Китайм – зыплъыхьакIуэ

Китайр иджыпсту туристхэр нэхъыбэу здэкIуэ къэралхэм ящыщщ. Абы зыплъыхьакIуэхэм яхуигъэлъэгъуэфынущ щIыналъэм и тхыдэм, и блэкIам, щэнхабзэм, лъэпкъ хабзэхэм ятеухуа гъэщIэгъуэн, гукъинэж куэд.
Туристхэм яфIэфIщ Китай блын Иным дэкIыну, пасэрей члисэхэмрэ кхъэлэгъунэхэмрэ еплъыну, къуэкIыпIэ уардэунэжьхэм я архитектурэр зрагъэлъагъуну. Тибетым удэзыхьэхыу иIэщ буддист щIыпIэ лъапIэхэмрэ Гималаихэмрэ. Хайнань хытIыгум кIуэхэм я бжыгъэри нэхъыбэ хъуащ, абы хы Iуфэм зыхуей ущыхуэзэу зыщыбгъэпсэхуфынущ. 
Къэралым теухуауэ нэхъыщхьэр
Китайм зыплъыхьакIуэ кIуэхэм махуэм ику иту доллар 70 къагъэсэбэп. Ахъшэм хохьэ шхапIэхэм щIэсыныр, щIыналъэ транспортымкIэ зекIуэныр, нэгъуэщIхэр. ХьэщIэщыфIым пэш бэджэнду къыщыпщтэным и уасэр зы жэщ-махуэм доллар 70-м къыщыщIэдзауэ I00-м нос.
Китайм туристхэр зэрызришэлIэфымкIэ дуней псом ещанэ увыпIэр щеубыд. Ар къызыхэкIыр абы щыIахэм нэгъуэщI планетэ лъэтауэ къазэрыщыхъурщ. А къэралым щекIуэкI гъащIэри, хьэуари, я шхыныгъуэхэри нэгъуэщIщ. Уеблэмэ, китай хьэпшыпхэри дагъуэншэщ, нэхъыфIхэр хамэ щIыпIэ ямышэу езыхэм къызыхуагъэнэж хуэдэщ. 
Китайм и хьэщIэщхэр къабзэщ, Iэхуитлъэхуитщ, европей мардэхэм йозагъэ. Номерым сыт щыгъуи щIэтщ электрошейныч, шей зэрыбгъэвэн, узэрефэн хьэкъущыкъу. Мыпхуэдэ зы щхьэхуэныгъэ щыIэщ: узыщIэс номерым и бжыгъэр «8»-кIэ къыщIидзэ щхьэкIэ, ар еянэ къатым щыIэкъым. Къатыр къэзыгъэлъагъуэр етIуанэ бжыгъэращ. 8-р китайхэм бжыгъэ насыпыфIэу къызэралъытэм щхьэкIэ пагъэувэу аращ. 
Пекинрэ Москварэ я зэманыр сыхьэтитхум щIигъукIэ зэщхьэщокI. Китайм бзэ щищым нэблагъэ хуэдизкIэ щызопсалъэ, лъэпкъ гуп зэхуэмыдэхэр щыIэщи. КНР-м и лъэпкъыбзэ нэхъыщхьэу къалъытэр путунхуарщ е китаибзэрщ. Абы къищынэмыщIауэ, къэралым деIыгъ автономнэ районхэм щызекIуэ тибет, монгол, уйгур, чжуаныбзэхэр. Турист IэнатIэм и лэжьакIуэхэм инджылызыбзэр фIыуэ ящIэ, ауэ щыпсэухэр «чинглиш» жыхуаIэращ къызэропсэлъэнур, псалъэхэр зэхагъэзэрыхьу, псалъэухахэр тэмэму ямыухуэу.
ФIэщхъуныгъэ зиIэхэм я нэхъыбэм даосизмэр зэрахьэ. Дин зыбжанэ зэкъуэзыгъэувэ синкретизмэм тетхэри куэдщ. Абы мамыру щызэдопсэу конфуцианствэр, буддизмэр, даосизмэр зезыхьэхэр. 
Динымрэ философиемрэ я фIыгъэкIэ китайхэм яхузэфIэкIащ илъэсищэ куэдкIэ зызымыхъуэжа я лъэпкъ хабзэхэр яхъумэн.
Мы къэралым бгылъэхэр, мэзылъэхэр и куэдщ, щыгухэр тенджызым нэхърэ метр 2000-м щIигъукIэ нэхъ лъагэщ. КъуэкIыпIэ, ипщэ лъэныкъуэхэр нэхъ тафэщ. Хы Iуфэу километр мин I4,5-м нэблагъэ иIэщ Китайм, Бохайван къыщыщIэдзауэ Тонкин хыжьэм нэс зеукъуэдий. Мы щIыналъэм къум зыбжани щыIэщ. Абыхэм я нэхъ иныр Таклэ Маканщ.
Китайхэр хьэлэлщ, нэIурытщ, туристхэм гуапэу йопсалъэ. Зэрызэпсэлъэн бзэмкIэ гугъуехь щыщыIэм деж Iэпэтэрмэшыбзэр фIыуэ къагъэсэбэп. Гъуэгу утехьэн ипэкIэ китаибзэкIэ жыIэгъуэ зыбжанэ зэбгъащIэмэ нэхъыфIщ, ар къыпхуэсэбэпынущ.
Визэмрэ Китайм ихьэнымрэ
2025 гъэм фокIадэм и 15-м къыщыщIэдзауэ 2026 гъэм фокIадэм и I4 пщIондэ Урысейм и цIыхухэр визэншэу Китайм макIуэ. Визэншэу къэралым махуэ 30-м нэскIэ ущыIэфынущ. Урысейм и мызакъуэу, сыт хуэдэ къэралым къикIхэри визэ хуейкъым.
Ар уимыIэу къыщыпкIухьыфынущ Iуэху уиIэми, утуристми, Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ я деж укIуами, нэгъуэщI щIыпIэ улъатэу абы укъыщызэтеувыIами. Ауэ ущылэжьэну е ущеджэну уи мурадмэ - визэ ухуейщ.
Дапщэщ укIуэну нэхъыфI?
ПIалъэ нэхъыфI дыдэр мэкъуауэгъуэм и пэщIэдзэм щIедзэри, фокIадэм еух. Гъэмахуэ мазэхэм Тибет хьэуам и хуабагъыр градус 20 – 25-м нэсу аращ. Хайнань укIуэ хъунущ фокIадэм къыщыщIэдзауэ гъатхэпэ пщIондэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъэмахуэм а хытIыгур хуабэIуэщ. Гуанчжоу туристхэм зыщагъэпсэхумэ нэхъ къащтэ шыщхьэуIум къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэ пщIондэ, абы щыгъуэм псым хуабэу градус 25-28-м нэс иIыгъщ. 
Псы Iуфэм зыщывгъэпсэхуну фи мурадкIэ, щэкI пIащIэм къыхэщIыкIа щыгъынхэр къыздэфщтэ, ауэ хуаби фIыгъын хуейщ, пщыхьэщхьэхэр зэрыщIыIэм, уэшх къызэрешхым къыхэкIыу. Апхуэдэуи бгылъэ щIыпIэхэм хьэпшып хуабэхэр къыщосэбэп, Тибетым жэщ температурэхэр гъэмахуэми щылъахъшэщ. Куэдрэ къэфкIухьынумэ вакъэ тынш фыхуейщ. ЩIэх-щIэхыурэ Китайм зыгъэпсэхуакIуэ кIуэхэм хьэпшып куэд къыздащтэркъым, зыхуеину псори абы тыншу къыщыпщэхуфу къалъытэри.
Ахъшэр
Къэралым и лъэпкъ ахъшэр китай юаньщ (CNY). Зы юаныр дзяо пщIырыпщIу зэхэтщ. Урысей гъунапкъэм пэгъунэгъу щIыпIэхэм урыс сомри щызокIуэ, ауэ нэхъ жыжьэ фыкIуэцIрыкIынумэ, доллархэр е еврэхэр къыздэфщтэ. Ахъшэр нэхъ фейдэ пылъу щыпхъуэжынур банк къудамэхэрщ, абы папщIэ хамэ къэрал паспортыр ебгъэлъагъуу, дэфтэрхэм иптхапхъэр иптхэн хуейуэ аращ. Апхуэдэуи банкоматхэм ахъшэ Iэрылъхьэ къипх мэхъу, хамэ къэрал картэхэмкIэ зэ къихыгъуэу юань 3 000 къипх мэхъу. Банк картэхэмкIэ уасэр щыпт мэхъу къалэшхуэхэм дэт шхапIэхэм, сату щIапIэхэм, дунейпсо хьэщIэщхэм. Ауэ жылэ нэхъ пхыдзахэм ахъшэ Iэрылъхьэ нэхъ щызекIуэ хабзэщ.
Уасэхэр
Китайм шхыным и уасэр щынэхъ мащIэщ европей къэралхэм нэхърэ. Кафем шэджагъуашхэр доллари 5-м къыщыщIокI, ресторан къызэрыгуэкIым доллар I5-30-кIэ ущышхэ хъунущ. Уэрам фастфудхэр нэхъ пудщ, хьэнтхъупс, бдзэжьей гъэжьа е прунж Iыхьэм зы долларым тIэкIу щIигъуу ептынуращ.
Къэралым ущыкIуа япэ махуэм пшхын, уи ныбэ из зыщIын щумыгъуэтын хуэдэу къыпщохъу. ШхапIэм ущIыхьа нэужь, абджым къыхэщIыкIа стIол хъурей кIэрахъуэм телъхэм ущеплъкIэ, укъоуIэбжь: ананас гъэжьа, бдзэжьей тефтель, гинкго жыгым къыпыкIэу джэшым ещхь гуэр, хъарбызыр помидорым бгъурылъу (китайхэм помидорыр пхъэщхьэмыщхьэу къалъытэ), кIэртIоф къызэрыгуэкIри къыпхуэцIыхужынукъым, карамелым хакухьурэ ягъажьэри варенэ тракIэж, къэлэр зыдэлъ псыхьэлывэ, медузэ, лотос хуэдэхэм я гугъу умыщIыххэ.
Китайм къипшынкIэ хъуну тыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр, дауи, шейщ. Ауэ япэ къэс шейр зыми фIэщIэщыгъуэнукъым. НэхъыфIыр Лю Ань Гуань Пянь шей лIэужьыгъуэрщ. Апхуэдэ фIэкIа ефэртэкъым жьы хъуа нэужьи дахэу, узыншэу псэуа китай пащтыхьгуащэ Цыси. Китайм шей къыщыпщэхуныр гупсэхугъуэщ, абы урагъэплъ, урагъэпэм къудейкъым, атIэ занщIэу, хабзэ псоми тету шей къыпхуащIри, урагъафэ. Ауэ а къэралым кофе къыщыбгъуэтыныр тыншкъым, уеблэмэ, хьэщIэщ нэхъ ехьэжьа дыдэхэми щыIэкъым. Кофеншэу мыпсэуф урысей туристым къыхуэнэжыр зыщ – кофе здишэнырщ. 
Китай тыкуэнышхуэхэм ерыскъыхэкIхэм щауасэр къэрал псом щызэхуэдэщ. Кхъуей килограммым - доллар 15, шэ литрэм - доллари 2, пивэ птулъкIэм доллар 0,75-рэ я уасэщ.
Китайм узэрынэсынур
Нэхъ тыншыр Москва уикIыу Пекин улъэтэнырщ. Рейс занщIэхэр «Аэрофлот», «Трансаэро», Hainan Airlines, Air China компаниехэм яIэщ. Сыбырымрэ КъуэкIыпIэ Жыжьэмрэ щыIэ къалэхэм S7 Airlines, «Сахалин авиатрассэхэр», «Урал авиалиниехэр» кхъухьлъатэхэр щыIэщ. Тхьэмахуэм тIэу Пекин кIуэ Hainan Airlines лайнерхэр Санкт-Петербург толъэтыкI. Хайнань щIэх-щIэхыурэ кIуэ рейсхэр «Трансаэро» компанием къызэрегъэпэщ. КъищынэмыщIауэ, Китайм мафIэгукIэ укIуэ мэхъу, Москва - Пекин мафIэгур гъубж къэс Ярославль вокзалым токI. Ар сыхьэти I30-кIэ гъуэгу тетщ. Хабаровск, Благовещенск, Владивосток щыпсэухэр китай къалэхэм автобускIи мэкIуэф.

ШэрIужь Даянэ.
Поделиться:

Читать также: