Реабилитацэ центру Мещеряков А. И. и цIэр зезыхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэхэм я унафэщIхэм я къуэдзэхэм папщIэ егъэджэныгъэ семинар. Абы хэтащ УФ-м и Президентым и Администрацэм, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм, УФ-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм, МВД-м, МЧС-м, нэгъуэщI къэрал IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.
Iуэху щхьэхуэхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэхэм щыхэплъащ ветеранхэр лэжьапIэ гъэувыным, абыхэм я Iуэхухэр тыншу зэфIагъэкIын папщIэ дэIэпыкъуэгъухэр ящIыгъуным, социально-реабилитацэ Iуэхутхьэбзэхэм зегъэубгъуным, нэгъуэщIхэми.
Кърагъэблэгъа хьэщIэхэм и гугъу ящIащ зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ ядэIэпыкъунымкIэ щIыналъэхэм лэжьыгъэшхуэ зэрыщрагъэкIуэкIым, зэфIэкI хъарзынэхэр къызэрагъэлъагъуэм.
«Къапщтэмэ, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэным зэпымыууэ зеужь. Фондым зэфIих Iуэхугъуэхэм заубгъу, сэлэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм-рэ зэрадэгъуэгурыкIуэ Iэмалхэр ирагъэфIакIуэ. Аращ щхьэж и зэфIэкIхэмкIэ зэхъуэжэным, щIыналъэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ нэхъыфIхэр нэхъыбэм къащIэным, ветеранхэм нэхъ хэгъэхьауэ ядэIэпыкъуным хуэунэтIа унафэхэр зэхэлъхьэным апхуэдизу мыхьэнэшхуэ щIиIэр», - жиIащ УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и статс-секретарь-къуэдзэ, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и унафэщI Цивилевэ Аннэ.
Апхуэдэу къызэрагъэпэщащ реабилитацэмрэ социальнэ адаптацэмрэ ехьэлIа иджырей технологиехэмрэ къэхутэныгъэщIэхэмрэ я гъэлъэгъуэныгъэ. Семинарым хэтахэм гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ зи тхьэкIумэм зэхимыхыж, зи нэхэм ямылъагъужхэм ягъуэта сэкъатыр зэрызэрагъэзэхуэж дэIэпыкъуныгъэхэм. Апхуэдэ сымаджэхэм щадэIэпыкъу медицинэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэ хъуащ Мещеряков А. И. и цIэр зезыхьэ реабилитацэ центрыр. Абы щхьэхуэу игъэпса программэмкIэ йолэжь зи нэм имылъагъу е зи тхьэкIу- мэм зэхимых ветеранхэм езыр-езыру я щхьэ Iуэху зэрахуэжыфу есэным, ахэр жылагъуэм хэзэгъэжыным, IэщIагъэ зрагъэгъуэтыным, лэжьапIэ увыным, къапэщылъ гъащIэр адэкIэ яубзыхуным. Реабилитацэр адрейхэм къащхьэщызыгъэкIыр, зи узыншагъэм сэкъат игъуэта ветераным и унагъуэм исхэм я гъусэу лэжьыгъэр зэрыдрагъэкIуэкIырщ, ар сэбэп мэхъу зауэлIхэр мамыр псэукIэм нэхъ псын-щIэу икIи нэхъ тыншу хуэкIуэжынымкIэ.
Iэрыс Iэсият.