Уадыгэу упсэуныр тыншкъым

 ГъащIэ. Сыт ар зищIысыр? Тхыдэм и зы напэкIуэцI, хьэмэ зыми емыпхауэ Тхьэшхуэм цIыхум къытхуиутIыпща зэман? Гугъущ, хуабжьу гугъущ мы упщIэхэм я жэуапыр кIэщIу къэпIуэтэну. 
Пасэрей цIыхушхуэ гуэрым жиIэгъауэ щытат: «ЦIыхур дунейм къыщIытехьэр лIэныгъэм зыхуигъэхьэзырын хуейуэ аращ». Тобэ, уегупсысмэ, сыту акъыл куукIэ гъэнщIа мы псалъэхэр! Шэч хэлъкъым цIыху гъащIэр тхыдэм и зы напэкIуэцIу зэрыщытым, езы цIыху щхьэхуэм Тхьэшхуэм къыхуиутIыпща зэманымкIэ къэухъуреихьауэ. ЩыапхуэдэкIэ, а зэманыр IуэхугъуэфIкIэ гъэнщIауэ, укъызыхэкIа лъэпкъым уигу хуэныкъуэрэ хуэнэхуу, абы ухуэлажьэу къэбгъэщIэныр аращ насыпым и насыпыжыр. Арагъэнщ «ЛъэужьыфIэ ухъу!» адыгэжьым щIыжиIэгъар… 
Мы гупсысэхэр си гум къыщызыгъэушар адыгэлI щэджащэ, зи лъэпкъым зигу хуитхьэщIыкIа, зи гъащIэр лъэпкъ тхыдэм къыкIэрыпх мыхъуну зыхь тхакIуэ, публицист, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Мусэбий и къуэм хуэгъэзауэ си псалъэ згъэIуну си насып къызэрихьаращ. 
«Уадыгэу упсэуныр гугъущ», – жеIэ шэрджэс усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин. Абы къикIыр нэрылъагъу къытхуещI зи гугъу тщIы лIы губзыгъэм и гъащIэм. ЩIалэ дыдэу щIидзауэ Мухьэмэд фIэщхъуныгъэ иIэу лъэпкъ Iуэху зэрехуэ. УкъызыхэкIа лъэпкъым гу хуабагъ мащIэ дыдэ нэхъ мыхъуми хууиIэжу щытмэ, уимыгъэпIейтейуэ къанэркъым ХьэфIыцIэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэу «Адыгэ мамлюкхэр», «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым», «ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых» жыхуиIэхэм ущеджэкIэ. Нэрылъагъущ ахэр зи IэдакъэщIэкIым и гур и лъэпкъым къызэрыхуитхьэщIыкIам къыщымынэу, лIыгъэшхуи зэрыхэлъыр. Пэжыр жызыIэфыр гу зыкIуэцIылъырщ, цIыху къабзэу дунейм тетырщ. 
ХьэфIыцIэм и тхыгъэхэм ящыщ куэд урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, тыркубзэкIэ Урысейм, Америкэм, Германием, Тыркум, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэм къыщыдэкIащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ди лъэпкъ тхыдэ уардэм зигу къыхуэплъхэм, абы нэгъуэщIынэкIэ езыгъэплъыжахэм, ар дунейпсо утыкум изыхьахэм ящыщщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Дауэ атIэ апхуэдэ цIыхум фIыщIэ зэрыхуумыщIынур?! 
 «Адыгэ псалъэ» газетым ХьэфIыцIэм тригъэкIуадэ зэманым хуэдиз зи гуащIэ къихьын куэд урихьэлIэнукъым. Ауэ абы нэмыщIыжу, Мухьэмэд гуащIэшхуэ хелъхьэ «Черкесское зарубежье», «Нарт», «Хасэ» газетхэр гъэхьэзырынми. Абыи уфIэкIыжынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым я лъэпкъ газетхэр зэщIыгъуу дунейм къытехьэ зэрыхъуар зи жэрдэмхэм ящыщщ ХьэфIыцIэр. Мы Iуэхум адыгэхэм я дежкIэ пщIэуэ иIэм уасэ хуэщIыгъуейщ. Адыгэ лъахэхэм щыпсэу зэлъэпкъэгъухэм я нобэрей гъащIэр, ахэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр IупщIу къызэрагъэлъагъуэм къыщымынауэ, къыдэкIыгъуэ зэхэтхэр лъэпкъыр зы щIыжыным хуолажьэ. Арагъэнщ Мухьэмэд щIызэрихьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ я журналист цIэ лъапIэхэр. 
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд «сыадыгэщ» щыжиIэкIэ, щIэIэнкунын лъэпкъ дэслъагъуркъым, и лъэпкъ напэр и къурIэну, адыгэлI нэгъэсауэ дунейм тетщи. 

