ШколакIуэхэм зыщIагъакъуэКъэбэрдей-Балъкъэрым щыпащэ «ЕджэнымкIэ дэIэпыкъу» Урысейпсо акцэм. Ар хуэунэтIащ щытыкIэ гугъум къихута унагъуэхэм ядэIэпыкъуным, школакIуэхэр Iэмал имыIэу зыхуеину хьэпшыпхэмкIэ къызэгъэпэщыным. Iуэху щхьэпэм хэтщ полицэм и лэжьакIуэхэр, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ район IэнатIэхэм ядэлажьэ Жылагъуэ советхэм ящыщхэр, опекэмрэ попечительствэмкIэ къудамэхэм я лэжьакIуэхэр, апхуэдэуи волонтер жыджэрхэр. Апхуэдэ Iуэхухэр щекIуэкIащ Налшык, Бахъсэн, Прохладнэ районхэм. Акцэм хэтхэр щыIащ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ унагъуэхэм. Сабийхэм IэщIалъхьащ къагъэсэбэпыну хьэпшыпхэр: тетрадхэр, альбомхэр, ручкэхэр, къэрэндащхэр, нэгъуэщIу еджэныгъэм папщIэ зыхуеинухэр. КъинэмыщIауэ, ПДН-м и инспекторхэм псалъэмакъ щхьэпэ драгъэкIуэкIащ адэ-анэхэм. Гулъытэ хэха хуащIащ я къалэн ягъэзэщIэным, сабийхэр гъэсэнымрэ егъэджэнымрэ, апхуэдэуи еджэныгъэр щекIуэкIкIэ шынагъуэншагъэм тетын зэрыхуейм. - Ди къалэныр – ныбжьыщ1эхэр школ кIуэжыгъуэм хуэгъэхьэзырынымкIэ зыщIэдгъэкъуэным и закъуэкъым, атIэ ахэр еджэным тедгъэгушхуэнырщ. ЗэхущытыкIэ тэмэм зэрымылъ унагъуэхэм щыщ сабийхэм ядэIэпыкъуныр абыхэм я къэкIуэнум хуэтщI хэлъхьэныгъэу къыдолъытэ, - къыхагъэщащ къызэгъэпэщакIуэхэм. Адэ-анэхэм полицэм и лэжьакIуэхэмрэ жылагъуэ Iуэхум хэтхэмрэ фIыщIэ хуащIащ я гулъытэмрэ къазэрыдэIэпыкъуамрэ папщIэ.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
11.09.2026 - 15:25 →
Бзэ куэд зыщIэхэр
11.09.2026 - 15:14 →
Гектар мини 6,7-м щIигъу
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
| ||




