Фэеплъхэр хуэсакъыу яхъумэНалшык къалэм дэт, Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэ музейм и унафэщI Лэжьэрей Энессэ зэхыхьэ щхьэпэ куэд къызэрегъэпэщ. Абыхэм папщIэ щIыхь тхылъ куэд къыхуагъэфэщащ Лэжьэрейм. Вовчок и щIэблэм щыщ Москва дэсу къихутащ Энессэ икIи ар къригъэблагъэри, и анэшхуэм и фэеплъым деж щыIащ. Ди къэралым ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм лъабжьэ куу иIэщ, ар тхыдэм и щапхъэ пыухыкIахэм нэрылъагъу къыпщащI. Абы ящыщщ ди блэкIа зэманым и фэеплъ гукъинэжхэр бэм хуэсакъыу зэрахъумэр: цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэм епха щIыпIэхэр зэрагъэлъапIэр, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм я щIыхьыр зэраIэтыр, хэкум и хуитыныгъэм щхьэкIэ зи гъащIэр зытахэм я цIэхэр зэращымыгъупщэр, абыхэм мемориал зэрыхуаухуэр. Апхуэдэщ тхак1уэ Вавчок Маркэ и унэ-музейуэ Налшык дэтри. ТхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Вилинская Марие и гъащIэм и къекIуэкIыкIам теухуауэ Лэжьэрей Энессэ къыджиIахэм фыщыдогъэгъуазэ. - Чернышевскэм Гоголь иужькIэ щыIа тхакIуэхэм къахэпэжыкIыу къилъытэу щыта Вовчок Маркэ къызэральхурэ илъэси 150-рэ зэрыхъуар, ЮНЕСКО-м и унафэкIэ, ар щагъэлъэпIащ ди къэралми хамэ хэкухэми. Вовчок и унэ-музейуэ Долинск дэтым хуэдэ ди къэралым иткъым, мыбдежщ нэхъыбэу щызэхуэхьэсар абы теухуа тхыгъэхэр. Щыпсэуам зэрихьа хьэпшыпхэр, езым и Iэрытххэр. Мы унэ-музейм къыщыбгъуэтынущ абы и сурэтхэр, и благъэхэм, и ныбжьэгъухэм я фэеплъхэр, тхакIуэр зэджа тхылъхэр. Вилинскэ Марие Александр и пхъур 1833 гъэм дыгъэгъазэм и 22-м Орловскэ губернэм щыIа Елецкэ уездым щыщ Екатерининскэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэр офицеру щытащ, и анэр къызыхэкIар лъэпкъ хуэщIа Даниловхэщ. ТхакIуэм и сабиигъуэр щекIуэкIащ Екатерининскэ къуажэм. Марие и ныбжьыр илъэсиблым иту, и адэр 1840 гъэм дунейм ехыжащ. Хъыджэбз цIыкIум мылъхуадэ хуэхъуа Дмитриевыр цIыху ерут, гущIэгъуншэт. Ар къыщыбгъэдэса илъэсхэм сабийм пасэу зыхищIащ пщылIыгъэр зищIысыр, абы цIыхум пудыныгъэу ирипэсыр зыхуэдизыр. И пхъур унагъуэм илъ псалъэмакъ гуемыIум щихъумэн щхьэкIэ, хъыджэбз цIыкIум и анэм ар куэдрэ игъакIуэрт я Iыхьлы Писарев Дмитрийхэ я деж. Мыбы Марие гурэ псэкIэ зыщигъэсэхурт, тхылъ еджэрт, хамэ къэралыбзэхэр зригъащIэрт. Хъыджэбз цIыкIум зэи щыгъупщакъым гугъуехьакIуэ цIыхухэм бэлыхьу ятелъыр зыхуэдизыр. ИкIи аращ тхакIуэ хъуа иужькIэ мыпхуэдэ псалъэхэр щIыжиIар: «Дэ ди гъащIэр пщылIу тхьащ икIи абы къриубыдэу щIэчэ щымыIэу даудынащ, фэ хуит фащIа хуэдэщ, ауэ фэри фаущэбынущ. Пэжщ, гухъур нэгъуэщIщ, ауэ фызэраущэбынур дэ тхуэдэ дыдэущ». 