ПСЫХЭМЫХЬЭ Мусэ, 
Черкесск къалэ, 20I5 
Гупсысэм и псы жапIэ
 ЦIыху къэс и Iэпкълъэпкъым хэпщащ къэзылъхуа лъэпкъым и псэр. Дэ фIыуэ долъагъур ди бынхэри, ди Iыхьлыхэри, ауэ «Лъахэ» псалъэм хуэтщI пщIэр гъунапкъэншэщ. Адэжь лъахэр гущIагъщIэлъу зехьэныр ди лъэпкъым и щэн-хьэл нэхъыщхьэу щытщ. Хэкум худиIэ фIылъагъуныгъэм и щыхьэт наIуэщ и тхыди, и хабзи-бзыпхъи щIэныр, ар пхэлъыныр, зепхьэныр. «Хамэ хэку ущыхъан нэхърэ, уи хэкужь щыIэхъуэ» жызыIэфа адыгэм и гъащIэ гъуэгу гъуэмылэр Кавказырщ. Адыгэм хуэябгэу къыщIэкIа ХIХ лIэщIыгъуэм хэкукъутэр къытхуихьыным къыщымынэу, атIэ, джэшыдзым и IэмыщIэм къилъэлъа хуэдэ, дуней хъурейм адыгэр трипхъащ. 
Адыгэм и хэхэс гъащIэ дыджым тетхыхьыну япэу тегушхуахэм ящыщщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы щIалэ дыдэу и гупсысэм и псы жапIэр наIуэ къищIыфащ, хамэщIыр хэхэс шэрджэсхэм хэку яхуэхъунукъым, Кавказым и щIыдэхъу лъэпкъщ адыгэхэри, абыхэм адэжь щIыналъэм къагъэзэжын хуейщ, жиIэу егупсысри. 
Урысей пащтыхьым къригъажьэу иужькIэ Совет властым зэтриIулIа тхыдэ пхъуантэжьу адыгэм къылъыса гуауэшхуэр зыщыгъэпщкIуауэ нобэр къыздэсым екIуэлIапIэ зимыIэм ХьэфIыцIэ Мухьэмэд кIуэрабгъу къыхуигъуэтыфащ. Мухьэмэд фIыуэ ищIэу къысщохъу дыщэлъыхъуэм пшахъуэр Iэгум щыщIигъэкIкIэ, зылъыхъуэ цIугъэнэр налъэ-налъэурэ къызэрилъэсым и Iэмалхэр. Сыту жыпIэмэ ар мащIэ-мащIэурэ, нэрыгъыу, ерыщу адыгэ Iуэхум щIэроIэф.
Ену сщыгъупщэкъым I969 гъэм, Алма-Ата дэт къэрал университетым сыщеджэу, Налшык къыщыдэкI щIалэгъуалэ газетыр нызэрысхуагъэхьар, «ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых» фIэщыгъэр зиIэ тхыгъэ щIэщыгъуэ дыдэу Тыркум и ныпым щIэту дунейпсо утыкум батэ щызыгъэшыфа адыгэ пелуанхэу Догу (ГъукIэ) Яшар, Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид, Аталай (Нагъуэ) Мыхьмуд сымэ яхуэгъэзам сыщеджэм, пхужыIэжынукъым а сэ къэзгуфIауэ щытар. 
Сэ сызэреплъымкIэ, адыгэ хэхэсхэм ятеухуауэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къилъыхъуэфамрэ къитIэщIамрэкIэ, абыхэм я гъащIэм ехьэлIауэ хэкужьым щыпсэухэм я гупсысэм хипщэфамкIэ, абы къыпэхъун нобэкIэ диIэкъым. 
ЗыхапIыкIа лъэпкъым къыщыщIа гуауэм зи акъылыр, зи гупсысэр ирихужьа къэхутакIуэм и тхыгъэхэм щызэщIотаджэ Мысырыр, Тыркур, Щамыр, Иорданиер, Израилыр, Ливаныр, Франджыр, нэгъуэщI къэралхэри зэрыгушхуэу а щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэ гъуэгур. 
Адыгэ дунейр къызэщIэкъуэжыным и псэр хуэзыгъэтIылъ цIыхущ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. «Емызэш шэрыуэ» жыхуаIэщи, ди къуэш нэхъыжьыр лъэпкъ Iуэхум Iэрыхуэ хуэхъупащ. 
ЗэрыжаIэщи, цIыху къэс къыпоплъэ зыдэкIын хуей езым и Iуащхьэ. Собж сэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд иджыри и Iуащхьэм и щыгум имыувауэ, атIэ докI, докI и аранэм, икIи абы нобэ сыхуоупсэ и гъащIэ Iуащхьэм дэкIыным тригъэкIуэда зэманым хуэдизкIи къехыжыфыну. Уи гурыщIэм ухунэсыну, утеIэбэфыну, Тхьэм къыуипэс, си къуэш Мухьэмэд.
 ЩАКIУЭ Мусалий, 
Черкесск къалэ, 2015

Зыгъэхьэзырар Къэбарт Мирэщ.
Поделиться:

Читать также: