Я хуитыныгъэхэр гурагъаIуэуУрысей Федерацэм и Къэрал Думэм и IХ зэхуэсыгъуэм и депутатхэр зэрыхахынур 2026 гъэм ди къэралым щекIуэкIыну политикэ Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Хэкум и дэнэ щIыпIи зыщыхуагъэхьэзыр а махуэхэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщауэ щытыным. Ди республикэми щызэфIагъэкI абы теухуа лэжьыгъэ пыухыкIахэр. Зы махуи дэкIыркъым хэхыныгъэхэм ехьэлIа Iуэхухэр КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэми, абы щIыналъэхэм щиIэ участкэхэми къыщыдамыхыу. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми и къалэн нэхъыщхьэу мыбдежым къыщыувырщи, хэхыныгъэхэр хабзэм тету, зым и хуитыныгъэри къызэпамыуду щытын хуейщ. Республикэм щыпсэу псоми Iэмал иIэн хуейщ и Iуэху еплъыкIэр къигъэлъэгъуэну. политикэ парт псоми, абыхэм къабгъэдэкI кандидатхэми зэхуэдэ Iэмалхэр яIэщ зыкъагъэлъэгъуэну, ахэр ятхынымрэ IэIэтым ипэ къихуэу я программэхэм цIыхухэр щыгъуазэ ящIыну, я телъхьэ къащIыну. АбыкIэ шэсыпIэ йохьэ къэрал хабзэхэр. Абы къыдэкIуэу, пщIэ щIамыту телевиденэмрэ радиомкIэ къыщыпсэлъэн, я тхыгъэхэр печатым къытрырагъэдзэн, я программэхэр хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ хэIущIыIу ящIын папщIэ Iэмалхэр къыхузэрагъэпэщ. Хэхыныгъэм теухуа къэрал хабзэм къигъэувхэр зэрагъэзащIэ щIыкIэр къапщытэ хэхакIуэ комиссэхэм хэтхэм, партхэм я лIыкIуэхэм, жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэм. Депутатхэм я мандат 1505-рэ зыхуэфащэхэр къыхахыну къапэщытщ республикэм и муниципальнэ кампанием къриубыдэу. IэIтыр егъэкIуэкIыным къыхузэрагъэпэщащ щIыналъэ хэхакIуэ комиссэу 13, участковэ хэхакIуэ комиссэу 354-рэ, абыхэм къызэщIаубыдэ комиссэхэм хэтщ цIыху 2750-рэ. Псори зэхэту республикэм Iэ щызыIэтынухэм я бжыгъэр мин 550-м щIегъу. Абыхэм ящыщу япэу Iэ зыIэтыну ныбжьыщIэхэр миниблым щIегъу. ХэхыпIэ участкэхэм лэжьыгъэр щызэщIэгъэуIуэным хуэгъэпсащ «Информ УИК» проектыр. Ар сэбэпщ Iэ щаIэтыну махуэхэм ипэ къихуэу цIыхухэм я унагъуэхэм кIуэурэ абы исхэр хэхыныгъэхэм теухуауэ зыщыгъуэзапхъэхэр ягурыгъэIуэнымкIэ. 2026 гъэм и хэхыныгъэ Iуэхухэм къриубыдэу Урысейм и цIыхухэм я деж кIуэнущ къэралым и щIыналъэ 87-м я хэхакIуэ комиссэхэм я лIыкIуэу мин 300-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, апхуэдэ Iуэхухэм шыщхьэуIум и 20-м щыщIадзащ икIи ар фокIадэм и 15 пщIондэ щекIуэкIынущ. Налшык къалэм и щIыналъэ хэхакIуэ комиссэм и унафэщI Нало Николай а Iуэхум теухуауэ жиIам къызэрыхигъэщащи, унэ-унэкIэрэ къэзыкIухьынухэр я пщэрылъхэм щыхурагъаджэ программэр Iыхьэ зыбжанэу зэхэтащ. Абыхэм къызэщIаубыдэрт цIыхухэм зэрепсэлъэну щIыкIэр, хэхакIуэхэр къыщыгъэлъэгъуа спискэхэр къызэрагъэсэбэпынур, здэщыIа унэхэмрэ абыхэм зыщыхуэзахэм, зэпсэлъылIахэм я бжыгъэр къызэрагъэлъагъуэ гуэдзэнхэр къызэрагъэщхьэпэнур, ахэр хэхакIуэ комиссэхэм я лIыкIуэу зэрыщытым щыхьэт техъуэ щыгъынхэмкIэ къызэгъэпэщыныр, комиссэхэм я унафэщIхэм занщIэу зыпащIэфу щытыныр, нэгъуэщI куэд. ЦIыхухэм хьэгъэщагъэ куэд иужьрей зэманым зэрыкIэлъызэрахьэр, япэ къэсым дзыхь зэрыхуамыщIыжыр къалъытэри, здэкIуэхэм шэч къыхуамыщIын папщIэ, хэхыныгъэхэм ятеухуа Iуэхухэр гурагъэIуэн мурадкIэ ирагъэжьахэм фащэ хэхахэр хуащIащ – «ЕДГ-2026» дамыгъэр тедзауэ. Апхуэдэ щыгъынхэр зратахэм ящыщ дэтхэнэ зыми иIэщ хэхакIуэхэм яхуэгъэза тхыгъэхэр, Iэмал имыIэуи яIыгъыпхъэщ езыхэр хэтми къэзыгъэнаIуэ дэфтэрхэр. ЦIыхухэм апхуэдэ щIыкIэкIэ зэрепсэлъылIэм и фIыгъэкIэ хэхакIуэхэр щыгъуазэ мэхъу къэблэгъа IэIэтым теухуа куэдым: ахэр щекIуэкIыну пIалъэм, зезыгъэтха партхэмрэ кандидатхэмрэ цIыхухэр къызэрагъэгугъэм, Iэ щаIэт хъуну щIыпIэр дэнэ деж хуэзэми, хэхыпIэ участкэхэм екIуалIэ щыхъуну зэманым. Мы зэманым ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ унагъуэ мин 40-м щIигъум яхуеблэгъакIэщ «Информ УИК» проектым хэтхэр икIи ахэр зэхэщIыкIыгъуэу яхутепсэлъыхьащ хэхыныгъэхэм ятеухуа хабзэхэм, цIыхухэм я дзыхь зрагъэзынухэр езыхэм къыхахыжыну зэрыхуитым.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
11.09.2026 - 15:25 →
Бзэ куэд зыщIэхэр
11.09.2026 - 15:14 →
Гектар мини 6,7-м щIигъу
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
| ||




