Хэкупсагъэм и джэлэс

ШыщхьэуIум и 22-м Урысей Федерацэм и къэрал ныпым и махуэр ягъэлъапIэ. Хабзэ зэрыхъуам тету, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэ, щIыналъэ псоми щокIуэкI къэрал ныпым и махуэм теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр.

Нобэ къыдэкIуэтей щIэблэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, къэралым и дэтхэнэ цIыхуми и гъащIэм увыпIэ хэха щызыубыд дамыгъэ нэхъыщхьэм и къарур нэхъри щызыхэтщIэ зэманщ дыщыпсэур. 
Тхыдэм уриплъэжмэ, ныпым и Iуэхур жыжьэ къыщожьэ. 1705 гъэм щIышылэм и 20-м Пётр Езанэм уна­фэ ищIауэ щытащ сату Iуэхум епха кхъухьхэм ­ху­жь-щIыху-плъыжьыфэ ныпыр щаIэтыну. Абы езым ныпым и теплъэр зыхуэдэнур тхылъымпIэм ­три­­щIыхьат, плъыфэхэр зэрызэкIэлъыкIуэнури ­игъэбелджылат. 
Урысей ныпыр XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ флотым ейуэ къэгъуэгурыкIуащ. 1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэкIэ ар Урысей Федерацэм и нып нэхъыщхьэу къалъытащ. Абы ипэкIэ, зэрытщIэщи, Совет Урысейм къигъэсэбэпу щытар гъубжэрэ уадэрэ зытет чэтэн плъыжьыфэрщ. 
Махуэшхуэм ныпыр къаIэт УФ-м и гимныр къеуэу. Къэрал IэнатIэ Iутхэм я гуащIэм пэкIуэу абы ирихьэлIэу дамыгъэхэр хуагъэфащэ. Апхуэдэуи, а махуэм Урысейм и щIыналъэ псоми пшыхьхэр, спорт зэхыхьэхэр, флешмобхэр, мастер-классхэр щрагъэкIуэкI, къэрал дамыгъэм и мыхьэнэр кърагъэлъагъуэу. Ныпым и махуэм рекордхэр щагъэув щыIэщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, 2011 гъэм Шэшэным Урысейм щынэхъ ин дыдэ ныпыр къыщаIэтащ. Ар Ойсхарэрэ Центаройрэ я зэхуакум хуэзэу, метр 300 и ­лъагагъыу фIадзауэ щытащ. Ныпым метр зэбгъузэнатIи 150-рэ къызэщIиубыдэрт. 2014 гъэм шыщхьэуIум и 22-м Омск къалэри къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ автомашинэ 225-р я плъыфэкIэ зэрызэ­кIэлъыкIуэн хуейм хуэдэу ягъэуву бэракъым и теплъэр къызэрагъэлъэгъуамкIэ. Налшыки ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм хэт ныбжьыщIэ 60-м щIигъу кIыфIзэхэту дэкIри, метр 30 зи кIыхьагъ ныпыр Сосрыкъуэ и пащхьэ щашэщIауэ щытащ. Апхуэдэ Iуэхухэм щIалэгъуалэр хэкупсэу зэри­гъасэм шэч хэлъкъым икIи абы зи щIалэгъуэхэр зэ­къуэувэнымкIэ, зэгурыIуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэм и жьауэм хуэфащэу щIэтыну ягу къегъэкI.
Урысей Федерацэм и лъэщагъыр, уардагъыр къэзыгъэлъагъуэ, къыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу къэгъэхъунымкIэ мыхьэнэ зиIэ ныпым теухуа дерсхэр, зэпсэлъэныгъэхэр, тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэр щокIуэкI нобэ къэрал IуэхущIапIэхэм. 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: