ЕхъулIэныгъэхэр дяпэкIи диIэну

ШыщхьэуIум и 22-м Урысей Федерацэм и къэрал ныпым и махуэр ягъэлъапIэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, махуэшхуэр зэрагъэуврэ, адрейхэм елъытауэ, куэд щIакъым икIи къэралыгъуэмрэ Урысейм и иджырей тхыдэмрэ я дамыгъэщ. 2026 гъэм 32-нэу махуэшхуэр ягъэлъэпIэнущ.
Ауэ Урысей бэракъым и тхыдэр жыжьэ нос. Илъэс 310-кIэ узэIэбэкIыжмэ, 1705 гъэм щIышылэм и 20-м, Петр Езанэм унафэ ищIауэ щытащ сату Iуэхум епха кхъухьхэм хужь-щIыху-плъыжьыфэ ныпыр щаIэтыну. Абы езым ныпым и теплъэр зыхуэдэнур тхылъымпIэм щритхъат, плъыфэхэр зэрызэкIэлъыкIуэнури гъэнэхуауэ. Урысей ныпыр XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ флотым ейуэ къэгъуэгурыкIуащ. 1994 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэкIэ ар Урысейм и нып нэхъыщхьэу къалъытащ. Абы ипэкIэ, зэрытщIэщи, Совет Урысейм къигъэсэбэпу щытар гъубжэрэ уадэрэ зытет чэтэн плъыжьыфэрт.
Тхыдэ къулей къыдэгъуэгурыкIуэ щхьэкIэ, ар зэрызэхэт плъыфэхэм я мыхьэнэр къэралым щIигъэбыдауэ щыткъым. КъызэралъытэмкIэ, хужьым къегъэлъагъуэ мамырыгъэрэ къабзагъэрэ; щIыхум - фIэщхъуныгъэрэ пэжыгъэрэ; плъыжьым – къарурэ Хэкум щIата лъырэ. Апхуэдэуи ныпым теухуа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр ятхыж. Псалъэм папщIэ, Пётр Езанэм и лъэхъэнэм хытетхэм (моряк) абы и плъыфэхэр зэрызэкIэлъыкIуэр тыншу ягу ираубыдэн щхьэкIэ «БеСиК» (белый, синий, красный) жыIэгъуэр къагъэсэбэпу щытащ. 
Махуэшхуэр зыгъэпсэхугъуэу щымытми, шыщхьэуIум и 22-м бэракъыр къаIэт, УФ-м и гимныр къеуэу, къэрал IэнатIэ Iутхэм я гуащIэм пэкIуэу дамыгъэхэр хуагъэфащэ. Апхуэдэуи, а махуэм Урысейм и щIыналъэ псоми пшыхьхэр, спорт зэхыхьэхэр, флешмобхэр, мастер-классхэр щрагъэкIуэкI, къэрал дамыгъэм и мыхьэнэр кърагъэлъагъуэу.
Ныпым и махуэм рекордхэр щрагъэкIуэкIи щыIэщ. Псалъэм папщIэ, 2011 гъэм Шэшэным Урысейм щынэхъ ин дыдэ бэракъыр къыщаIэтащ. Ар Ойсхарэрэ Центаройрэ я зэхуакум хуэзэу, метр 300 и лъагагъыу фIадзауэ щытащ. Ныпым метр зэбгъузэнатIи 150-рэ къызэщIиубыдэрт. 2014 гъэм шыщхьэуIум и 22-м Омск къалэри къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ машинэ 225-р я плъыфэкIэ зэрызэкIэлъыкIуэн хуейм хуэдэу ягъэуву ныпым и теплъэр къызэрагъэлъэгъуамкIэ. 
Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мызэ-мытIэу къыхигъэщащ ныпыр къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр, Хэкур щхьэхуиту и щхьэ и унафэ зэрищIыжыфым ар щыхьэт зэрытехъуэр. «Къыхэгъэщыпхъэщ къэрал ныпым Урысейм и тхыдэр къызэригъэлъагъуэр, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр зэригъэбыдэр, Хэкум и лъэщагъым хэгъэхъуэнымкIи ди къарур къызэрызэщIиIэтэр, - жеIэ щIыналъэ унафэщIым. - Къэралыр ехъулIэныгъэ иIэу пэщIэтщ гъэунэхуныгъэщIэрэ лъэпощхьэпоуэ мы зэманым дызрихьэлIахэм. Къэбэрдей-Балъкъэрыр лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ зы унагъуэм хуэдэу Урысейм къыдогъуэгурыкIуэ, шэч хэмылъуи, щIыналъэм и зыужьыныгъэр зэпхар ди зэгурыIуэныгъэрщ, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэрщ. ЛIэщIыгъуэ къызэднэкIахэм къызэрагъэлъэгъуащи, Урысейр сыт щыгъуи зи телъхьэу щытар мамырыгъэмрэ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр хъумэнымрэщ, си гугъэщ апхуэдэ лъапIэныгъэхэр дяпэкIи диIэну. Нэхъыщхьэр ди щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыныр арауэ къызолъытэ».
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым: «Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэр мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ. Ар ди Хэкум, ди цIыхубэм я тхыдэмрэ лIыгъэмрэ, ехъулIэныгъэхэм я дамыгъэщ, къэкIуэну зэманми къэралыр нэхъ лъэрызехьэ дыхъуным дыхущIэзыгъэкъущ. Къэрал ныпым щIэту, мы зэманым ди лIыхъужьхэр щыIэщ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам. Абыхэм щхьэхуит къащIыж дэтхэнэ щIыналъэми щаIэт УФ-м и Къэрал ныпыр. Абы къигъэлъагъуэу къызолъытэ ныпым и мыхьэнэр зыхуэдизыр. Ди щIалэхэм ТекIуэныгъэ къытхуахьу, узыншэу дэтхэнэри и унагъуэм къекIуэлIэжыну ди гуапэщ. Ди дамыгъэ нахъыщхьэр - лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу зэхэс, зи блэкIам пщIэ хуэзыщIыж, къэкIуэнур пэжагърэ хахуагъэкIэ зыухуэ цIыхубэращ».
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий: «Махуэшхуэм лъэпкъ куэду зэхэт Урысейм и цIыхубэр зэрызэкъуигъэувэр хьэкъщ. Урысейм и ныпыр нобэ къыщаIэт нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми. Абы къегъэлъагъуэ ныпым пщIэшхуэ зэриIэр. УФ-м и Къэрал ныпым ирипагэу ар яIыгъщ Хэкур зыхъумэу мы зэманым дзэ Iуэху хэхам щыIэхэми. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къыщахьу, ди къэралри абы и ныпри тхуэзыхъума ди лIыхъужьхэри. Мамыру дяпэкIи дыпсэун щхьэкIэ, къэрал ныпым зы къарууэ дыщIэувэн, цIыхубэм я зыужьыныгъэм зэран хуэхъухэм дапэщIэтын хуейщ. Сыхуейт дэтхэнэми гурэ псэкIэ зыхищIэу, махуэшхуэм и мыхьэнэр къыгурыIуэу зэрызыдужьынум зы гъуэгукIэ дрикIуэну».
Ди къэрал ныпыр щыIащ хьэршми, Ищхъэрэ, Ипщэ полюсхэми. ЩIы хъурейм и лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэми ар дахащ. Ди къэрал ныпыр дуней псом къыщацIыху, щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ар мызэ-мытIэу нэгъуэщI къэралхэми къыщаIэтащ. ЗэрытщIэжщи, илъэс зыбжанэ ипэкIэ, Урысейм и махуэм и щIыхькIэ, дуней псом щынэхъ лъагэ дыдэ «Бурдж Халифэ» унэ зэтетым (Дубай къалэм) и лъагагъкIэ ди ныпыр тридзэу ящIауэ щытащ. Апхуэдэуи УФ-м и Президентыр КНДР-м щеблэгъами, Пхеньян и уэрамхэм Урысейм и Къэрал ныпымрэ Путин Владимир и сурэтымрэ щыплъагъуу къызэрагъэпэщащ. Ди къэралым и пашэр Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм щыщыIам, Абу-Даби и щхьэщыгум кхъухьлъатэхэмкIэ ди ныпым и теплъэр хужь-щIыху-плъыжьу иратхъат. Урысей Федерацэм и Къэрал ныпыр къыщIаIэтын ехъулIэныгъэхэр дяпэкIи и куэдыну ди гуапэщ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: