Зи гъащIэр усыгъэкIэ гъэбеяТхьэгъэпсэу Увжыкъуэ илъэс 65-рэ ирокъу Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ Асчэрбий и къуэр Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз районым хыхьэ Алибэрдыкъуэ къуажэм 1961 гъэм шыщхьэуIум и 14-м къыщалъхуащ. Школ нэужьым Увжыкъуэ дзэм къулыкъу щищIащ. I992 гъэм абы къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетыр. ЕджапIэ нэхъыщхьэм щыщIэса илъэсхэм ар корреспонденту щылэжьащ «Советская молодежь» газетым. Къиуха нэужьи IэнатIэ зыбжанэ зэблихъуащ: Налшык дэт еджапIэ-интернатым, лицей №2-м щригъэджащ, апхуэдэу илъэс зыбжанэкIэ ар щылэжьащ «Адыгэ псалъэ» газетми. 2003 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым ирагъэблэгъэжри, Увжыкъуэ къыхуагъэфащэ абы къыщыдэкI «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ къулыкъур. А IэнатIэм ар пэрытащ илъэс 20-м нэблагъэкIэ. Тхьэгъэпсэур 1990 гъэ лъандэрэ Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, 2003 гъэ лъандэрэ Урысейм и ТхакIуэхэм я союзым хэтщ. Увжыкъуэ и творческэ ехъулIэныгъэхэм гулъытэшхуэ къызэрыхуащIым и щыхьэтщ «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» (2006), «Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» (2014), «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ усакIуэ» (2026) цIэ лъапIэхэр къызэрыхуагъэфэщар. 2014 гъэм ар хагъэхьащ ТворчествэмкIэ Дунейпсо Академием. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, Тхьэгъэпсэум зэи зэпигъэуакъым и къалэмыр игъэлъэщэн. Налшык щыдэса илъэсхэм абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэу 100-м щIигъу, гушыIэ пщIы бжыгъэ, «ЩакIуэм и хъыбар» поэмэ-псысэр. Увжыкъуэ усэ тхыным пасэу дихьэхащ. И къалэмыпэм къыщIэкIхэр щIэх-щIэхыурэ къытохуэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ, радиокIэ, телевиденэкIэ къат. Гупсысэ куукIэ гъэнщIа сатыр телъыджэхэр – Хэкум, цIыхугъэм, адыгагъэм, лIыгъэм, гуапагъэм, лъагъуныгъэм, гущIэгъум тегъэпсыхьахэр – ибгъуэтэнущ Увжыкъуэ и дэтхэнэ тхылъми. «Дуней гущэ», «Тхьэм и бынхэр», «МэкIэрахъуэ дунейр» жыхуиIэ усэ тхылъхэр ипэжыпIэкIэ хэлъхьэныгъэ нэс хуэхъуащ адыгэ лъэпкъ литературэм. Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ 2017 гъэ лъандэрэ Урысейм и Журналистхэм я союзым и Къэрэшей-Шэрджэс хэгъэгу къудамэм и унафэщIщ. Мы зэманым ар КъШР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэм и чэнджэщэгъущ. Черкесск къалэм щопсэу.
Усэхэр ТХЬЭГЪЭПСЭУ Увжыкъуэ
АДЫГЭ Урещхьт, Адыгэ, гъатхэ дыгъэ бзийм, Я гурыфIыгъуэу псоми нэху щIагъэщым, Псынэпс IэфIыбзэм, уэгум ихьа бзум, Зы хущхъуэ – узыгъуищэм япэлъэщым.
Урещхьт, Адыгэ, къайгъэншэ сабийм, МэкъупIэм хэсу къэзыплъыхьым уэгур, КъепщылIэ блащхъуэр зыхуэмыгъэбийм, Хьилагъэ мыщIэу зэIухам зи нэгур.
Урещхьт уэ Тхьэшхуэм лIыкIуэу къигъэкIуам, Зи ныбжьыр слъагъуми, къысхуэмыгъуэтыжым, Псэр зыщIэхъуэпсым, фIыгъуэ сфIагъэпщкIуам, Мазэгъуэ гуапэу жэщым къыщхьэщыжым…
Иджы… и щхьэкIэр ГУГЪЭМ пымытыж, – Мыщхьэлъэ щIыкIэ паупщIащ щхьэмыжыр. Псы жапIэми Iубыгъуэ имытыж, – ФэрыщIу йощIэ пхъэ закъуэ лъэмыжыр…
ДИ АДЫГЭБЗЭ
СыщIэдэIумэ Инжыдж ЦIыкIу и уэршэр макъым, Ди бзэкIэ къысщохъур зэхэсх хъыбарыжь, Теухуауэ уардэ – щхьэмыгъазэ лъэпкъым, Нобэми зезыхьэм Хьэтхэм я Iэужь.
КъыхоIукI къуршыпсым ену адыгэбзэ: Къоури зэм, и макъыр шхыдэу дрешей, Зэм мэхъужри Iэсэ, къожэбзэх щэхубзэу, КъыхимыгъэщтыкIыу IэфIу сабий жейр.
Къыподжэж ди бзэжьым бзухэми я макъыр, Жьапщэми къыхощыр ди бзэм и зы щэху: Гъатхэ жыгыр гулъ тIэпIам зэрыхуэсакъыр Ди бзэмкIэ яIуатэу тхьэмпэхэм къысщохъу!
Уафэгъуагъуэм, щыблэм, яутIыпща шабзэм, ГъущIитI зэжьэхэуэм, къыр дзакIэ щэщам... Макъыу щыIэу хъуар къыхощ ди адыгэбзэм, Арагъэнщи япэу бзэуэ къигъэщIар!..
АДЫГАГЪЭ
Ди адыгагъэр ещхьщ гъуэгущхьэм Кърамыдзэжу тет кхъужьейм, Абы къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэм Щытащ хишыфу лъэпкъыр гъейм.
Иджы еижкъым жыгыр зыми, Зеиншэ хъуащи, хуейм ефыщI. Хъуэпсэгъуэу пытми кхъужь езыми, ПщIэ тIэкIу итIани къыхуамыщI.
Доуей, допщей нэпсейуэ хъуапсэр, ИкIи зыхуейм хуэдиз къыпач. ЯмыщIэу щысхь, ягъэгъу и лъапсэр, Къудамэ лантIэхэр къыгуач.
... Йопэзэзэх, мэгъуж жыгыжьыр, Зеяри хъуащ къыхуэмеиж. Къоныкъуэкъуф иджы акъужьыр, Езыми щэхуу зегъеиж...
СИ НАСЫПЩ
Си насыпщ... Псэущхьэу сыкъыщигъэщIам, Си псэр цIыху Iэпкълъэпкъым гуэгъу зэрыхуищIар. СымыхьэкIэкхъуэкIэу, сремыщхьу хьэм, Си насыпщ сыцIыхущи, И IэмыркIэ Тхьэм!
Си насыпщ... Псэущхьэу сыкъыщигъэщIам, И Iэмал щэху гуэркIэ ЦIыху сэ сыщищIам, Тхьэшхуэм сыцIыхухъуу сызэрипсыхьар, Си гъунапкъэр IупщIу къызэрибзыхьар!
Тхьэм сыцIыхухъуну къыщызипэсам, ХЬЭТХЭМ къащIэнахэм бын сахуимыщIам, Си насыпыр щызу сымыпсэуфынт, Адыгэну хъуапсэу си псэр гугъу ехьынт!
АтIэ, си насыпкъэ ЦIыху сызэрыхъуар, Жэнэт щIыгу – Кавказыр Хэку зэрысхуэхъуар! Тхьэм къысхуищIа тыгъэщ псори: си гур изщ, СылIщ сэ, сыадыгэщ, сэ сы-Хэкурысщ!..
КЪУЛЕЯГЪ
Зэи сыщытакъым мылъкукIэ сынэпсейуэ, Жыпми сэ ислъхьакъым къэзмылэжьа сом. Ауэ ныбжьэгъуфIкIэ зызобж сыкъулейуэ, Уеблэмэ сефIэкIыу нэхъ хуэщIауэ псэум.
Мылъку зэхуихьэсауэ тхъэми семыфыгъуэ, Гъаблэгу къэзыщтами сэ емыкIу хуэзмыщI. СиIэ къулеягъым хуейми хремыхъуэ, Ауэ ныбжьэгъу-мылъкум зыри хремыщI...
ГУР МЭПIЕЙТЕЙ
Гур мэпIейтей… Мы дунеишхуэм КъэсщIэн си гугъэу и щэху куэд, ЩIэныгъэу щыIэм сытогушхуэ, ГъэщIэгъуэн Iэджи къызогъуэт.
А къэсщIа къомым елъытауэ, СымыщIэр мэхъур нэхъыбэж. Ар къызгурымыIуэу солъ, содауэ, ЩымыIэ сфIэщIу сэ нэхъ пэж.
ИкIи си пэжым сытетыжу Си гъащIэ гъуэгур соубзыху. Сопсэури си бзэ сыхуитыжу, Мэтынш Iэпкълъэпкъыр, псэр мэпсэху…
КъэсщIащ дунейм и щэху нэхъыщхьэр: Тхьэ закъуэрщ щхьэр зыхуэгъэщхъыпхъэр!.. НАПЭ УИIЭМ, УЦIЫХУЩ
Гум зеухь, гум къежыхь, Си пкъым псэр хозэшыхь… Е пщIыхьэпIэ слъэгъуащ, Е телъыджэ къэхъуащ:
Си Iэпкълъэпкъым хэтщ псэ… Къызитащи Тхьэм бзэ, Псысэр гум кърепхъуэт, Псэми псэху къыхуегъуэт.
Мэскъал цIыкIущ щIы хъурейр, Си зы Iыхьэщ дунейр, СощIэ Тхьэр къыщIысхуейр, Псори Тхьэм дызэрейр.
Дуней мин зэхэша, Зы пкъым лъынтхуэу пхыша… Псэхэр зым къыщегъэщI, ГъащIэр зым щыхегъэщI…
Зэм ин дохъу, цIыкIу дохъуж, Зым зреч, хущIогъуэж, ДокIуэдыж, дыкъохъуж, Зэм догъагъэ, догъуж…
Уэ ухэт?.. Сэ сыхэт?.. Апхуэдиз щхьэ дыхэт?.. Псэм и гъусэмэ НАПЭ, ЦIыхуу Тхьэм егъэлъапIэ!..
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




