Курыт школыр зи гъащIэм хэмыта, абы пыщIауэ щымыта яхэмытми ярейщ ди цIыхухэм. Куэдым я гум ноби щахъумэ я япэ егъэджакIуэу, унэтIакIуэу щытахэм я цIэхэр, фIыщIэрэ щытхъурэ хужаIэу. ФокIадэм и 1-м, ЩIэныгъэхэм и махуэм, ирихьэлIэу дигу къыдогъэкIыж ахэр, дахуэарэзыуэ, щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ дгъуэтынымкIэ гугъу къызэрыддехьар ди ныбжьыр кIуэтэхукIэ нэхъ куууэ зыхэтщIэу. Апхуэдэ егъэджакIуэ щыпкъэхэм ящыщащ ди тхыгъэр зытеухуа Хъаний (Хамэ) Риммэ Хьэутий и пхъур (1940 - 2017).
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 60 - 90 гъэхэм Совет Союзым щызэтеува школ егъэджэныгъэр дуней псом щапхъэу къыщахьу щытащ. А лъэхъэнэм къэралым къихъуа щIэблэхэм гъэсэныгъэ екIурэ щIэныгъэ куурэ ябгъэдэлъхьэным зи гъащIэм и Iыхьэшхуэ тыхь хуэзыщIауэ щыта IэщIагъэлIхэм ящыщащ Хъаний Риммэ. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэу, гъэсакIуэ, унэтIакIуэ Iэзэу щыта бзылъхугъэр илъэс 50-м щIигъукIэ щылэжьащ Тэрч районым хыхьэ Терекскэ (Болэтей) къуажэм дэт курыт школым, урысыбзэмрэ литературэмрэ ныбжьыщIэхэм яригъэджу. А гъэхэм ящыщу илъэс 20-м нэскIэ ар щытащ школым и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу.
Хъаний (Хамэ) Риммэ ящыщщ зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэмрэ абы къыкIэлъыкIуа зэман хьэлъэмрэ хиубыдахэм. Апхуэдэу хъуами, хъыджэбз цIыкIур къэхъуащ и гур псэуныгъэм хузэIухауэ, и псэр еджэным хуэпабгъэу, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу. АбыкIэ, дауи, фIыщIэ ябгъэдэлъщ быныр гуауэмрэ гугъуехьымрэ япэIэщIэ щIыным, абыхэм я гур хъума зэрыхъуным елIэлIа адэ-анэм. Къуажэм дэт курыт школыр 1958 гъэм фIы дыдэу къэзыуха пщащэм а илъэс дыдэм школым лэжьэн щыщIидзащ макъамэмкIэ егъэджакIуэу, еджапIэм къыщызэрагъэпэща художественнэ самодеятельностми и унафэщIу. А лъэхъэнэм школхэм яхурикъуртэкъым егъэджакIуэхэр, псом хуэмыдэу творческэ унэтIыныгъэхэмкIэ (уэрэд жыIэным, сурэт щIыным) сабийхэр езыгъэджэн IэщIагъэлIхэр. Абы къыхэкIыу классипщIыр къэзыуха ныбжьыщIэ нэхъ акъылыфIэхэр, жыджэрхэр, зэчиифIэхэр школхэм егъэджакIуэу къагъэнэжырт, зэрылажьэм хуэдэурэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтын хуэдэу. Апхуэдэ ныбжьыщIэ жыджэрхэм ящыща Римми школ партэм къыдэкIри, занщIэу егъэджакIуэ IэнатIэм пэрыувауэ щытащ. А щIыкIэмкIэ ар теуващ иужькIэ фIыщIэ куэд къызыпэкIуа, гъуэгу бгъуфIэуи къыхущIэкIа егъэджакIуэ лъагъуэм.
