Лъытэныгъэ ин зыгъуэта гуащIэдэкIДи къэралыр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ, щытхъу ин зыхуэфащэ еджагъэшхуэ куэд диIэщ адыгэ лъэпкъым. Адыгэ щIыналъэм и цIэр щIэныгъэ дунейм фIыкIэ щызыгъэIуахэм ящыщщ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием я академик Гугу Рэшад Хъусен и къуэр (1927-2002). Къэбэрдей-Балъъкэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр илъэси 100 зэрырикъур щагъэлъапIэ махуэхэм дигу къыдогъэкIыж лъэпкъ еджагъэшхуэм и гъащIэр, абы лъэпкъ щIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иныр. Адыгэ тхыдэм елэжьыфын щIэныгъэлI нэс адыгэхэм къыщытхэкIар Хэку зауэшхуэм иужь лъэхъэнэхэрщ. Ахэращ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэ хьэлъэр пэжу, нэсу япэ зыубзыхуахэр, зэфIэзыгъэувэжахэр. А къалэн хьэлъэр зи пщэ къыдэхуахэм икIи ехъулIэныгъэ хэлъу ар зылэжьахэм ящыщщ Гугу Рэшад. Ар щылэжьа илъэсхэм ди республикэм адыгэ тхыдэм теухуауэ Iуэху къыщрахьэжьауэ, зэIущIэ щекIуэкIауэ къыщIэкIынкъым, а щIэныгъэлI гъуэзэджэм и жэрдэм хэмылъу, ар къыщымыпсэлъауэ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ купщIафIэхэрщ лъэпкъ тхыдэм и лъэхъэнэ зэIумыбз зыбжанэ иджырей щIэныгъэм и хабзэм тету зэфIэзыгъэувэжар, къэзылъхуахэм я гъащIэм и къекIуэкIыкIар лъэпкъым и нобэрей щIэблэм пэжу къахуэзыIуатэр. Гугу Рашад ящыщащ зи балигъ хъугъуэр, щIалэгъуэр Хэку зауэшхуэмрэ абы иужь ита лъэхъэнэ хьэлъэмрэ ирихьэлIахэм. Зауэ зэманхэм еджапIэхэр щытыкIэ гугъум итт: езыгъэджэни зэреджэни дахэ-дахэу ягъуэтыртэкъым. Джэдыкъуэ дэта, япэ илъэсхэм Рэшад щеджа, иужькIи ар зи унафэщI хъужа я еджапIэ цIыкIури апхуэдэ гугъуехьхэм хэтащ икIи, апхуэдэ еджапIэхэм щIэсхэм абыхэм щIэныгъэ гуэр къыщIахамэ, зи фIыщIэр, псом япэу, езы ныбжьыщIэхэрщ, абыхэм я ерыщагъырщ. Апхуэдэ ерыщагъ и щIалэгъуэм зыхэзылъхьэфа ныбжьыщIэр еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьа нэужь псэху, еш имыщIэу йоджэ, IэщIагъэ къыхихам хуэпэжщ. Рашад илъэс 50-м нэскIэ щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым. ЩIэныгъэ лэжьакIуэу къыщIидзэри, ар хъуащ тхыдэ къудамэм и щIэныгъэлI нэхъыжь, и унафэщI. I988 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэси 10-м нэскIэ институтым и тхьэмадэ къалэныр дагъуэншэу ирихьэкIащ. А лъэхъэнэм къриубыдэу а IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэм къэралпсо мыхьэнэ зиIэ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр зэфIахащ. Гугум къызэригъэпэщауэ щытащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхуэгъэза лэжьыгъэшхуэ куэд. Абыхэм ящыщт щIэныгъэ экспедицэ щхьэхуэ Сирием, Тыркум, Иорданием ягъэкIуауэ зэрыщытар. Институтым и лэжьакIуэхэм сыт и лъэныкъуэкIи я щапхъэт щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, къызэгъэпэщакIуэ хьэлэмэт, унафэщI щыпкъэ, хэкупсэ икIи цIыху пэж Гугу Рэшад. ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ тхыгъэ куэд къыпыкIащ еджагъэшхуэм и къалэмыпэм. Абыхэм ящыщщ лэжьыгъэ купщIафIэхэу «Къэбэрдей-Балъкъэрым революцэ зэщIэхъееныгъэр зэрыщекIуэкIар», «Тэрч щIыналъэм Советхэр зэрыщытекIуар», «Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ 18-нэ лIэщIыгъуэм зэрыта щытыкIэмрэ абыхэмрэ Урысеймрэ яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэмрэ», нэгъуэщIхэри. Ныкъуэтхыу къэнауэ щытащ «Къалмыкъ БетIал» щIэныгъэ-къэхутэныгъэ тхылъыр. «И лъэпкъым и гъащIэ блэкIар абы нэгъэсауэ куууэ зэрищIэр, ар къекIуу, пэжу къызэриIуэтэн, зэрызэфIигъэувэжын зэфIэкI зэрыбгъэдэлъыр, зытетхыхьхэм я псэм и хуабагъ зэрыхэплъагъуэр щIэныгъэлI щэджащэм нэхъ щызу, куууэ къыщигъэлъэгъуащ и иужьрей тхылъ хьэлэмэтыщэ «Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ 18-нэ лIэщIыгъуэм зэрыта щытыкIэмрэ абыхэмрэ Урысеймрэ яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэмрэ» жыхуиIэм, 1999 гъэм дунейм къытехьам», - жиIэгъащ лъэпкъ еджагъэшхуэ ХьэкIуащэ Андрей, Гугум тепсэлъыхьу. ХьэкIуащэм зэрыжиIэмкIэ, адыгэ тхыдэм теухуауэ а щIэныгъэлI цIэрыIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэм яхуэфащэ пщIэр лъагэщ, инщ. Гугу Рэшад лъэпкъ тхыдэтххэм я нэхъыфI дыдэхэм зэращыщым, абы и цIэ лъапIэр адыгэ тхыдэм къызэрыхэнэнум шэч къытрихьэртэкъым абы. ИпэжыпIэкIэ, лъытэныгъэ ин игъуэтащ Гугум и гуащIэдэкIым. Абы къыфIаща щIэныгъэ цIэ лъагэхэм нэмыщI, къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ лъапIэ зыбжанэ, щIыхь, щытхъу тхылъхэр. ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
11.09.2026 - 15:25 →
Бзэ куэд зыщIэхэр
11.09.2026 - 15:14 →
Гектар мини 6,7-м щIигъу
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
| ||




