Егъэджэныгъэ IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэу къыщекIуэкIым щхьэж хуиIэ еплъыкIэр зэтемыхуэнкIэ хъунущ. Хэти егъэгуауэщхьэуэ курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэм къатехьэлъэу пIэрэ жыуигъэIэну, зэрырагъаджэ программэр зэрагъэнщIыIуэр, хэти щогуфIыкI сабийм и есэныгъэхэмрэ дэзыхьэххэмрэ зыщрагъэужь хъуну унэтIыныгъэ щхьэхуэхэр къызэрыхагъэхьэм. Пэжщ, сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэри зэпэшэчауэ щытыпхъэщ, егъэджэныгъэм теухуауэ къэралым къищта мардэхэр зэрызэфIахми егупсысыпхъэщ.
Егъэджэныгъэ мардэхэр Iуэхугъуищым теухуащ: сабийм зригъэгъуэт щIэныгъэмкIэ хэщIыкI куу иIэу къэгъэтэджыныр, а дерсымкIи иIэ хъуа есэныгъэхэр нэгъуэщI щIэныгъэхэм ирипхыфу егъэсэныр, еджапIэр къиуха нэужь, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм пищIэжыфу, щхьэпэ къыхихыу гъэгъуэзэныр. А унэтIыныгъищыр нэхъыщхьэу зэзыпхыр гупсысэкIэрэ псэлъэкIэрэ ищIэу къэгъэтэджын зэрыхуейрщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къалэныр къызэрымыкIуэу инщ, еджапIэхэр зэрыпэлъэщ щIыкIэми щхьэхуэу тепсэлъыхьыпхъэщ.
ДэркIэ иджыпсту нэхъыщхьэр нэгъуэщIщ: университетым щIэтIысхьа нэужь, сабийхэм зрагъэгъуэта щIэныгъэм сыт и щхьэпэ, и гупсысэрэ и псалъэрэ зэтемыхьэу къыщIэкIмэ? Дэтхэнэ егъэджакIуэми и дерсым нэхъыщхьэ щымыIэу къилъытэжрэ, сабийр дэзыхьэх Iуэхугъуэхэр щхьэдэгъэIуха хъумэ, зэрырагъаджэ программэм хэлъыпхъэ «дыщэ Iуданэр» зыгуэрым хилъэфауэ, зэпэшачи зэпэлъыти имыIэу аращ. Псоми дощIэ, сабийр 7-8-нэ классхэм нэсамэ, и къэкIуэным теухуауэ япэ хъуапсэхэр ищIу, иджырей лъэхъэнэхэм тепщIыхьмэ, гу зыхуищIа Iуэхур лъигъэкIуатэкIэрэ, а хъуапсэм зэрынэсын Iэмалхэр куэду зэригъэуIуу зэрыхуежьэр. Апхуэдэ щытыкIэм упэрыуакъэ – зи гупсысэр къызыхузэщIэкъуэжын щIалэгъуали щыIэнукъым, и гум илъыр зэпэщу къэзыIуэтэн щIэбли къыпщIэхъуэнукъым. Арагъэнущ IэщIагъэ щхьэхуэхэм ятеухуа унэтIыныгъэхэр 9-11-нэ классхэм къызэIуахыу щIыхуежьар.
Курыт еджапIэм сабийхэм къаритыр е къаримытыр зыхэзыщIэр университетхэмрэ институтхэмрэщ. ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм я лэжьэкIэр зытета Iуэху щIэкIэм къызэрыбгъэдэкIрэ зыбжанэ хъуащ. Студентхэр лекцэхэм щIэдэIун, зэдэIуамкIэ библиотекэхэм зыщагъэхьэзыру щIэныгъэ зэгъэпэщар утыку кърахьэжын хуейуэ щытамэ, иджы егъэджакIуэхэм ахэр зэлэжьын хуей Iуэхугъуэхэр я пащхьэ къралъхьэри, абыхэм пэхуэщIэ щхьэхуэхэр ирагъэщI, къэхутэныгъэхэр ирырагъэкIуэкI.
НыбжьыщIэр мыбдеж гъуэгу зэхэкIыпIэм къыщохутэ: курыт еджапIэм щрагъэджами, тхылъ еджэныр и щэну щыткъым (жагъуэми, ар пэжщ). Езыр-езырурэ хэгъуэзэныр балигъ гъащIэм и зы нэщэнэми, иIэ есэныгъэхэр мащIэIуэщи, гупсысэм и зэкIэлъыгъэкIуэкIэмрэ псалъэм и зэпыгъэувэкIэмрэ гугъу дехьурэщ зэрызэригъэпэщыр. Абы щыщIэныгъэкIэ уеджэнуми, ар ныкъусаныгъэу къэплъытэнуми, щхьэж зэреплъщ, ауэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ЩIэныгъэ библиотекэм щылажьэхэм ар лъэхъэнэм и ныбжьыр зытридза гугъуехьу, дунейпсо цIыхубэр зэхуэдэу зыIууа щытыкIэу ягъэуври, щIалэгъуалэм ядэIэпыкъуныр, гъуэгу захуэм тегъэувэныр къалэн зыщащIыж. Абы хуэгъэза Iуэхугъуэ куэд дыди КъБКъУ-м щокIуэкI.
Егъэджэныгъэ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм егъэщIылIауэ лэжьыгъэ ин езыгъэкIуэкI «Юрайт» академием иджыблагъэ пэIудзауэ щIэнIуатэ зэхишащ, университетхэм щIэтIысхьа щIалэгъуалэм я щэнхабзэр къэIэтынымрэ я дуней еплъыкIэхэр зэфIэгъэувэнымрэ теухуауэ. «ЩIалэгъуалэм я гупсысэкIэр зэпэщ щIынымрэ студент гъащIэм жыджэру хэту гъэсэнымрэ» зи фIэщыгъэ онлайн-шIэнIуатэм и лэжьыгъэм хэтащ ЩIэныгъэ библиотекэм и унафэщI Гериевэ Аймани.
«Iуэху еплъыкIэхэр / бжыгъэрылъанэ щIэныгъэм интеллект IэрыщIым щиубыд увыпIэр» фIэщыгъэр иIэу егъэджакIуэхэм я урысейпсо онлайн-щIэнIуатэм къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщу цIыху 4500-рэ зэхуишэсащ. Апхуэдэу къыхэгъэщын хуейщ абы Абхъазым, Къэзахъстаным, Азербайджаным, Тыркумэным, Армением, нэгъуэщI къэралхэм щыщ егъэджакIуэхэр къызэрыхыхьар. ЩIэнIуатэм зы Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ къыщыхалъхьащ: ныбжьыщIэм и гъэсэныгъэмрэ и щхьэзакъуэ зыужьыныгъэмрэ дауэ зэрызэпэплъытэнур? Езым и Iуэху еплъыкIэхэр къызэпымыудауэ, щытыкIэ захуэм дауэ ар къызэрепшэлIэнур? Курыт еджапIэм щызригъэгъуэта есэныгъэхэр дапхуэдэу и гъэсэныгъэм зэрытелажьэр, дауэ ар адэкIэ къызэрыхуэщхьэпэр? Жэуапхэр зэщымыщу зыгъуэтын упщIэхэр щIэнIуатэм къызэрыщагъэувам гу лъытэгъуейкъым.
– Ди щIалэгъуалэр жанщ, губзыгъэщ, гулъытэ зиIэщ. Абы аркъудей шэч къытесхьэркъым. Псом япэрауэ, ди щIыналъэм щыпсэу щIыдэлъху лъэпкъхэм – адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ – ижькIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэм ахэр зэрыщIапIыкIар къатощ: нэхъыжьым и пщIэр ират, нэхъыщIэм гъуэгу ирагъэлъагъу. ЖыпIэнуращи, гъэсэныгъэкIэ дызэджэ Iуэхугъуэм лъабжьэфI иIэу щIалэгъуалэр къыдокIуалIэ. Апхуэдэу щыт пэтми, гъэсэныгъэм нэгъуэщI щытыкIэфIхэри къыгуэтлъхьэжын хуейуэ IэнатIэ дыIуоувэ. ЗэрытщIэщи, курыт еджапIэхэм я къалэн нэхъыщхьэм хохьэ жылагъуэ гъащIэм хыхьэну ныбжьыщIэм есэныгъэ зыбжанэ хилъхьэн хуейуэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, ныбжьыщIэм тхылъыр фIыуэ илъагъуу къэгъэтэджыныр, абы укъыщыфIэкIыжмэ – гупсысэфу гъэсэныр. Студент дунейр Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэу зэхэтщ, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу пэхуэщIэ щIэщыгъуэхэр къыщыхалъхьэ. Абдеж зыщумыгъэлъагъуэмэ, уи гупсысэхэр къыщыхыумылъхьэмэ, зыужьыгъуей хъунущ. Студент илъэсхэращ ныбжьыщIэм и лъэпкъыщхьэмрэ граждан щIэжымрэ щызэфIэувэр. Ахэр зэпэщ хъун папщIэ, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм жыджэру ухэтын, ухэпсэлъыхьын, уи еплъыкIэхэр къепхьэлIэн хуейщ. «Хуейщ» жытIэ щхьэкIэ, абы къикIыркъым псалъэ щхьэрыутIыпщхэр утыку къипхьэну. Зым и хущхъуэр адрейм и щхъухьщ, жыхуаIэм ещхьу, гъэIуа гупсысэкIэм зым ифI екIми, пщIым и ягъэ къыхэкIыныр зыхуэIуа щыIэкъым. Абы къыхэкIыу, фIымрэ емрэ зэпэплъытэфуи ущытыныр къалэнышхуэщ. ЩыIэщ зыгуэрым и Iуэху еплъыкIэр къыпхипщэрэ, ар мызахуэми, укъыIэщIэмыкIыжыфу гугъу ущригъэхь. Абы и хущхъуэгъуэр тхылъращ – дызыхущIэкъури арагъэнущ: тхылъым зэригъэзэхуа дунейр щIэныгъэм къыхэкIащ, цIыху гъащIэм къыпкърыкIащ, гупсысэм и шыбзэм бжыгъэрэ щIэкIащи, абы укъигъэпцIэнукъым, уигъэгъуэзэнущ, гъуэгу захуэм утригъэувэнущ, – жиIащ Гериевэ Аймани.
Абы быдэу и фIэщ мэхъу библиотекэхэм я къалэныр тхылъ хъумапIэ къудейуэ зэрыщымытыр, мы лъэхъэнэхэм абы зэзыгъэуIу хьэкъ зэрихьыр.
– Егъэджэныгъэ IэнатIэр зэпыщIауэ щытыпхъэщ: сабий гъэсапIэр – пэщIэдзэ еджапIэр – курыт еджапIэр – еджапIэ нэхъыщхьэр. Мы зэпыщIэныгъэр лъэщ зыщIынур зым сабийм иритам адрейм къыхигъахъуэурэ екIуэкIмэщ. Ауэ зыщIыпIэ деж зэрыуэзэрыбг хъуамэ, щыщIэныгъэхэм хэхъуэурэ екIуэкIынущи, ар щытыкIэм хэту ди деж къэсамэ, зэтес щIыжыныр ди къалэнщ. Ди библиотекэхэм, псом япэрауэ, къекIуалIэ щIалэгъуалэм бгъэдыхьэкIэ къыхуагъуэтын хуейщ, щэнхабзэ и IуэхукIи, егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIи, цIыхугъэм пыщIакIэ епсэлъэфу, дзыхь зыхурагъэщIыфу. Библиотекэхэр еджапIэхэм япыщIащи, абыхэм екIуалIэ щIалэгъуалэм къалъыхъуэр зыхуэдэм фIыуэ щыгъуазэщ, аращи, Iэмалыр куэд дыдэщ: зэныкъуэкъухэр, джэгу зэпеуэхэр, Iэнэ хъурейхэр, зэхьэзэхуэхэр, цIыху цIэрыIуэхэм езыгъэпсэлъылIэ зэIущIэхэр, уэршэрхэр къызэгъэпэщын хуейуэ аращ. Абдежщ тхылъым и зэфIэкIыр зыхуэдэр ныбжьыщIэм нэхъыфIу къыщебгъэщIэфынури, апхуэдэурэщ и гупсысэр зэрызэтебгъэувэфынури, аращ граждан щIэж зиIэ цIыху жыджэр зэрыбгъэсэфынури, – жиIащ ЩIэныгъэ библиотекэм и унафэщIым.
НэгъуэщI зы Iуэхуми тепсэлъыхьащ Гериевэ Аймани. Ар библиотекэхэр информацэм дэлэжьэфу икIи студентхэм къыхалъхьэ жэрдэмхэр даIыгъыфу щытын зэрыхуейрщ.
– Студентым лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зиужьын папщIэ, зэпэшачэ щыIэн зэрыхуейм и гугъу тщIащ. Апхуэдэ дыдэуи ныбжьыщIэхэм информацэр зэгъэзэхуэным теухуауэ щэнхабзи яIэпхъэщ. Узыхуейр къэплъыхъуэныр щхьэзакъуэ зыужьыныгъэм и зы пкъыгъуэщ, ауэ къэбгъуэта псори щымыщхьэпэ, уеблэмэ щышынагъуэ щыIэщ. Арыххэуи, мыргуэрым фIымрэ емрэ щызэпалъытэу есэныгъэхэр яIэн хуейц. Сыт хуэдэ информацэми и лъэщагъыр ар къэзыгъэсэбэпыну цIыхур абы зэрыхуэхьэзырым хуэдизщ. Аращи, щIэныгъэ волонтёрхэр зыгъэхьэзыр программэхэр щыIэныр Iэмалыншагъэу гъащIэм къегъэув. Дэ, КъБКъУ-м и ЩIэныгъэ библиотекэр, а Iуэхум зыбжанэ хъуауэ дытолажьэ, ди щIалэгъуалэм я зэфIэкIыр нэхъыбэ щIауэ, я утыку итыкIэр, я псэлъэкIэр, я жэрдэм къыхэлъхьэкIэр, я лэжьэкIэр зэпэщ зэрыхъуным дытолажьэ, догугъэ абы и IуэхукIэ ехъулIэныгъэ гуэрхэри зыIэрыдгъэхьауэ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ, егъэджэныгъэ IэнатIэм зым щыIэщIэхур адрейм щызэгъэзэхуэжын хуейуэ щытыкIэ щыIэ мэхъу, абы пэлъэщын къарууэ библиотекэхэр къоув. ЩIэныгъэ библиотекэр иджы къыщегъэжьауэ ныбжьыщIэм и зыужьыныгъэм телажьэ, и интеллект щэнхабзэр къэзыIэт, и граждан щIэжым зезыгъэужь, акъыл гуэшыпIэ утыку мэхъу.