Зыпэрыхьа лэжьыгъэр фIэхьэлэмэтми, къыдэлажьэхэми, и гъэсэнхэми, абыхэм я адэ-анэхэми я пщIэрэ нэмысрэ къихьыфу IэнатIэр ирихьэкIми, Риммэ щIэхъуэпсырт и щIэныгъэм адэкIи зэрыхигъэхъуэным. Зы илъэскIэ лэжьауэ ар щIэтIысхьащ Налшык дэт педучилищэм. Ар диплом «плъыжькIэ» къиухри, жылэм дэт курыт еджапIэм пионервожатэу ягъэкIуащ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ бзылъхугъэр зэрылажьэм хуэдэури щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм. Абы дэщIыгъуу къиухащ пионервожатэхэр щагъэхьэзыр мазищ курсри. Пионерхэм я пашэу лажьэу, Риммэ хэтауэ щытащ Вожатэхэм я къэралпсо зэпеуэ ин 1961 - 1962 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу СССР-м къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы нэхъыфIу къыщалъытахэр «Артек» дунейпсо пионер лагерым щекIуэкIам. «Артек» къикIыжу гъэ еджэгъуэщIэм щIадзэжа нэужь, ар пэщIэдзэ классхэм егъэджакIуэу ягъэкIуащ. Абдежми егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщу лэжьыгъэр ирихьэкIащ Хъанийм. Абы и гъэсэнхэм хуэдэу щIэныгъэ куурэ щэн дахэрэ зыхэлъ жылэм дэмысми ярейт, апхуэдизу ехъулIэныгъэфIхэр лъэныкъуэ куэдкIэ зыIэрагъэхьати. И классым пэщIэдзэ школыр къыщаухым ирихьэлIэу Римми университетым еджэныр щызэфIихащ ехъулIэныгъэкIэ. Абы щыхьэт техъуэу къыIэрыхьэжа дипломым итт ар урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ зэрыхъуар, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэриIэр.
Пщэрылъ къыхуащI дэтхэнэ IэнатIэри къызыхуэтыншэу ирихьэкIыу зэресам хуэдэу, лэжьыгъэщIэми жыджэру пэрыуващ Риммэ. Аргуэру ар ящыщт егъэджакIуэ пэрытхэм, апхуэдэт иригъаджэхэри: щIэныгъэ куурэ гъэсэныгъэ дахэкIэ къапэхъу щыIэтэкъым. Егъэджэныгъэм зэрыхэта илъэсипщI бжыгъэхэм къриубыдэу Хъанийм щIэныгъэ нэс зыбгъэдилъхьар, гъэсэныгъэ екIуи зритар зы щIэблэкъым зэрыхъур. ЕгъэджакIуэ Iэзэм къыгурыIуэрт ныбжьыщIэхэр уи дерсым дебгъэхьэхын папщIэ, уэ ар фIыуэ пщIэуэ абыхэм я пащхьэ укъиувэныр зэрымащIэр. ЩIэныгъэ куум Риммэ щIигъурт махуэ къэс зызыужь егъэджэныгъэм къыхыхьэ IэмалыщIэхэр, иригъэфIакIуэрт школакIуэхэм зэрадэлажьэ щIыкIэхэри. Зэрылэжьа илъэс 50-м щIигъум егъэджакIуэм и насып къихьащ ныбжьыщIэ гъэса, зэчиифIэ, акъылыфIэ куэдым езым бгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ яхуэупсэну.
И нэIэм щIэтахэм курыт школыр къауха нэужьи пыщIэныгъэ хуаIащ гъащIэм гъуэгугъэлъагъуэ нэху щахуэхъуа, анэ етIуанэу къалъытэу щыта я егъэджакIуэм. «ФIы гуэр тхэлъмэ, ар зи фIыщIэр уэращ, ди егъэджакIуэ лъапIэ», - апхуэдэ сатырхэр зэрыт тхыгъэхэр къыIэрыхьэрт Хъанийм и гъэсэну щытахэм къабгъэдэкIыу.
Ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа Хъаний Риммэ зэфIиха лэжьыгъэ купщIафIэр къэралым гулъытэншэ ищIакъым. Абы къыхуагъэфэщащ «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэм къабгъэдэкI фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр, къратащ «Лэжьыгъэм и ветеран» медалыр. Риммэ ЦIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным и отличникт.
Жылагъуэм пщIэ щызиIэу къэгъуэгурыкIуа Хъаний Риммэ, бзылъхугъэ щыпкъэм, егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм, зи псэ хуабагъымкIэ сабийхэм ядэгуэша гъэсакIуэ нэсым, и фэеплъыр ноби сакъыу яхъумэ къыщIэна унагъуэм исхэм, абыхэм къащIэхъуа щIэблэхэм, и лэжьэгъуу, ныбжьэгъуу иIахэм, иригъэджахэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ. Риммэ хуэдэ егъэджакIуэфIхэм я лъэужьыр куэдрэ хэгъуэщэнукъым.