэIэпахыу къэгъуэгурыкIуащ. ХэдыкIыным, уагъэ зэIущэным, нэгъуэщIхэми Iэмал имыIэу зыхуагъэсэн хуейт псом хуэмыдэу унагъуэ лъэрызехьэ къыщыхъухэм. Апхуэдэ Iуэхум хъыджэбзыр хуигъасэрт шыIэныгъэм, лэжьыгъэмрэ хабзэмрэ пщIэ хуищIыным.

Нобэ мыпхуэдэ IэщIагъэхэм щIэгъэкъуэн хуэныкъуэщ. Ауэ ахэр къэщIэрэщIэжыныр зи пщэ дэзылъхьэжхэри, ди гуапэ зэрыхъунщи, диIэщ. Тхыгъэр зытедухуа Брай Ратмирщ лъэпкъ гупсысэм дыхуэзышэжар. ЩIалэм и лъэщапIэр ди щыхьэтщ лъэпкъ IэщIагъэхэр зэрымыкIуэдыжым. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIхэр тыгъэ ящI хьэпшып къудейкъым, блэкIам зэрыпыщIари къатощ.

ЩIалэр Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщщ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и къудамэм щрегъаджэ. Москва щекIуэкIауэ щыта «Урысейм гъуазджэхэмкIэ и тхьэмахуэ» зэпеуэ-гъэлъэгъуэныгъэм щытекIуэгъащ. Абы  утыку къыщрихьат гъэщIэрэщIауэ пхъэм къыхищIыкIа адыгэ Iэнэ лъакъуищыр. КъэпщытакIуэхэм Брайм и лэжьыгъэр нэхъыфIу къалъытат. Абы къыщытетхыхьыжат «Новые лица в искусстве» урысей журналым.

Брай Ратмир и Iэр зыхунэмыс щыIэкъым жыпIэми, пцIы хъуну къыщIэкIынкъым - сурэт щIынрами, гъущIым, пхъэм, дыщэм елэжьынрами. IэпщIэлъапщIэм нэхъыбэу и лэжьыгъэр зытриухуэр адыгэ лъэпкъым и хабзэфIхэрщ, лъэпкъ гъуазджэрщ. Ратмир ныбжьыщIэ IэпщIэлъапщIэхэми ядолажьэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ, эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ центрым къекIуалIэхэр игъасэу.

Мы щIалэм гъэлъэгъуэныгъэ къыщыхузэрагъэпэщауэ щытащ Шэджэм къалэм дэт тхыдэ-лъахэхутэ музейми. Абы бгырысхэм я псэукIэм щыхьэт техъуэ хьэпшыпхэр утыку къыщрихьащ. Ауэ IэпщIэлъапщIэр, езым зэрыжиIэмкIэ, нэхъыбэу дэзыхьэхыр Iэщэ щIынырщ.

«Си гъащIэм щынэхъыщхьэр сэшхуэхэращ. Пасэрей хьэпшыпхэр зэфIэзгъэувэжыну сфIэфIщ. Ар си дежкIэ лэжьыгъэ мыхъуу, си гъащIэм щыщ Iыхьэщ», - жеIэ абы.

IэпщIэлъапщIэм иIэщ къигъэщIэрэщIэжа пасэрей сэшхуэхэмрэ къамэхэмрэ я коллекцэ псо. Апхуэдэуи зэрыгушхуэ хьэпшыпщ адыгэм лъакъуищ щIэту ищIу щыта Iэнэр.

«Мыпхуэдэ Iуэхум селэжьыну гукъыдэж къызэзытыр ди Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсым и дахагъэмрэ адыгэхэм я щэнхабзэ къулеймрэщ. Пасэрей хьэпшыпхэм уоплъри, ахэр зэращI гъуазджэр пхъумэну уохъуапсэ. Сыхуейщ си лъэпкъым и блэкIам хуэфащэу, и къэкIуэнури дахэ хъуну», - жеIэ Брайм.

IэпщIэлъапщIэ ныбжьыщIэм Шэджэм музейм тыгъэ хуищIащ езым и IэдакъэщIэкIхэм щыщу мыжурэсэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лъэпкъ музейми Брайм АфIэунэ Еленэ и гъусэу, къыщыхузэIуахауэ щыта «Адэжьхэм я щIэин» гъэлъэгъуэныгъэри налшыкдэсхэм гукъинэж ящыхъуат. Ратмир абы бгырыпххэр, бгъэгущталъэхэр, нэгъуэщI лэжьыгъэхэри щигъэлъэгъуат.

IэпщIэлъапщIэм сабийхэр иригъаджэ къудейкъым, атIэ а гъуазджэм я гур къыхуегъэуш, еджапIэ нэхъыщхьэхэм IэщIагъэ щызрагъэгъуэтынымкIэ сэбэп яхуохъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, гъэсакIуэр пылъщ лъэпкъым и щэнхабзэр зыхъумэхэр нэхъыбэ хъуным.

Иджырей IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэм наIуэ къещI: адыгэ хабзэр псэущ, лъэпкъым и щIэинхэр музейхэм щIэмылъу, щIалэгъуалэм абыхэм пащэ, ирагъэфIакIуэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

 

Поделиться:

Читать также: