ИлъэсибгъукIэ ягъэтIыс

УФСБ-м къет

 
Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм хабзэншагъэкIэ наркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, къызэпаудащ хамэ къэрал цIыхур акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэр республикэм къишэныр къызэгъэпэщыным зэрыпыщIар. 

Хабзэм къемызэгъыу ирагъэкIыну синтетикэ наркотикхэкI грамми 186-м щIигъу къытрахащ. 
Судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, жэуапым ирашэлIар къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 228.1 статьям и 4-нэ Iыхьэм и «а», «г» пунктхэм, 228.1 статьям и 5-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэмкIэ. Абы илъэси 9 тралъхьащи, къызэрыгуэкI лъэхъуэщым щигъэкIуэнущ. 

Поделиться: