Щыуэпсымрэ цIыхумрэ

«Кавказым и къуалэбзухэр» сурэт альбомыр къыпIэрыхьамэ, абы итхэм узыIэпишауэ куэдрэ пIыгъыфынущ. Лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкI Журт Хьэсэн абы къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым узыщрихьэлIэ къуалэбзу лIэужьыгъуэу 3I6-м я сурэт. Абыхэм ящыщу 38-м щIымахуэр ди щIыпIэм щрах, I2I-р мэлъэтэж, I57-м абгъуэ щащI. Бзухэм я фIэщыгъэхэр бзиплIкIэ - урысыбзэкIэ, латиныбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ - къызэрыхьами абы и мыхьэнэр нэхъ ин ещI. 
Къуалэбзу зэмылIэужьыгъуэ куэд апхуэдэу къэбгъэлъэгъуэн папщIэ, зэман мымащIи, егугъуныгъи, ерыщагърэ шыIэныгъэри ухуей къыщIэкIынщ. Зи гугъу тщIы сурэттехым а хьэл-щэн псори бгъэдэлъщ жытIэмэ, дыщыуэнукъым.
Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм щыщщ Хьэсэн. I983 гъэм КъБКъУ-м и математикэ къудамэр къиухащ, абы къыкIэлъыкIуэу IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым щылэжьащ, ауэ сыт щыгъуи щIыуэпсым дихьэхыу щытащ. Зэрысабийрэ ар бгыхэм зыIэпашэрт. Школ илъэсхэми щыстудентми республикэм щрагъэкIуэкI зекIуэхэм, и ныбжьэгъухэр и гъусэу, хэтт. Шэтырым нэху укъыщекIыу, бзу макъ жьгъырухэм укъагъэушу - аракъэ насып жыхуаIэжыр?! 
А зэманым емыгупсысми, Журтыр къуалэбзухэм я дунейр абы щыгъуэ къыщIэкIынт фIэгъэщIэгъуэн щыхъуар. Ауэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щыпсэу къуалэбзу лIэужьыгъуэ псори къигъэлъэгъуэну щIэхъуэпс хъуащ.
Ауэ къуалэбзухэм ящыщ куэдыр апхуэдизкIэ щтэIэщтаблэщи, метр пщIы бжыгъэкIэ гъунэгъу зыуагъэщIыркъым. Языныкъуэхэр апхуэдизкIэ гъуэтыгъуейщи, я сурэтхэри апхуэдэу щыIэкъым. Адрейхэр щопсэу гъуэгу здэщымыIэ лъагапIэ жыжьэхэм. Арагъэнщ Журтыр абыхэм я дунейм щIыдихьэхар.
Ар Урысейм и Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм и управленэу КъБР-м щыIэм хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ и къудамэм и унафэщIу лэжьащ. Ауэ сурэт техыным блэкIа лIэщIыгъуэми, I970 гъэхэм къыщыщIидзат. Абы къыIэрыхьат а зэманым хуабжьу цIэрыIуэу щыта «Смена-8М» сурэттехыр. ЯпэщIыкIэ и ныбжьэгъухэм, и цIыхугъэхэм ятрихыу хуежьащ. 
«Студент лъэхъэнэм гъэ еджэгъуэ къэс курсым щIэсхэр зэгъусэу тхьэмахуэкIэ дыщыIэну бгым дыкIуэрт. Иужьым ди «зекIуэхэм» сурэт техынри «ящIыгъу» хъуащ, - жеIэ абы. - Ауэ си фIэщу Iуэхум иужь сыщихьар 2008 гъэрщ. Абы щыгъуэщ си анэдэлъху IутIыж Борис лэжьыгъэ нэхъыфI дыдэу тху лэжьапIэм хуэсхьыну къыщысхуиIуэхуар. Къэсхьащ, икIи а махуэ дыдэм КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщIу щыта КIэрэф БетIал деж сишэри, си щхьэзакъуэ гъэлъэгъуэныгъэ къысхузэрагъэпэщыну гурыIуат.
Дэзыхьэх Iуэхур белджылы щыхъум, Хьэсэн икIэщIыпIэкIэ сурэттех нэхъыфI къищэхуащ, лэжьыгъэ 90-м нэблагъэ трихри, а гъэ дыдэм апхуэдэу и япэ гъэлъэгъуэныгъэр екIуэкIащ.
ИужькIэ «Свой стиль» фотоклубым хыхьащ. «Иджыпсту сурэттеххэм папщIэ интернет-клуб куэд щыIэщ. Ауэ абыхэм цIыхухэр щызэхуосри, нэхъыбэу зыр адрейм щытхъуу аращ, гу зылъытапхъэ гуэри къыхамыгъэщу. Си Iэзагъэм хэзгъэхъуэн и лъэныкъуэкIэ, сэ хуабжьу сэбэп къысхуэхъуащ «Фотолайн» интернет-сайтыр. Абдеж сурэттех цIэрыIуэхэм чэнджэщ купщIафIэхэр къущат, щыуагъэхэр къыщагъэлъагъуэ, - пещэ ди псэлъэгъум. - ЩIыуэпсыр жанр къызэрыгуэкIыу, абы дэтхэнэри елэжьэфыну къэзылъытэ щыIэщ. Сэ, дауи, а еплъыкIэр ядэсIыгъкъым. Сурэттех цIэрыIуэ Ролов Владимир «Фотолайн»-м щитха псалъэхэр куэдрэ сигу къокIыж: «Сурэтри адрей гъуазджэ лIэужьыгъуэхэм хуэдэщ. Ар зи IэдакъэщIэкIыр а сыхьэтым хущIокъу къилъэгъуа теплъэгъуэм хуиIэ щытыкIэр, зэригъэпIейтейр и сурэттехым къригъэщыну». Сурэттехым дежкIэ псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и дахагъэр хэхауэ илъагъуным. ЩIыуэпсым къигъэщIа дахагъэм процент 90-р блэкIыфынущ, гурыщIэ лъэпкъ зыхамыщIэу. Аращ гъуазджэм и цIыхумрэ абыхэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр».
Журтым зэрыжиIэмкIэ, бгыхэми, цIыхухэм хуэдэу, нэхъ зытекIи зытемыкIи яхэтщ, ауэ къыхегъэщ Iуащхьэмахуэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи дахэу къызэрикIыр.
2011 гъэм щегъэжьауэ къуалэбзухэм сурэт ятрехри, Къэбэрдей-Балъкъэрым ипэIуэкIэ зэи щамылъэгъуауэ бзу лIэужьыгъуэ I7 къигъуэтащ. Абы ящыщщ иджыблагъэ Хъулам-Безенги лъэныкъуэмкIэ зыщрихьэлIа бзуупцIэщIыхур («дрозд каменный синий»). Сурэттехым а къуалэбзум и абгъуэр, шыр цIыкIухэри исыжу, къигъуэтащ. Журтым зэрыжиIэмкIэ, иджыри къыздэсым ар Дагъыстэным фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ щыIэу щытакъым. 
Сыт хуэдэм нэхъ гугъу е нэхъ тынш тепхыну жыпIэу уеупщIмэ, Хьэсэн жеIэ: «ЦIыжьдадэм (синица) сурэт тепхыну тыншщ. Хуабжьу щтэIэщтаблэщ псыхэуэхэр. Ахэр набдзэгубдзаплъэщ, икIи жыжьэрыплъэщи, гъунэгъуу уабгъэдыхьэну гугъущ - мэлъэтэж. КъищынэмыщIауэ, къурш гуэгушри («улар») мини 3, мини 3-рэ ныкъуэкIэ бгым лъагэу итщи, къэубыдыгъуейщ».
Журтыр нэгъуэщI зы Iуэхум хегъаплъэ: «Иджыпсту, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къуалэбзу щхьэхуэхэм я цIэхэр зыщIэжыр мащIэщ. Къуаргъхэр, къанжэхэр, тхьэрыкъуэхэр ящIэж, дауи, ауэ адрейхэр ящыгъупщащ. Аращ нэхъыбэу сурэт альбомым къуалэбзухэм я цIэхэр анэдэлъхубзэхэмкIэ къыщыхьыным сыщIелэжьар. Ди адэжьхэр щIыуэпсым пэгъунэгъути, узрихьэлIэ дэтхэнэ зы псэущхьэми цIэ фIащырт. Дэ, абыхэм къатехъукIахэр, щIыуэпсым пэIэщIэ дыхъуащ икIи куэд тфIэкIуэдащ», - дыщIегъу Хьэсэн.
Ди зэманым «бердвотчинг» жыхуаIэ Iуэхуми зрагъэужьыжащ. Абы хэтхэр къуалэбзухэм нэрыплъэкIэ якIэлъоплъ, ахэр зэрыпсэум зыщагъэгъуазэу. КъызэрыщIэкIымкIэ, апхуэдэ Iуэхум дихьэх цIыхухэр мащIэкъым. Къэбгъэлъагъуэмэ, дунейм ар нэхъ цIыху куэд зыхэт хоббищ - абы дехьэх цIыху мелуан 90-I00 хуэдиз. Спорт орнитологиемкIэ зэхьэзэхуэхэр зэхашэ, абы хэтхэр хущIокъу лъэхъэнэ пыухыкIам къриубыдэу бзу лIэужьыгъуэ нэхъыбэ ялъагъуну, сурэт трахыну. Абыхэм хабзэ нэхъыщхьэу хуагъэув къуалэбзухэр ямыгъэпIейтеиныр. Языныкъуэ къэралхэм уеблэмэ а Iуэхум хэтыну хуейхэм пщIэ щIатыпхъэщ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: