ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ IэмалыщIэхэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­ЩIыналъэм унафэр щызегъэкIуэнымкIэ центрым и унафэщI КIэдыкIуей Мадинэ ирита интервьюм къыщыхигъэщащ инфраструктурэм зегъэужьыныр респуб­ликэм и экономикэми  псэукIэр ефIэкIуэнми я тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр. 

Республикэм щызэфIах лэжьыгъэхэр къызэщIиубыдэу, Iэтащхьэм тхьэмахуэ къэс ит интервьюр Налшык аэропортым ще­кIуэ­кIащ. ЗэIущIахэр тепсэлъыхьащ гъуэгухэр зы­хуей зэрыхуагъазэм, цIыхубэм къигъэщ­хьэпэ транспортыр щIэкIэ зэрахъуэжым, ар хуэ­ныкъуэ дэтхэнэ зыми тыншу игъуэту щытыным зэрыхущIэкъум. 
Инфраструктурэм зегъэужьыным и мы­хьэнэ нэхъыщхьэр псэукIэр зэрыригъэ­фIакIуэрщ, щIыналъэм и УнафэщIым зэрыжиIэмкIэ. Гъуэгухэр зэманым къигъэув ­мардэм тетмэ, республикэм щыпсэухэм ар тыншу къагъэщхьэпэ, абыхэм я фIыгъэкIэ проектыщIэхэм ухыхьэ мэхъу. 
Щхьэхуэу я гугъу ящIащ къуажэхэмрэ щIыпIэ пхыдзахэмрэ хуащI гулъытэми. Инфраструктурэм зэрызиужьым мыхьэнэ иIэнукъым, ар республикэм щыпсэу дэтхэнэ ­зыми и Iуэху зэрыдигъэкI Iэмал мыхъунумэ. 
Iэтащхьэр и интернет напэкIуэцIым цIыхухэм щадэгуэшащ КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэнрэ Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къалэныр пIалъэ- кIэ зыгъэзащIэ Ащхъуэт Азэмэтджэрийрэ я гъусэу транспорт инфраструктурэм щелэжь IуэхущIапIэхэр къызэрызэхикIухьам, псалъэм папщIэ, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа ­интервьюр щекIуэкIа Налшык аэропортым щилъэгъуам арэзы къызэрищIам. 
«КхъухьлъатэкIэ зекIуэн Iэмалым мы­хьэ­нэшхуэ щиIыгъщ транспорт инфраструктурэм. Налшык аэропортым щекIуэкI лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ, къэралым и щIыпIэ жы­жьэхэм къикIыу, Къэбэрдей-Балъкъэрым къэ­зыунэтI туристхэмрэ хьэщIэхэмрэ ди ­зыгъэпсэхупIэхэм тыншу къокIуэф. Къинэ­мыщIауэ, щIалэгъуалэр еджакIуэ кIуэнми, хьэрычэтыщIэхэм сату Iуэху зэрахуэнми, ­унагъуэхэм я нэгу зрагъэужьыну ежьэми - псоми къагъэщхьэпэ аэропортыр, - етх КIуэ­кIуэ Казбек. - Налшык кхъухьлъатэ тедзапIэм щызэблэкI цIыху бжыгъэр иужьрей илъэс ­ныкъуэм мини 104,5-м нэсащ, ар илъэс блэ­кIам зэрыщытам еплъытмэ, процент 33-кIэ нэхъыбэщ. А псор къезыгъэхъулIар кхъухь­лъатэхэр здэкIуэ щIыпIэхэм я бжыгъэм зэрызиубгъуарщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Мэзкуу ­нэхъыбэрэ мэлъатэ, Сочэ, Санкт-Петербург, Къэзан пIалъэ пыухыкIам тету лъатэ рейсхэр щыIэщ, къэралщIыбым кIуэхэм ящыщу, ­Сауд Хьэрыпым лъэIэс кхъухьлъатэ гъуэгу пхашащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Екатеринбург зыпащIэну я мурадщ. 
(КIэухыр. ПэщIэдзэр 1-нэ нап.) 
Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым Налшык аэропортыр гъуэгу теувэ цIыхухэм Iуэхур щагъэпсынщIэным зэрелIалIэр. Кхъухьлъатэ тедзапIэми, техникэми, шынагъуэншагъэр къызэрызэрагъэпэщ Iэмалхэми зихъуэжащ, зехьэн хуей ухуэныгъэхэр зэIузэпэщ ящIри, аэропортыр зыхуей хуагъэзащ». 
КIуэкIуэ Казбек аэропортым и лэжьакIуэхэм яхуэзэри, гупым ­ехъулIэныгъэкIэ я IэнатIэр ирахьэкIыну ехъуэхъуащ. 
Къалэм щекIуэкI гъуэгу лэжьыгъэхэм щыгъуазэ зыщищIым, КIуэ­кIуэ Казбек зригъэлъэгъуахэм язщ Байсултановым и цIэр зе­зыхьэ уэрамри. Мыбдежым щекIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэгъауэ, иджы уэрамым и Iуфэхэр ягъэкъабзэ. Гулъытэ щхьэхуэ хуащI абдежым ит щхъуантIагъэхэр къызэтрагъэнэным. А мурадым лъэIэсын папщIэ, жыгхэм яубыд гъуэгу Iыхьэм деж щIы тракIутэ, щIэуэ къэкIыгъэхэр хасэным хуагъэхьэзыр. 
Налшык щызэрагъэпэщыж гъуэгухэм я кIыхьагъыр псори зэхэту километр 50-м щхьэдэхынущ. Абы хиубыдэр гъуэгушхуэхэм я закъуэкъым, щIыпIэ нэхъ пхыдзахэри зэрытыпхъэ мардэм хуагъа­кIуэ. 
КIуэкIуэ Казбек гулъытэ щхьэхуэ хуищIащ «Налшык транспорт» IуэхущIапIэр зыхуей хуэгъэзэн зэрыхуейми, псом хуэмыдэу, абы щы­лажьэ транспортыр щIэкIэ хъуэжыныр къалэн нэхъыщхьэхэм язщ. 
«Мы махуэхэм тIысыпIэ 23-рэ зиIэ, псори зэхэту цIыху 65-рэ зэ­рыхуэ ПАЗ Vektor Next автобусыщIэу 16 къытIэрыхьащ, - щитхыжащ и напэкIуэцIым КIуэкIуэ Казбек. – Видео хэту, хьэуар зыгъэ­щIыIэтыIэ IэмэпсымэкIэ, ГЛОНАСС спутник зегъэкIуэкIэ IэмалкIэ къызэгъэпэщауэ апхуэдэщ ахэр. Уасэр ептын папщIэ, ахъшэ Iэрылъхьэ къыумыгъэщхьэпэми хъунущ, зи IэпкълъэпкъкIэ сэкъат зиIэ пассажирхэм яхухэха тIысыпIэхэри щхьэхуэщ. Дэфтэрхэр зыхуей хуэзэмэ, автобусыщIэхэр республикэм и гъуэгухэм техьэнущ. 
Къыхэзгъэщыну сыхуейщ гъуэгу-транспорт хозяйствэм щедгъэ­кIуэкI лэжьыгъэ псори ди Президент Путин Владимир къыхилъ­хьа «Гъа­щIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ проектым фIыуэ кърикIуа­хэм зэращыщыр. 
2024 гъэм щегъэжьауэ, республикэм автобусыщIэ 44-рэ къыIэ­рыхьащ. Иджыри 15-м дыпоплъэ. Илъэсищым къриубыдэу, зэманым лъэщIыхьэ машинэ 75-рэ диIэнущ. 
Иджыпсту къалэм зыщуплъыхьмэ, автобусхэм зэрыпэплъэ зэманыр нэхъ кIэщI зэрыхъуам гу лъыботэ. Районхэм къикIыу Налшык лэжьакIуэ къакIуэхэри нэхъ тыншу зекIуэу хъуащ. ДяпэкIи Къэбэрдей-Балъ­къэрым транспорткIэ къыщыпкIухьыныр нэхъри тынш зэрытщIыным хуэгъэза лэжьыгъэхэм яужь дитынущ». 
 

 

КЪУДЕЙ Iэминэ.
Поделиться:

Читать также: