Анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ гулъытэ хуащI2026 - 2027 гъэ еджэгъуэщIэм ипэ къихуэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек епсэлъылIащ ЩIыналъэм Iуэхухэр щызегъэкIуэнымкIэ и центрым (ЦУР) и унафэщI КIэдыкIуей Мадинэ. Псалъэмакъыр теухуауэ щытащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм адэкIи зэрызиужьыну щIыкIэхэм, абы и фIагъыр нэхъри къэIэтыным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэм, егъэджэныгъэм хуэщIа лъэпкъ пэхуэщIэхэмрэ программэхэмрэ гъэзэщIэным. КIуэкIуэ Казбек МАХ-м щиIэ напэкIуэцIым зэрыщитхымкIэ, къулыкъущIэхэм гулъытэ хэха зыхуащIахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэным, анэдэлъхубзэхэр курыт школым тэрэзу щыджыным епхахэр. Апхуэдэу КIуэкIуэ Казбекрэ КIэдыкIуей Мадинэрэ тепсэлъыхьащ курыт еджапIэхэр IэщIагъэлIкIэ ирикъуу къызэгъэпэща зэрыхъунум, ныбжьыщIэ зэчиифIэхэмрэ абыхэм я унэтIакIуэхэмрэ адэкIи тегъэгушхуэным, олимпиадэ зэщIэхъееныгъэм нэхъри зэрызегъэужьыпхъэм, егъэджакIуэхэм я улахуэр къэIэтыным гулъытэ зэрыхуащIынум. КъинэмыщIауэ, зэIущIэм къыщаIэтащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ ягъуэтыфынымкIэ Iэмалхэр къахузэгъэпэщын зэрыхуейм.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




