Зэкъуэтыныгъэм и мыхьэнэр яIэту

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым теухуа хэкупсагъэ зэIущIэ.

 
Абы хэтащ КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Крючков Вячеслав, а ведомствэм и адрей уна­фэщIхэр, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым къалэнхэр зыгъэзащIэ Гер­гоков Джамбулэт, Урысейм и МВД-м и Кавказ Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Сапронов Юрий, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэмрэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я ветеранхэмрэ.
Зэхуэсым кърагъэблэгъахэм ящыщт гъащIэм щытыкIэ гугъу къыщихута сабийхэри. 
Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъа­зэщ Крючков Вячеслав. 
- «ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэ» жиIэмэ – ар цIыху мелуанхэм зыуэ зэрыщытыр зыхегъэщIэнырщ. Къэралым и цIыхухэр зэкъуоувэ хэкур щытыкIэ гугъу щихуэм дежхэм, я зэхуэдэ хабзэ лъапIэныгъэхэри мыхьэнэшхуэ зиIэ икIи гурыIуэ­гъуэ мэхъу апхуэдэхэм деж. Дэ ди къалэнщ «зэкъуэтыныгъэ» псалъэм купщIэшхуэ зэриIэр къэдгъэлъэгъуэну, ар цIыхухэм махуэ къэс ­ялъагъу Iуэху пыухыкIахэмкIэ, щапхъэхэмкIэ къэдгъэнэIуэну.  
Мы гъэр псом я дежкIи ирехъу Iуэху пыухыкIахэм, зэкъуэтыныгъэ быдэхэм, Урысейм и те­кIуэныгъэщIэхэм я илъэс, - къыхигъэщащ министрым. 
Къызэхуэсахэм зыхуагъэзащ Къуэшырокъуэ Залымрэ Гергоков Джамбулатрэ. Абыхэм къыхагъэщащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр зэгурыIуэныгъэм, мамырыгъэмрэ пщIэ зэхуащIынымрэ я нагъыщэу зэ­рыщытыр. .
Зэхуэсым Iуэху гуапэкIэ къыпащащ. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу я къалэнхэр ягъэзащIэу ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэрызыгъэхьа зыбжанэм дамыгъэхэр иратащ. КъыхэжаныкIа полицейхэм хуагъэфэщащ ведомствэ медалхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. 
Крючков Вячеслав апхуэдэуи я лэжьакIуэхэу зи чэзу званиехэм нэсахэм ехъуэхъури дама­телъх­эр яритащ. 
КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэр иратащ КъБР-м щыIэ МВД-м и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Пыхъ МуIэедрэ ОВД-м и IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ.
 ХэкупсэIуэхур махуэшхуэ концерткIэ иухащ. 

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: