Ди къуэш республикэхэмГулъытэ лъагэ
КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Iэ щIидзащ КъШР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я администрацэм и унафэщI Уэзы Мурат «Зэныбжьэгъугъэм и орден» дамыгъэ лъапIэр зэрыхуигъэфащэм теухуа Указым.
Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и хъуэхъум къыщыхигъэщащ а дамыгъэ лъапIэр Нухь и къуэ Мурат илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэм, и IэщIагъэм фIыуэ зэрыхищIыкIым, и лъахэм зэрыхуэпэжым къазэрыпэкIуар. Абы къыхигъэщащ Къэрэшей-Шэрджэсым и социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ жылагъуэ зэгурыIуэныгъэмрэ Уэзым хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIар.
- И къарууфIагъым, цIыхугъэ зэрыхэлъым, самбэмкӏэ дуней псом и чемпион зэрыхъуауэ щытам къыхиха тегушхуэныгъэм, муниципальнэ органхэмрэ гъэзэщIакIуэ властымрэ купщIафIэу зэрыщылажьэм, а IэщIагъэхэм фIыуэ зэрыхищIыкIым я фIыгъэкIэ Мурат илъэс куэд хъуауэ екIуу зэфIехыф Урысейм и Президентым щIыналъэм къыхуигъэува къэрал Iуэхухэр.
Нухь и къуэ Мурат сохъуэхъу къыхуагъэфэща къэрал дамыгъэ лъапIэмкIэ, и Iуэхум зэрыхуэпэжым, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ ди Хэкумрэ зэкъуэту дызэрыхуэлажьэм папщIэ фIыщIэ хузощI! - итхащ Темрезов Рашид.
КъулыкъущIэ дзыхь хуащI
АДЫГЕЙ. Республикэм и Сурэт галереем и унафэщIу ягъэуващ КуфI Светланэ Азэмэт и пхъур, - къет IуэхущIапIэм.
Светланэ щэнхабзэм фIыуэ хещIыкI. Илъэс 25-м щIигъукIэ республикэ телевиденэм щигъэлъэгъуащ гъуазджэм, IуэрыIуатэмрэ щIыналъэм и щэнхабзэ гъащIэмрэ ятеухуа нэтынхэр. И IэщIагъэм зэрыхуэIэижьым папщIэ абы къыфIащащ «Адыгей Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр.
Илъэс 20-м щIигъукIэ КуфI Светланэ щылэжьащ республикэм и щэнхабзэ IэнатIэм. Иужьрей илъэситхум ар пэрытащ щIыналъэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ къулыкъум. Иджы абы гулъытэ хэха хуещI гъуазджэр хъумэным, ар дэIыгъыным икIи зегъэужьыным.
Светланэ галереем и лэжьакIуэхэр йохъуэхъу и IэнатIэм ехъулIэныгъэщIэхэр щызыIэригъэхьэну
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