1851 гъэм Марие Вилинскэр лIы дэкIуащ. Абы и щхьэгъусэ хъуащ украин этнограф цIэрыIуэ Маркович Александр. А тIур зэгъусэу Украинэм Iэпхъуащ. А лъэхъэнэм Марие и щхьэгъусэм щIыгъуу а къэралыр къызэхекIухь, я бзэр зрегъащIэ, псалъэжьхэр, уэрэдхэр, таурыхъхэр, хъыбархэр зэхуехьэс. Ар нэхъри пэгъунэгъу мэхъу гуащIэрыпсэу цIыхухэм я гъащIэм, абы я лэжьыгъэ хьэлъэр зыхещIэ, пщылIыным бэм ятригъэлъ хьэзаб псори и нэгу щIокI. ИлъэсиблкIэ, 1851 гъэм къыщыщIэдзауэ 1858 гъэм нэсыху, Вовчок Украинэм щыпсэуащ, ар дэсащ Чернигов, Киев, Немиров къалэхэм. Абы тхэн щIидзащ 1856 гъэм. И япэ тхыгъэхэр украиныбзэкIэ 1857 гъэм Петербург сборник щхьэхуэу къыщыдэкIащ, «Народнэ оповиданнэ» зыфIища тхылъыр. Абы хыхьащ рассказхэу «Щхьэщэхуж», «Чумак», «Одаркэ», «Казачкэ», нэгъуэщIхэри, псори зэхэту рассказ пщыкIуз ихуащ тхылъым. Мы тхылъыр урысыбзэкIи дунейм къытехьащ. Ар тридзащ «Русский вестник» журналым иужькIэ Тургеневым и пэублэ псалъэкIэ къыщIидзэу ахэр 1859 гъэм тхылъ щхьэхуэу къыдэкIащ. 1860 гъэм «Отечественные записки» журналым къытехуащ Вовчок Маркэ и повесть «Институтка» зыфIищар. Франкэ Иван зэрыжиIамкIэ, ар «литературэм и налкъут нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ». Вовчок и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэ купщIафIэхэм гулъытэ ин хуащIат Герценым, Добролюбовым, Чернышевскэм, Шевченкэ сымэ. Уеблэмэ Шевченкэ пхъу ищIауэ апхуэдэт. 1859 гъэм и пэщIэдзэхэм Марие Петербург мэIэпхъуэ. Къалащхьэм ар щахуэзащ икIи цIыхугъэ щахуэхъуащ урыс революционнэ демократ куэдым, щIэныгъэм, гупсысэм, лъэпкъ литературэмрэ щэнхабзэмрэ заужьыным псэемыблэжу бгъэдэт цIыху пажэхэм. 1859 гъэм ар хамэ къэралхэм макIуэ, къыщигъэзэжри 1867 гъэрщ. Вовчок Маркэ щыIащ Германием, Англием, Швецарием, Италием, Францием. Абыхэм Марие цIыхугъэ щахуэхъуащ хамэ къэрал тхакIуэхэм, еджагъэшхуэхэм. А лъэхъэнэм Вовчок Маркэ и тхыгъэ зыбжанэ дунейм къытохьэ. Ар нэхъ пэгъунэгъу хуохъу Герценрэ Добролюбовымрэ. Хуэбгъэфащэ хъунущ Тургеневым ар француз тхакIуэшхуэхэу Флобер, Жорж Санд, Гюго сымэ я хасэм хишауэ. Жюль Верн а «цIыхубз губзыгъэ, щIэныгъэ куу зиIэ, сытри гукIэ зыхэзыщIэ, французыбзэр фIыуэ зыщIэр» хуит ищIащ и тхыгъэхэр урысыбзэкIэ зэридзэкIыну. ИкIи Жюль Верн и тхыгъэ пщыкIутху зэридзэкIащ. Абы яхэтащ «Капитан Грант и бынхэр», «Илъэс пщыкIутху зи ныбжь капитан», нэгъуэщIхэри. ТхакIуэр уэрсэру ирипсалъэрт инджылызыбзэм, нэмыцэбзэм, французыбзэм, тыншу къеджэрт икIи псалъэрт итальяныбзэкIэ, чехыбзэкIэ. Писаревыр щIыгъуу Марие урысыбзэкIэ зэридзэкIащ Дарвин Чарльз и «ЦIыхум и къэхъукIэр», Брем и «Псэущхьэхэм я гъащIэр» нэгъуэщIхэри. И хэку къигъэзэжа иужькIэ, Вовчок Некрасовымрэ Салтыков-Щедринрэ я гъусэу «Отечественные записки» журналым и редакцэм щолажьэ. Мы журналым къытехуащ Марие и тхыгъэ куэд, романхэр, повестхэр. 1878 гъэм къыщыщIэдзауэ Марие Ставропольем щыпсэуащ. Абы къикIыурэ ар Налшык дэса и благъэхэм я деж зыкъомрэ къэкIуащ. 1906 гъэм Белэ Речкэ узэрыкIуэ гъуэгум пэгъунэгъуу Вовчок щIапIэ къыщищэхури, пэшищ хъууэ унэ цIыкIу ирищIыхьащ, гуэщ пэши игъэуващ, жыг хади хисащ, удз гъэгъахэр игъэтIысащ. Марие щIэх дыдэу нэIуасэ захуищIащ мы щIыпIэм щыпсэу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ. Пэжу къыщIэкIащ Налшык щхьэкIэ и къуэ Богдан хуитхахэр: «Мыр зэгуэр курорт хьэлэмэтыщэ хъунущ… Мыжыжьэу щIыпIэ дэгъуэ иIэщ ущыпсэуну, зыщыбгъэхъужыну. Хьэуар салъкъынщ, гуакIуэщ… Си щхьэгъубжэм удэплъмэ, уафэр къащхъуэщ, щхьэгъубжэ лъабжьэм епэр гуакIуэр къызыпих удз зэмылIэужьыгъуэхэм щIыр щауфэбгъуащ, бгыхэм щхъуантIагъэр къащтащ, адэкIэ къуршхэм телъ уэсым нэр щесыкI, пэрыхьэтращи - дыгъэ, дыгъэ, дыгъэ, икIи уимылыгъуащэу, ауэ къогуэпылIэу зыхэпщIэу! Налшыкыпс къуршым къыхож. Тэрч ещхьу ари пIащIэу йох». Совет властыр ува иужькIэщ Вовчок и псалъэхэр нахуапIэ щыхъуар. Нобэ Налшык къалэ къэралпсо зэхуэсыпIэ хъуащ. Абы и курорт щIыпIэ Долинск щыIэщ санаторэ, пансионат, санаторэ-профилакторэу тIощIым нэс. Илъэс къэс мыбы зыщагъэпсэху, зыщагъэхъуж ди къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа цIыхухэм. Ди щIыпIэм щыпсэухэри ди хьэщIэхэри нэ лейкIэ йоплъ Вовчок Маркэ и унэ-музейм, абы и фэеплъым. Абы и щыхьэтщ мыбы къекIуалIэхэм къагъанэ тхыгъэ гуапэхэр, и кхъащхьэм сытым щыгъуи тралъхьэ удз гъэгъахэр. И гъащIэ гъуэгум ириплъэжурэ Вовчок Маркэ итхыгъащ: «Сэ си гъащIэр схьащ зы гъуэгу сытету икIи дэзмычыхыу. Щыуагъи сиIагъэнщ, гу щабэ сыщыхъуаи къысхуихуагъэнщ, цIыхухэм я нэхъыбапIэм ещхьу, ауэ нэхъыщхьэр аращи, схэлъ цIыхугъэм зэи сепцIыжакъым». Вовчок Маркэ дунейм ехыжащ 1907 гъэм, шыщхьэуIум и 10-м. Ауэ тхакIуэм и цIэр цIыхум я гум къинащ фIыкIэ. Абы и тхыгъэхэр зэрадзэкIащ адыгэбзэкIи балъкъэрыбзэкIи. Марие и гъащIэмрэ и гуащIэдэкIмрэ пьесэ тритхыхьащ драматург Черемисин Борис. Абы усыгъэкIэ зыхуагъэзащ Щомахуэ Амырхъан, Тхьэгъэзит Зубер, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сымэ. ГумащIагъэм, зэкъуэшыгъэм, щхьэхуитыныгъэм я идеехэр лъабжьэ быдэ зыхуэхъуа Вовчок и творчествэр ноби хуолажьэ ди хэкушхуэм ис лъэпкъхэр нэхъри нэхъ зэгъунэгъу щIыным, зэкъуэш республикэхэм я щэнхабзэм нэхъри зегъэужьыным. Мыри къыхэзгъэщынут: «Вовчок Маркэ» цIэ лейр щIызыфIищам и щхьэусыгъуэр мыращ - а зэманым цIыхубзыр тхакIуэ хъуну хуитыныгъэ зэримыIарщ. КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
11.09.2026 - 15:25 →
Бзэ куэд зыщIэхэр
11.09.2026 - 15:14 →
Гектар мини 6,7-м щIигъу
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
| ||




